ПэхуэщIэм ифIхэр

«Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм 2025 гъэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр псы къабзэкIэ къызэзыгъэпэщ и IэнатIэхэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр ягъуэтащ. 

ЖыпIэнурамэ, япэ илъэсым къриубыдэу ди республикэм и къалэ, къуажэ щIыпIэу 15-м лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэ­кIащ: псы къабзэкIэ цIыхухэр къызэгъэпэщыным хуэунэтIа Iуэхугъуэхэм хыхьэу, псори зэхэту километр 83,7-рэ зи кIы-хьагъ бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэжащ е зэрахъуэкIащ. 
Мы гъэм апхуэдэ лэжьыгъэхэр щызэхаублэнущ икIи псы къыщIэшыпIэщIэхэр е зэбгрытыкIыпIэщIэхэр щаухуэнущ Бахъ­сэн, Налшык, Прохладнэ къалэхэм. Хьэбэз, Шэджэм ­ЕтIуанэ, Прималкинскэ, Инарыкъуей, Акъбащ Ипщэ, Мэрзэхъу, Бедык къуажэхэм къыщрахьэжьа лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсынущ.
 Абыхэм нэмыщI, Налшык, Прохладнэ къалэхэм, Куба, Каменномост, Шэджэм ЕтIуанэ къуажэхэм псы къабзэ зэрыкIуэ бжьамийхэр иджыри щаукъуэдиинущ, псори зэхэту километр 35,2-м нэблагъэ я кIыхьагъыу.

КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.
Поделиться:

Читать также: