Зэпеуэр ирагъажьэДи къэралым щрагъэжьащ «ЛIыхъужьхэм я фэеплъым дыхуэпэжщ!» урысейпсо зэпеуэр. И мурад нэхъыщхьэр дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэмрэ абы щызэрахьа хахуагъэхэмрэ я фэеплъыр хъумэнырщ. Хэтыну жэрдэм зиIэхэм я тхылъхэр къеIыхын щIадзакIэщ, ар мэкъуауэгъуэм и 30 пщIондэ екIуэкIынущ. Гукъыдэж зиIэ псори зэпеуэм унэтIыныгъи 10-кIэ хэт хъунущ: - эссе «Сыхуэсакъыу си гум щызохъумэ» темэм теухуауэ; - рассказ; - эпистолярнэ жанр «ЛIыхъужьым деж письмо»; - усэ; - уэрэд; - сурэт теха; - сурэт щIа; - рассказ «ХахуагъэкIэ зэрыубыда зэкъуэшхэр» темэм теухуауэ; - видео-лэжьыгъэ «БлэкIа зэманым и лIыхъужьхэмрэ нобэрейхэмрэ» темэм теухуауэ; - графикэ лэжьыгъэ (комиксхэр, социальнэ плакатхэр, карикатурэхэр). «ЛIыхъужьхэм я фэеплъым дыхуэпэжщ!» еплIанэ урысейпсо зэпеуэм кърикIуахэр фокIадэм къапщытэжынущ. Илъэсым и кIэм зэхашэнущ текIуахэр щагъэлъэпIэну пшыхьыр. Зэпеуэм хэтхэм я лэжьыгъэр гупиплIу зэщхьэщыхауэ къалъытэнущ: илъэси 7 - 13, илъэс 14 - 17, илъэс 18 - 35-рэ, илъэс 36-рэ зи ныбжьхэмрэ нэхъыжьхэмрэ. 2023, 2024 гъэхэм ирагъэкIуэкIа творческэ зэхьэзэхуэм щытекIуахэм я лэжьыгъэхэр зэрыт электроннэ тхылъхэр къыдэкIащ, 2025 гъэм текIуахэм я тхылъыр ягъэхьэзыр. ФIыщIэ мыухыжым и хэщIапIэ Тырныауз къалэм дэт гимназие №5-м щекIуэкIащ граждан, псэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ. Абы къыщызэIуахащ «ЛIыхъужьхэм я блын» фэеплъ стендыр. ЕгъэджакIуэхэм я къарумрэ жылагъуэм я дэIэпыкъуныгъэмрэ зэхалъхьэри, школым щагъэзэщIащ иджыпсту ныбжьыщIэхэр зыщIапIыкI а проектыр. Ар IуплъапIэ щхьэпэ къудей мыхъуу, «тхыдэм и тхылъ псэу» хуэдэ хъуащ. Мывэмрэ гъущIымрэ къыхэIущIыкIа «напэкIуэцIхэм» Хэкум и пащхьэм зи зауэлI къалэныр щIыхь пылъу щызыгъэзэщIахэм я цIэхэмрэ я къекIуэкIыкIамрэ итщ. Дауэдапщэм къалэдэсхэм я щIэблэ куэд хэтащ. ХьэщIэу къахуеблэгъат зауэм и ветеранхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм и социальнэ координаторхэр, зи цIэхэр иджы дыщэу мемориалым къыщыблэ лIыхъужьхэм я Iыхьлыхэр. Абыхэм я дежкIэ а стендыр жылагъуэ жэрдэм къудейкъым, атIэ унагъуэм я тхыдэу щIэблэм я гъуазэ хъу плIанэпэщ. Къызэхуэсахэм я гум дыхьэу къэпсэлъащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэр. Абыхэм жаIащ екIуэкI Iуэхур къазэрыщыхъур: - Мы блыныр фэеплъуракъым си дежкIэ, атIэ димыгъусэжхэм дазэрыпыщIа, иджыри дазэрепсалъэ Iэмалу къысщохъу. Мыбдеж тет цIэ къэс фэркIэ хъыбар щхьэхуэщ, дерс купщIафIэщ, зауэлIым къыфхуигъэна унафэ ткIийщ, псори зэгъусэу дригъуэзэн хуейуэ. Мыхэр фигу илъын хуейщ, фыщыпсэу мамыр гъащIэр зэрылъапIэр нэсу къывгурыIуэн папщIэ, абыхэм зэрахьа лIыгъэм хуэфащэу фыщытын щхьэкIэ», - жиIащ щIалэхэм языхэзым. Къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ хэкIуэда лIыхъужьхэм, зи фэеплъыр мыкIуэдыжын хъуахэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми гурэ псэкIэ фIыщIэ мыухыж хуищIырт хэкум и хуитыныгъэм, мамырыгъэм папщIэ зи щхьэр зыгъэтIылъахэм. Къызэхуэсахэм удз Iэрамэхэр тралъхьащ гимназием и щIыпIэ хэхауэ дяпэкIэ щытыну фэеплъым. «ЛIыхъужьхэм я блыныр» фэеплъым нэхърэ нэхъыбэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абдеж щрагъэкIуэкIынущ хэкупсэ дерсхэр, школакIуэхэм я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм я щIэдзапIэу, гупсысэ щэхум и «тIысыпIэу», фIыщIэ мыухыжым и хэщIапIэу щытынущ. А блыным блэкIамрэ къэкIуэнумрэ наIуэу зэрепх, «лIыгъэ» псалъэм и купщIэр цIэ-унэцIэкIэ къигъэлъагъуэу. ЗэIущIэхэм я мыхьэнэр Налшык къалэ дэт «Лэгъупыкъу» санаторэм щыIэ зыгъэпсэхуакIуэ ныбжьыщIэхэм