ЩIыналъэм и зэфIэкIыр

Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Хъущт Аслъэнбэч 2025 гъэм щIыналъэм щахузэфIэкIар къызэщIикъуэжащ.

Псом япэу къызэрыщIидзар я цIыху бжыгъэмрэ балигъхэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъумрэщ. Сыт хуэдэ атIэ а бжыгъэхэр?

2026 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу, районым щыпсэум я бжыгъэр 53 597-рэ хъуащ. Лэжьэфыну ныбжьым итщ абыхэм я процент 59,9-р. ЦIыхухэр IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэм лэжьапIэншэу 352-рэ щатхащ, цIыхуи 154-м IэнатIэ къыхуагъуэтащ. Районым IуэхущIапIэ 475-рэ иIэщ, абыхэм  цIыху мини 3,8-м щIигъу щолажьэ, хьэрычэтыщIэу 1472-рэ, зи щхьэ хуэлэжьэжу цIыху 2050-рэ исщ.

Хъущтым къызэрыхигъэщамкIэ, районым и хэхъуэр 2025 гъэм сом мелард 1-рэ мелуан 738,6-рэ хъуащ - ягъэбелджылам и проценти 108,7-рэ. Налогымрэ нэгъуэщI хэхъуэхэмрэ зытращIыхьам щIигъуащ икIи сом мелуан 526,3-м нэсащ. Зэрыхабзэу, районым и бюджетым и процент 71-м щIигъур хуаунэтIащ егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт, щIалэгъуалэ IуэхущIапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным.

ЗэрытщIэщи, мэкъумэшу къилэжьымкIэ Тэрч районыр республикэм щыпашэхэм ящыщщ. А IэнатIэм нэгъабэ къитащ сом мелард 17-рэ мелуан 45-рэ (проценти 103,2-рэ). Районым гъавэ тонн мин 208,9-рэ къыщрахьэлIэжащ, хадэхэкIыу - тонн мин 25,8-рэ, кIэртIофу - тонн мин 22,1-рэ.

ЖыггъэкIхэми ехъулIэныгъэхэр яIащ: пхъэщхьэмыщхьэ-мэракIуэхэкIыу тонн мин 81,3-рэ къаIэрыхьащ (илъэс ипэкIэ елъытауэ проценти 9,4-кIэ нэхъыбэщ). Iэщ, джэдкъаз гъэхъуным къыпэкIуащ лыуэ тонн мин 13,9-рэ, шэуэ - тонн мин 56,9-рэ, джэдыкIэу - мелуан 16,5-рэ. Къэралым мэкъумэшым елэжьхэм защIигъэкъуащ сом мелуани 175,1-кIэ. Губгъуэм къыщагъэсэбэп техникэм къыхащэхуэным, илъэс куэдкIэ къэкI жыгхэр хасэным, псыщIэгъэлъадэм, унагъуэ фермэхэм зегъэужьыным теухуауэ щIыналъэм лэжьыгъэфI щекIуэкIащ.

ЩIыналъэ унафэщIыр кIэщIу тепсэлъыхьащ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ яхузэфIэкIам щыщ гуэрхэми. Псалъэм папщIэ, «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» федеральнэ Iуэхум хыхьэу, Терекскэ къуажэм псы зрикIуэ бжьамийхэр щызэрагъэпэщыжащ километр 21,6-рэ и кIыхьагъыу - сом мелуан 65,9-рэ текIуэдащ абы. «Къалэ тынш къызэгъэпэщын» программэмкIэ нэгъабэ жылагъуэ щIыпIэу тIу зэIузэпэщ щащIащ район центрымрэ Новая Балкария къуажэмрэ. КъищынэмыщIауэ, фэтэр куэду зэхэт унитIым я унащхьэхэр зэрахъуэкIащ (Тэрч къалэмрэ Ново-Хьэмидие къуажэмрэ). Ар зэфIэгъэкIыным хухахащ сом мелуан 20-м щIигъу.

