Я щытыкIэм уигъэгужьеижкъымСтаврополь крайм къыщыхъуа автомобиль зэжьэхэуэм хэхуа, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщIэхэм я щытыкIэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и нэIэ щIэтщ. Ди республикэм икIыу «Ставрополь - Александровское - Минеральные Воды» гъуэгум тет микроавтобусыр машинэ зэжьэхэуэм хэхуащ. Абы исахэм ящыщу шоферымрэ балигъыпIэ нэмыса ныбжьыщIитхумрэ фэбжь ягъуэтри, ахэр Минеральные Воды къалэм дэт сымаджэщым яшащ. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, абыхэм я щытыкIэм узыгъэгужьеин хэлъкъым. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэр япыщIащ Ставрополь щIыналъэм щыщ я лэжьэгъухэм. Ахэр зэчэнджэщурэ Iуэхур ягъэтэрэз.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