куэдрэ ягу къинэжыну Iуэхугъуэ дахэ екIуэкIащ. НыбжьыщIэхэм къахуеблэгъар лектор къудейтэкъым, атIэ зэпэщIэувэныгъэм и гуащIэр зи нэкIэ зылъэгъуа цIыхут - зауэм и ветеран, дзэ Iуэху хэхам хэт, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм и социальнэ координатор ПщыхьэщIэ Ахьмэдт. Ахьмэд сабийхэм езым и ныбжьым итхэм зэрадэуэршэрым хуэдэу епсэлъащ, дзэ къалэным, лIыгъэм, Хэкур зищIысым, ар хъумэным иIэ мыхьэнэм яхутепсэлъыхьащ. Апхуэдэуи цIыкIухэм я упщIэхэм жэуап яритащ. ЩIалэщIэхэм Ахьмэд упщIэхэр тракIутащ, дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэ гугъухэр зэхагъэкIыну я нэр къикIыу. Абыхэм я акъылхэр апхуэдизу жану мэлажьэри, жэуап къызэрыгуэкIхэмкIэ арэзы хъуртэкъым, псори зэрыщыт дыдэм хуэдэу ящIэну хуейт. Ахьмэд зэрыжиIамкIэ, зыри къызыфIэмыIуэху щIэблэ къызэрымыхъум дыщыгуфIыкIын хуейщ, ахэр хуэхьэзырщ Урысейм и къэкIуэнур яухуэну, иджыкIэ къэралым и пащхьэ щахь жэуаплыныгъэр захегъэщIэн, ябгъэдэтлъхьэн хуейуэ аращ. Апхуэдэ зэпсэлъэныгъэхэр хэкупсэ гъэсэныгъэм уасэ зимыIэ и хэлъхьэныгъэщ. ЦIыхум Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэ нэсыр къызыхэкIыр къыхуеджэныгъэхэракъым, атIэ Iущагъырщ, псалъэ пэжырщ, щапхъэрщ, лIыхъужь нэсхэм зэраIущIэрщ. ГъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэжын папщIэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэр хэту. Абы щытепсэлъыхьащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм къэралым зэрызащIигъакъуэ IэмалыщIэхэр дяпэкIэ къэгъэсэбэпыным. Ар зытеухуар дзэ Iуэху хэхам ныкъуэдыкъуагъэ хэзыха зауэлIым социальнэ зэгурыIуэныгъэ ещIылIэнырщ, абы къигъэувхэр хуэщIэнырщ. Министерствэм и лэжьакIуэхэу Хутэ Динарэрэ Ахматовэ Викториерэ къызэхуэсахэм хузэпкърахащ социальнэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэным пыщIа Iуэхугъуэ псори: зэрыхыхьэну щIыкIэр, лъэIу тхылъыр зэрагъэхьэзырынур, дэфтэрхэр щызэхуахьэсыну пIалъэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэуи ветеранхэм гурагъэIуащ къаIэрыхьа мылъкур езыхэм я хьэрычэтыщIэ Iуэху къызэIуахын, я уней хозяйствэм зрагъэужьын е зэрыхуа щытыкIэ гугъум къызэрыхэкIын IэмалхэмкIэ къагъэсэбэп зэрыхъунур. ЗэIущIэм хэтхэм гулъытэ хэха хуащIащ лъэныкъуитIри зэгурыIуэу, зыхуагъэувыжа къалэнхэр зыхуей хуэзэу гъэзэщIэным. 2026 гъэм фондым и мурадщ дзэ къулыкъум къыхэкIыжа ветеранхэм социальнэ зэгурыIуэныгъэхэр унэтIыныгъищэм щIигъукIэ иращIылIэну. «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым и унафэщI Дадэ МуIэед къызэрыхигъэщамкIэ, мы лэжьыгъэр зауэлIхэр гъащIэм тыншу хэзэгъэжыным хуэунэтIащ. «Социальнэ контрактыр мылъку дэIэпыкъуныгъэ къудейкъым, ар ветеран къэс зиужь ихьэну Iуэхум и къежьапIэу жыпIэ хъунущ. Дэ тхузэфIэкI къэдгъэнэн хуейкъым уIэгъэхэм я зэранкIэ нэхъ гуащIэмащIэ хъуа щIалэм гъащIэр къытемыхьэлъэнымкIэ. Ар гъащIэм лъэ быдэкIэ щыувыжынымкIэ, къигъэсэбэпын мылъку бгъэдэлъынымкIэ, и пщэдейм шэчыншэу IущIэнымкIэ къэралыр сэбэп хъунущ», - къыхигъэщащ Дадэ МуIэед. КIэщIу жыпIэмэ, фондым иригъэкIуэкI лэжьыгъэр хуэгъэпсащ ветеранхэм я мылъку щытыкIэр егъэфIэкIуэным и мызакъуэу, ахэр республикэм и социально-экономикэ гъащIэм жыджэру хэтынымкIэ, ехъулIэныгъэхэр яIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуным.
Iэрыс Iэсият.
Поделиться:
Читать также:
20.04.2026 - 15:43 →
ЛIыхъужьхэм - гулъытэ
20.04.2026 - 15:25 →
Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI
19.04.2026 - 12:26 →
Тхьэмадэм и щIыхькIэ
18.04.2026 - 11:18 →
Лэжьыгъэшхуэхэм пащэ
17.04.2026 - 16:22 →
Псапэщ икIи гуапэщ
| ||





