КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм щыпсэухэм зэрызахуигъазэр
ПщIэ зыхуэсщI си лъахэгъухэ!
Илъэс 82-рэ дэкIащ а гузэвэгъуэшхуэр къызэрыхъурэ - 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м балъкъэр лъэп-къыр залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкъуэншащ икIи Курыт Азиемрэ Къэзахъстанымрэ егъэзыгъэкIэ ягъэIэпхъуащ.
Сыт хуэдиз зэман дэкIами, а гуауэшхуэр дигухэм ихужыркъым. Залымыгъэмрэ хабзэншагъэмрэ я зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъыр дэ сакъыу дохъумэ, хамэ щIыпIэхэм зи Iыхьлыхэр, гъунэгъухэр щызыфIэкIуэда дэтхэнэ зы унагъуэми дыхуогузавэ.
Гугъуехьхэмрэ зыIууа щыщIэныгъэхэмрэ къызэфIагъэщIакъым балъкъэр цIыхубэр. ШыIэныгъэрэ хахуагъэрэ зэрахэлъыр, я Iущыгъэмрэ лэжьыгъэр фIыуэ зэралъагъумрэ абыхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ гуауэм иримыщIыкIынымкIэ, уеблэмэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ я псэкупсэ лъапIэныгъэхэр, бзэр, щэнхабзэр, къадекIуэкI хабзэхэр, фIым хуэплъэу зэрыщытыр яхъумэжынымкIэ, ди зэхуэдэ адэжь лъапсэм къагъэзэжынымкIэ.
Лъэпкъ куэдым къахэкIахэр зэкъуэту щызэдэпсэу Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм яхэту абыхэм нобэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI республикэмрэ къэралымрэ я экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэм, цIыхубэм я зэIузэпэщагъымрэ адэкIи нэхъри ефIэкIуэнымрэ.
Си фIэщ мэхъу, ди зэкъуэтыныгъэр, зызэщIэдгъакъуэу дыкъызэрызэдекIуэкIыр нэхъри дгъэбыдэкIэрэ, дэ сыт хуэдэ гугъуехьри къызэрызэднэкIыфынур, ди Къэбэр- дей-Балъкъэрымрэ Хэкумрэ я къэкIуэнур нэхъри дахэ хъуным хуэгъэзауэ зыхуэдгъэувыжа мурадхэм дазэрылъэIэсынур.