Дызэмыщхьми - дызэгъусэщБахъсэн щIыналъэм и Кыщпэк къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм гуфIэгъуэ зэхыхьэ щекIуэкIащ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсыр зэрикIамрэ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу мы гъэр зэрагъэувамрэ гъэлъэпIэным хуэгъэпсауэ.
Абы хэтащ Бахъсэн район администрацэм и унафэщI Абрэдж Iэдиб, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, къуажэ администрацэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэхъыжьыфIхэмрэ щIалэгъуалэхэмрэ, нэгъуэщIхэри.
Хэкум и хъумакIуэм и илъэсыр ягъэлъапIэу нэгъабэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм ятеухуауэ видеокIэ траха сурэтхэр къызэхуэсахэм ирагъэлъэгъуащ. Гулъытэ хэха абы щыхуащIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъуам икIи зэрадэIэпыкъум, хьэпшып, техникэ, щыгъын, ерыскъы, н.къ. зэрызэхуахьэсам, зэрыхурагъэшам, зэпэщIэтыныгъэм хэкIуэдахэм мыкIуэдыжын фэеплъхэр зэрыхуагъэувам ехьэлIа Iуэхугъуэхэм.
Бахъсэн районым 2026 гъэм къыпэщылъ къалэнхэм щытепсэлъыхьым Абрэдж Iэдиб къыхигъэщащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу мы гъэм ягъэувар къызэрызэIуахар, жиIащ, лъэпкъ 30-м щIигъум щIыналъэр унэ быдэ зэрахуэхъуар.
«Ди зэкъуэтыныгъэр – ар тхыдэ къызэрыгуэкI къудейкъым, атIэ, ди зыхъумэжыныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ я щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэщ. Дэ псори дызэщхькъым, ауэ дызэгъусэщ, ди къарури зыхэлъыр аращ», - жиIащ Абрэджым.
ГуфIэгъуэ пшыхьыр ягъэдэхащ «Атлетикэ» спорт клубым и гъэсэнхэм, «Вагъуэбэ» уэрэджыIакIуэ гупым, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Зеущэ Iэуес, Жыгун Эдуард, ШыкIэбахъуэ Ислъам, Тебердиевэ Зухра, ХьэцIыкIу Сэлим, Щокъуий Мурат, Еваз Азэмэт сымэ.
ЗэIущIэм къыщыхэщащ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр, зэныбжьэгъугъэр Бахъсэн районым сыт щыгъуи зэрыщытепщэр.
Зэкъуэшхэм хуэдэу
Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр Тэрч щIыналъэм гуфIэгъуэ зэхыхьэкIэ къыщызэIуахащ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр – цIыхубэ зэгурыIуэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ гъэбыдэнырщ, жиIащ Тэрч район администрацэм и унафэщI Хъущт Аслъэнбий икIи къыхигъэщащ зэкъуэшхэм хуэдэу зэдаIуэрэ зэгурыIуэу лъэпкъ 20-м щIигъу районым нобэ зэрыщыпсэур.
ЗэIущIэр щекIуэкIащ щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм икIи абы щагъэлъэгъуащ лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIэхэр къызыхэщ теплъэгъуэхэр, урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, нэгъуэщIхэмкIи уэрдэхэр щыжаIащ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ «Терчанка» лъэпкъ ансамблым, Май районым и Александровскэ къуажэм и «Станица» къэзакъ уэрэджыIакIуэ гупым, Новая Балкарие къуажэм и уэрэджыIакIуэхэм, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэуи, а пщыхьэщхьэм къыщеджащ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, зэныбжьэгъугъэм, Хэкум теухуа усэ куэдым.
Махуэри илъэсри зэтрагъахуэ
Дзэлыкъуэкъуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм гуфIэгъуэ пшыхь щекIуэкIащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и илъэсымрэ Дзэлыкъуэ районым и махуэмрэ гъэлъэпIэным теухуауэ.
Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Джатэ Руслан, ТекIушэ Артур, Текуев Iэмырбий, Байдаев Сэлихь, щIыналъэ администрацэм и унафэщI къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Дэхъушокъуэ Исмэхьил сымэ, къуажэ администрацэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, хьэрычэтыщIэхэр, нэхъыжьыфIхэмрэ щIалэгъуалэмрэ, нэгъуэщIхэри.