Гъуэгухэми елэжьащ. ЩIыналъэ гъуэгу фондым щыщ ахъшэкIэ зыхуей хуагъэзащ Тэрч къалэм и Къэбэрдей, Гоголымрэ Кировымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр. «ГъащIэм тещIыхьа инфраструктурэ» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ Дей къуажэм ЩауэцIыкIум и цIэр зезыхьэ и уэрамыр («Дей - Акъбащ Ипщэ - Терекскэ» щIыналъэ гъуэгум щыщ Iыхьэри хэту). КъинэмыщIауэ, Дей - Курп Ищхъэрэ - Осетие Ищхъэрэ-Алание гъуэгум елэжьащ, Курп Ипщэ, Ищхъэрэ къуажэхэм я екIуэлIапIэхэр и гъусэу. Псори зэхэту 2025 гъэм Тэрч районым гъуэгу километр I6 щызэрагъэпэщыжащ.

Илъэсым мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу яхузэфIэкIам щыщ хъуащ Тэрч къалэм и хьэблэщIэм цIыху 800 зыщIэхуэну еджапIэщIэ къызэрыщызэIуахар. «Иджырей еджапIэ» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ яухуа школым лэжьэн щIидзащ 2025 гъэм фокIадэм и 1-м. Хъущтым къыхигъэщащ IуэхущIапIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызыхуэтыншэу къызэрызэгъэпэщар, шынагъуэншагъэм къигъэув псоми къызэрезэгъыр. Сабийхэм Iэмал яIэщ художественнэ, физкультурэ-спорт, турист-лъахэхутэ IуэхухэмкIэ заужьыну. Районым гулъытэ хэха щыхуащI сабий зиIэ унагъуэхэм защIэгъэкъуэным. Бынунагъуэшхуэхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм, зи закъуэу бын зыпI анэхэм, зеиншэхэм, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я сабий 321-м гъэсапIэхэм щIат уасэмкIэ хуэгъэкIуатэ яIэщ - процент 50-м къыщыщIэдзауэ 100-м нэсу. Сабийхэм я шынагъуэншагъэри япэ ирагъэщ Iуэхущ - 2025 гъэм гъэм абы трагъэкIуэдащ сом мин 800.

Узыншагъэр хъумэным теухуауэ зэфIаха лэжьыгъэм щыщщ Дей къуажэм амбулаторэ зэрыщаухуар, Тэрч къалэм дэт сабий поликлиникэмрэ Урожайнэ къуажэм и амбулаторэмрэ зэрыщызэрагъэпэщыжар. Спорт ухуэныгъэхэми къахохъуэ. Районым щолажьэ спорт еджапIиплI, «Тэрч Олимп» спорткомплексыр, Гагарин Юрий и цIэр зезыхьэ стадионыр. Плановскэ къуажэм дэтщ физическэ щэнхабзэмрэ узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ IуэхущIапIэр. Спортым зыхуэзыгъасэхэр цIыху миным щIегъу, абыхэм ядолажьэ тренер-егъэджакIуэ 55-рэ. 2025 гъэм унэщIэм Iэпхъуа художественнэ гимнастикэмкIэ «Грация» центрым зыщызыгъасэ ныбжьыщIи 139-м щыщу 8-м Урысейм спортымкIэ и мастер цIэр къыфIащащ.

ЯхузэфIэкIари хъарзынэщ, ауэ мы гъэми ягъэзэщIэну къапэщылъри мащIэкъым: фэтэр куэду зэхэт униблрэ Курп насос станцымрэ зэрагъэпэщыжыну я мурадщ. Тэрч къалэмрэ Плановскэ къуажэмрэ я жыг хадэ зыгъэпсэхупIэхэр зэIузэпэщ ящIынущ. Гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэнми пащэнущ.

2026 гъэм гъэм курыт еджапIэу щы зыхуей хуагъэзэнущ (Новая Балкария, Тамбовскэ къуажэхэм я школхэмрэ Тэрч къалэм дэт школ №4-мрэ). «Унагъуэ» лъэпкъ Iуэхум хиубыдэу зэрагъэпэщыжынущ Тэрч къалэм дэт курыт школ №3-м епха сабий гъэсапIэр.

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:

Читать также: