ЗэпыщIэныгъэхэр нэхъри ягъэбыдэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек пщэрылъ зэращищIам ипкъ иткIэ, Белгород областым щыIащ республикэм щыщ творческэ гупышхуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр ­Къумахуэ Мухьэдин я пашэу.

Республикэм и лIыкIуэхэр хэтащ Урысейм и лъэпкъхэм я илъэсыр Iэтауэ къызэIухыным теухуауэ Белгород къалэм ще­кIуэкIа гуфIэгъуэ пшыхьым. Зэхыхьэр ягъэдахэу утыкум итащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблыр, «Балкария» IуэрыIуатэ-этнографие къэфакIуэ ансамблыр. Ди артистхэм щIыналъэм и нэгъуэщI щIыпIэхэми зыкъыщагъэлъэгъуэну я мурадщ.
Творческэ гупхэр ди къуэш щIыналъэм зэрыкIуар хуэщхьэпэнущ ди щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэмрэ лъэпкъхэм яку дэлъ зэ-ныбжьэгъугъэмрэ нэхъри гъэбыдэным.
Фигу къэдгъэкIыжынщ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Белгород областымрэ илъэс куэд щIауэ зэныбжьэгъугъэ зэхущытыкIэхэр зэраIэр, абыхэм ящыщщ а щIыналъэм щыпсэу сабийхэм я узын­шагъэр республикэм и санаторэхэм щрагъэфIэкIуэну Iэмал зэраIэр.

Поделиться:

Читать также: