Я нэгу щIэкIа гукъэкIыжхэр![]() КъБР-м и Парламентым и депутат, КъБКъУ-м щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ и центрым и унафэщI, дзэ Iуэху хэхам и ветеран Шевчук Герман ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэм яIущIащ. Ар къызэрагъэпэщащ «Я Горжусь. Герои» Iуэхур зэрагъэзащIэм хыхьэу. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Рахаев Анатолэ зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, зэIущIэм ирагъэблэгъа Шевчук Герман псалъэ иритащ. Ар студентхэм яхутепсэлъыхьащ и дзэ къулыкъум теухуа и гукъэкIыжхэм щыщхэмкIэ. Абы и псалъэм къыхигъэщащ зэман гугъу е щытыкIэ шынагъуэ ущихуэкIэ узэкъуэтыным, хуэныкъуэм удэIэпыкъуным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. ПсэзэпылъхьэпIэ щитам къулыкъу зыдищIа и ныбжьэгъухэм я гугъуи яхуищIащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





