Ди лIыкIуэхэр яхэту![]() «Gulfood» фIэщыгъэр зэрихьэу Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я къалащхьэ Дубай щекIуэкIащ ерыскъыхэкIхэмрэ псыхэкIхэмкIэ я дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Аква-Кристалл» IуэхущIапIэр. «Урысейм щащIащ» лъэпкъ брендым щIэту ди къэралым абы щигъэува экспозицэр къызэIуихащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ.
Урысей экспорт центрым, УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ «Агроэкспорт» IуэхущIапIэмрэ къыдэIэпыкъуу, мы гъэм а гъэлъэгъуэныгъэм иригъэблэгъа ди лIыкIуэхэм я бжыгъэм фIыуэ хэхъуащ. 2025 гъэм ди къэралым и IуэхущIапIэ зэхуэмыдэу 115-рэ абы щыIащ, иджы ахэр 140-рэ хъуащ.
«Аква-Кристалл» IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр 2011 гъэм иригъэжьащ, сату Iуэхухэми продукцэхэр къыщIэгъэкIынми хуэIэижь хъуащ: газ зыхэт, зыхэмыт нарзаныпсхэр, псыIэфIхэр ирегъахъуэ абджыпсхэми ПЭТ птулъкIэхэми. УФ-м и адрей щIыналъэхэм нэмыщI, хамэ къэрал гъунэгъухэми жыжьэхэми зэхэту I0-м нэблагъэм и продукцэхэр ирегъашэ.
КъыщIигъэкIхэм фIагъ лъагэ яIэщ, псы къигъэсэбэпыр метр 230-рэ щIигъум къыщыщIаш икIи ар зэрагъэкъабзэ Iэмалхэри иIэжщ. ПсыIэфIхэм я зэхэлъыкIэр езым зэхегъэувэж, адрейхэм ейм къащхьэщокI, я IэфIыгъкIи зыми яхыумыгъэгъуэщэну апхуэдэщ.
Гъэлъэгъуэныгъэхэм къадэкIуэу, УФ-м и компаниехэм хамэ къэралхэм я щэхуакIуэхэм зэпсэлъэныгъэхэр драгъэкIуэкIащ, зэгурыIуэныгъэхэри иращIылIащ. Абыхэм яхэтащ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Сауд Хьэрыпым, Кувейтым, Индием, Мысырым, Оманым, нэгъуэщIхэми я лIыкIуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
11.03.2026 - 14:13 →
Сэбэпымрэ зэранымрэ я пщалъэр
11.03.2026 - 12:26 →
Зэпеуэр ирагъажьэ
11.03.2026 - 11:07 →
Мыгъэрей къалэнхэм трагъащIэу
10.03.2026 - 16:03 →
ШэщIауэ зызыужь IэнатIэ
10.03.2026 - 16:00 →
Къуалэбзухэр
| ||





