ЛIыхъужьыр зи гъуазэ

КъБР-м и Парламентым и депутат, КъБКъУ-м Граждан-хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ и центрым и унафэщI, дзэ Iуэху хэхам и ветеран Шевчук Герман «Зэхуэдэхэм я зэпсэлъэныгъэ» къыхуеджэныгъэм щIэту щIалэгъуалэм яIущIащ. Ар къызэригъэпэщащ «Урысей зэкъуэтым и ЩIалэгъуалэ гвардие» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэу университетым щыIэм.
ЛIыгъэр, къалэныр, хэкупсагъэр зи гъащIэ гъуазэ лIыхъужьыр офицер унагъуэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэм щыщIэдзауэ къыхихауэ жыпIэ хъунущ IэщIагъэ, лэжьыгъэ, къалэн хуэхъуну Iуэхур - Хэкум и хъумакIуэм и гъуэгур. Дзэм къулыкъу щищIа нэужь, зэгурыIуэныгъэм Iэ щIидзри, снайперу Таджикистаным кIуащ Герман. Ауэ, зэрыжиIэмкIэ, зауэм, дзэ Iуэхум и пIалъэр къэщIэнымкIэ гъэунэхуныгъэ хъуар Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхаращ.
Зауэ губгъуэм щитым деж Герман и цIэ лейр «Блэщ». ЛIыхъужьыр СВО-м и япэ махуэхэм щегъэжьауэ мафIэм и гуащIэгъуэ дыдэм хэхуащ. Илъэс 25-м иту ар снайпер гупым я унафэщI хъуащ. Ар къыпхыкIащ Луганск, Лисичанск, Марьинкэ щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм. Краснолиманскэ лъэныкъуэм Герман хахуагъэ хэлъу зыкъыщигъэлъэгъуащ: абы дакъикъэ 40-кIэ и закъуэу щихъумащ гранатометхэмкIэ зэщIэузэда зауэлIищэр къызытеуа, къикIуэтыжын хуей хъуа и ныбжьэгъухэр.
«Си зауэлI ныбжьэгъухэр къысхуемыгъэлынкIэ зэрыхъунум, я унагъуэхэр щIалэ ахъырзэманхэр ямыIэжу къызэрынэнум теухуа си гупсысэхэр щIагъуэтэкъым а дакъикъэхэм, – игу къигъэкIыжащ Герман. – Сыкомандирти, жэуаплыныгъэшхуэ схьырт абыхэм я гъащIэмкIэ. НэгъуэщIу схуэзфIэкIынутэкъым».
Шевчук Герман а зэхэуэм хэкIуэдэным зымащIэщ иIэжар. Ар уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ къагъуэтыжащ абдеж гъунэгъу къыхуэхъуа нэгъуэщI зауэлIхэм. Куэдрэ зэфIигъэувэжын хуей хъуащ и узыншагъэр. И кIэм нэс зыкъимыужьыжа пэтми, Шевчук къулыкъум пэрыхьэжыным хуэпIащIэрт, ауэ дохутырхэм хуит къащIакъым.
Иджы и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, ар гуманитар дэIэпыкъуныгъэхэр яхуишэурэ макIуэ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм икIи щIалэгъуалэм жыджэру ядолажьэ.
- Студентхэм сахуэзэныр, сепсэлъэныр си дежкIэ къарумрэ гукъыдэжымрэ я «къигъэхъуапIэщ», - жеIэ Герман. - Зи гугъу сщIыр абыхэм зэрафIэгъэщIэгъуэныр щыслъагъукIэ, ят упщIэхэр щызэхэсхкIэ къызгуроIуэ си гъащIэм и къекIуэкIыкIамрэ си зэфIэкIымрэ лъагъуэ пэж хашыфынымкIэ сэбэп зэрахуэхъунур. Хэкум ухуэлэжьэныр къалэн къудейуэ щымыту, ар хахуагъэ, цIыхугъэ, пэжыгъэ къыщыбгъэлъэгъуэн хуей IэщIагъэу зэрыщытыр щIалэгъуалэм я деж нэзгъэсыну сыхущIокъу. Дэ тщыщ дэтхэнэри сэбэп щыхъуфынущ мы гъащIэм, ар зауэм, къэхутэныгъэхэм, гъуазджэм е къызэрыгуэкI Iуэхухэм ехьэлIауэ щытми. Мыхьэнэшхуэ иIэщ ди хъуреягъым щекIуэкIыр къытфIэIуэхуу, ди ужь къихъуэнухэм дэ щапхъэ ттрахкIэрэ зэкъуэтыныгъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ яхэлъу къыдэкIуэтеиным».
ЗэIущIэм и кIэухыу Шевчук Герман жэуап иритащ абы жиIэжахэм гупсэхуу едэIуа студентхэм я упщIэхэм.
ЩIалэгъуалэм къыхагъэщащ Герман и быдагъымрэ и гу къабзагъэмрэ зэрагъэщIагъуэр. «Ар зауэм щыкIуа япэ махуэхэм зыхэтам теухуа гукъэкIыжхэмкIэ къыддэгуэша къудейтэкъым, атIэ цIыхугъэр щытыкIэ нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ущихуами хъумэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщащ. Командирым къыщалъхуа хэкум и пащхьэ щихь къалэнымрэ и нэIэ щIэт сэлэтхэм я унагъуэхэм зэрыхуэсакъымрэ, уеблэмэ, гъащIэмрэ ажалымрэ щызэныкъуэкъу щытыкIэм къылъыкъуэкIа хахуагъэм дитхьэкъуащ, - жиIащ щIалэщIэм.
- Япэм сэ лIыхъужьхэр тхылъхэм е фильмхэм фIэкIа хэмыту къысщыхъурт. Ауэ Герман лIыхъужь нэсхэр цIыху къызэрыгуэкIыу зэрыщытым и щапхъэ псэущ. Абы и хъыбарыр цIыхубэм зэхахыу, лIыгъэ къигъэлъагъуэу, и къарур и фIэщ хъужу, и къэралыр фIыуэ илъагъуу зэрыщытым сэбэпынагъ куэд кърикIуэнущ, щапхъи трахынущ. Абы къигъэлъэгъуащ хэкупсагъэм псалъэкIэ мыхъуу, IуэхукIэ щыхьэт зэрытехъуэфыр», – къыхигъэщащ адрей студентым.
Гъэунэхуныгъэ инхэм пхыкIа, лIыхъужьыгъэ зи щIыбагъ къыдэлъ цIыхухэм студентхэр езыхэм я ныбжьэгъу хуэдэу щепсэлъэф апхуэдэ зэIущIэхэм егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ахэр сэбэп мэхъу щIалэгъуалэм гъуазэ яхуэхъун къыхахынымкIэ, граждан къалэнымрэ хэкупсагъэмрэ зыхащIэу егъэсэнымкIэ. 

 

ДАРИЙ Дахэнур.
Поделиться: