Хамэ щIыпIэхэм нэIусырт и макъырБзылъхугъэхэм я махуэм къытедгъэзэжу зи гугъу тщIыну АфIэунэ Рае и цIэр республикэ радиом епхащ, къыгуэхыпIэншэу. Зи IэщIагъэм гукIи псэкIи бгъэдэта Рае и макъыр куэдым я псэм пэгъунэгъу хъуат. Псом хуэдмыдэжу ар лъапIэт хамэ щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я дежкIэ. И анэдэлъхубзэ дахэр псынэпс ешкIурэхым, адыгэ пшынэм, адыгэш зэдэжэм, жьэгум щыпIэнкI мафIэ дэпым я макъыу къафIэщIырт Хэкум и джэ макъыр зи гупсысэм хэт адыгэхэм. Ахэр Хэкум къыхуэхъуапсэрт, Рае радиом щигъэIу макъым я лъэпкъ гурыгъузхэр игъэудэIужырт. … АфIэунэ Рае «СССР-м и телевиденэмрэ радиомрэ и отличникщ», РСФСР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ Куба къуажэм къыщалъхуащ. Рае щеджащ Налшык школ-интернатым. А интернатыр къаухащ иужькIэ щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм зезыгъэужьа цIыху щэджащэ куэдым. Абы школ-интернатыр къиухщ, МГУ-м журналистикэмрэ филологиемкIэ и къудамэм щIэтIысхьэри, ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ. 1960 гъэм телевиденэм сабий нэтынхэр щигъэхьэзыру къыщIидзащ и лэжьыгъэм. ИлъэсиплI дэкIри, редактор нэхъыщхьэ ящIащ, адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ ягъэхьэзыр радио нэтын псори и нэIэ щIэту. I969 гъэм япэу цIыхухэм зэхахащ Рае адыгэбзэкIэ игъэхьэзыра «Iэдииху» радиожурнал нэтыныр. «Iэдиихур» теухуат адыгэ унагъуэм илъ хабзэхэм, бзылъхугъэ хьэл-щэнхэм. Нэтыныр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуати, ахэр радиом тхэрт, псалъэрт, хъуахъуэрт. Зэман дэкIри, «Iэдиихум» «Жьэгупащхьэ» фIащыжащ – Iуэхугъуэ нэхъыбэ къызэщIрагъэубыдэн папщIэ. 1990 гъэм «Iэдииху» фIэщыгъэр Рае иритыжащ езым къызэригъэпэща бзылъхугъэ Хасэм. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Хасэр бзылъхугъэ IуэхущIафэхэм тегъэпсыхьат. АфIэунэ Рае ядэлэжьащ союзпсо радиом и нэтынхэу «Юность», «Земля и люди», «Пионерская зорька» жыхуиIэхэр зыгъэхьэзырхэм. 1990 гъэм щегъэжьауэ радиом хабзэ дахэ иIэ хъуащ Рае и фIыгъэкIэ. Тхьэмахуэ махуэм, сыхьэтыр 21:30-м, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм папщIэ адыгэбзэкIэ къэпсалъэрт ар. Сирием, Иорданием, Тыркум, Мысырым, Австралием къикI тхыгъэхэр кърагъэхьырт Хэкум къыщIэгупсыс ди лъэпкъэгъухэм. ИпэжыпIэкIи, Хэкум иIукI адыгэбзэ къабзэр абыхэм зыхащIат фIыгъуэшхуэу, нэплъэжыгъуэ гуэр ягъуэта хуэдэу.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2026 - 12:26 →
Тхьэмадэм и щIыхькIэ
18.04.2026 - 11:18 →
Лэжьыгъэшхуэхэм пащэ
17.04.2026 - 16:22 →
Псапэщ икIи гуапэщ
17.04.2026 - 13:09 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 11:08 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||