Дзэлыкъуэ районым щыпсэухэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Дэхъушокъуэ Исмэхьил икIи ехъуэхъуащ щIыналъэм и махуэмкIэ, Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэрызэIуахамкIэ.
«Ди къалэн нэхъыщхьэр – ди хабзэмрэ тхыдэмрэ тхъумэжу ди ехъулIэныгъэхэм хэдгъэхъуэнырщ, ди гуащIэр дыщалъхуа лъахэм етхьэлIэнырщ. Шэч къытесхьэркъым, дызэгъусэмэ, зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр зэрытхуэгъэзэщIэнум, къытщIэхъуэ щIэблэм я къэкIуэнур дахэ зэрытхуэщIынум», - жиIащ абы.
Апхуэдэуи, къызэхуэсахэм гуапэу захуигъэзащ Джатэ Руслан икIи жиIащ Дзэлыкъуэ районыр тхыдэмкIэ, лэжьыгъэмкIэ, лIыхъужьхэмкIэ зэрыгушхуэн куэду зэриIэр, къыхуриджащ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ ягъэбыдэну, я IуэхущIафэ дахэхэмкIэ щIыналъэр яIэтыну.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу «Дзэлыкъуэ районым и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ районым и цIыху пажэхэм.
ГуфIэгъуэ пшыхьыр ягъэдэхащ щIыпIэ къэфакIуэ гупхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ.
Пщыхьэщхьэр зэхуащIыжу, УФ-м и гимныр кърагъэуащ.
ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу
«Зэкъуэтыныгъэ, лIыхъужьыгъэ, хабзэ» фIэщыгъэм щIэту Нарткъалэ къалэм ЩанхабзэмкIэ и унэм къыщызэIуахащ УФ-м и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр.
Пшыхьым кърихьэлIахэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ Аруан районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и тхьэмадэм и къуэдзэ КъарэцIыкIу Мухьэмэдрэ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Мер Рустамрэ. Абыхэм къыхагъэщащ лъэпкъ зэкъуэтынэгъэр дунейпсо зэгурыIуэныгъэм лъабжьэ зэрыхуэхъур, зэгурыIуэ-зэдэIуэжым нэхъыфI зэрыщымыIэр.
Нарткъалэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм и творчествэ гупхэм я къафэхэмрэ уэрэдхэмкIэ пшыхьыр ягъэдэхащ.
Зэкъуэтыныгъэм и лъабжьэр
«ЛIыхъужь щIыхьым щегъэжьауэ Урысейм и зэкъуэтыныгъэм ухуэзышэ» фIэщыгъэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ гуфIэгъуэ пшыхь. Ар теухуат Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым.
ЩэнхабзэмкIэ унэм и пырхъуэм щагъэлъэгъуащ ГъуазджэмкIэ сабий еджапIэм и гъэсэн цIыкIухэм я IэрыкIхэр. Абыхэм къыхэщырт лъэпкъыбэ щIыналъэм щыпсэухэм я щыIэкIэ-псэукIэхэр, хабзэхэмрэ тхыдэхэмрэ.
ЗэIущIэм хэтащ Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, жэрдэмщIакIуэхэр, нэхъыжьыфIхэмрэ щIалэгъуалэмрэ.
Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ къалэ администрацэм и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу Зеущэ Хьэмид икIи къыхигъэщащ тхыдэр хъумэнымкIэ, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм къару лъэщ къызэрыбгъэдэкIыр.
ГуфIэгъуэ пшыхьыр къызэIуахащ УФ-м и гимнымкIэ. Ар ягъэзэщIащ Сабий творчествэмкIэ центрым и «Вагъуэбэ» уэрэджыIакIуэ гупым. Апхуэдэуи, пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ Зеущэ Iэуес, «Модис» эстрадэ-акробатикэ, «ДжэгуакIуэ», «Бахъсэн ауз», «Хабзэ», «Ридадэ» гупхэм, Щокъуий Мурат, Хъурсинэхэ Анзоррэ Замиррэ сымэ.
Поделиться:
Читать также:
11.03.2026 - 14:13 →
Сэбэпымрэ зэранымрэ я пщалъэр
11.03.2026 - 12:26 →
Зэпеуэр ирагъажьэ
11.03.2026 - 11:07 →
Мыгъэрей къалэнхэм трагъащIэу
10.03.2026 - 16:03 →
ШэщIауэ зызыужь IэнатIэ
10.03.2026 - 16:00 →
Къуалэбзухэр
| ||




