Сэбэпымрэ зэранымрэ я пщалъэр

IэщIагъэлIхэм я мызакъуэу, иужьрей зэманым дэтхэнэ зыми гу лъыттэ хъуащ интернетым зэпымыууэ зэманыр зэрыщагъакIуэм уеблэмэ цIыху балигъри нобэрей гъащIэм къызэрыхичым. Сабийм ар зэпымычу къигъэсэбэпмэ-щэ?! КърикIуэнкIэ хъунур шынагъуэщ - апхуэдиз хъыбарыр хузэмыгъэзахуэу къытехьэлъэнущ, шэч хэмылъу.

Нобэ социальнэ сетхэм, джэгукIэхэм, видеохэм гъащIэм и пэжыпIэм къыщхьэщыкIыу, зэрыщымыту, дагъуэншэу къызэрагъэлъагъуэм сабийр егъэжакъуэ, телефоным «щилъэгъуамрэ» къызэрыщIэщыжымрэ гузэрыдзэ ирегъэщI. Сабийр гаджетым еса нэужь, нэгъуэщI Iуэху гуэрхэм дебгъэхьэхыжыну нэхъ гугъу мэхъу.

Мы Iуэхум егъэпIейтей психологхэри. Псалъэм папщIэ, НакIэ Алинэ жеIэ: «Налшык къалэм и уэрамхэм дэт ныбжьыщIэхэм сащыкIэлъыплъкIэ, слъагъум сыкъимыгъэуIэбжьын слъэкIыркъым: ныбжьыщIэ пщIы бжыгъэхэр зэблокI я щхьэр ехьэхауэ я телефон экранхэм еплъу - ахэр нэгъуэщI дунейм хилъэфа хуэдэщ. Абыхэм я IэмыщIэ илъщ гъунэ зимыIэ хъыбархэр, я нэгу зезыгъэужь джэгухэр».

А Iэмэпсымэр «къапхъэн» яхуэмыхъуным сыт и Iэмал жыпIэмэ, IэщIагъэлIым къыхегъэщ телефонхэр школым щапэбубыдыныр зы лъэныкъуэкIэ хэкIыпIэ тыншу зэрыщытыр, ауэ апхуэдэу пыбупщIмэ, ныбжьыщIэм и къалэнхэр езым хуэгъэбелджылыным, и акъылым зригъэузэщIыным ар зэран хуэмыхъуу пIэрэ?!

- Мыбдеж мыхьэнэшхуэ зиIэр сабийм ар сэбэп пылъу къигъэсэбэпу егъэсэнырщ. ЗыкIэлъымыплъыжу телефоныр къэзыгъэсэбэпым абы и гулъытэ псор ехьэху, жэрдэмыншэ мэхъу, цIыхум япэIэщIэу щытыныр нэхъ къещтэ, - къыхегъэщ НакIэм. - Сэ сызэреплъымкIэ, мыпхуэдэм деж хабзэ ткIий бгъэуву телефоныр «ебгъэгъэтIылъыныр» унафэкъым. Абы и пIэкIэ сабийм епсэлъэн, гаджетхэм зэпымыууэ зэрыбгъэдэсым гугъуехьхэр къызэришэм ар хэгъэгъуэзэн хуейуэ къызолъытэ.

Жылагъуэм щиIэ мыхьэнэм теухуауэ ныбжьыщIэм и гупсысэр щызэрыубыд къудейм телефоныр а дунейм пызыщIэ лъэмыжу къыщохъу. Япэрауэ, абы Iэмал кърет и ныбжьэгъухэм запищIэну, и зэфIэкIыр игъэлъэгъуэну, и акъылэгъухэр къигъуэтыну. ЕтIуанэрауэ, егъэджэныгъэ программэхэр, онлайн‑курсхэр, библиотекэхэр - а псори и «жыпым» илъщ. Смартфоныр сабийм зэрызиужьыну Iэмэпсымэщ, ар тэмэму бунэтIмэ. Къохъур зи гур зыгуэр щхьэкIэ пIейтей ныбжьыщIэм а дакъикъэм и ныбжьэгъум хъыбар кIэщI цIыкIу Iэригъэхьэмэ, асыхьэту и гур псэхужу. Апхуэдэм деж ар и «къегъэлакIуэщ».

АрщхьэкIэ, сэбэпщ жыпIэуи, зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым телефоным и зэраныгъэхэри. Социальнэ сетхэм я ныкъусаныгъэхэм я гугъу тщIымэ, абыхэм къыщызэрагъэпэщ я напэкIуэцIхэм еплъ бжыгъэм, къыхуагъэув лайкхэм ныбжьыщIэхэр кIэлъыплърей ещI, «уи щхьэм пщIэ хуэпщIыжыным» и пщалъэу ахэр ягъэув. «Зэуэ гу къыслъатэнукъэ?» упщIэр псом нэхърэ нэхъыщхьэ мэхъури, абы егъэпIейтей.

Зэрыхабзэщи, цIыхур гъащIэм щыхущIокъу и къэухьым зригъэубгъуным, и IэнатIэм зэфIэкI щиIэным, и гум дыхьэн Iуэху къигъуэтыным. А псоми сабийр хуэхамэ ещI экраным: зыгуэр къаймыхъулIэным щытешыныхьым телефоным «зыщагъэпщкIуныр», абыкIэ зытрагъэуныр Iэмал тыншу къыхах. Абы зыIэпиша сабийр егъэсэн хуейщ мыпхуэдэ упщIэхэр зыхуигъэувыжу: «Сыт иджыпсту телефоныр къыщIэсщтэр? Сыт сэ сызылъыхъуэр: нэгузыужь, щхьэтегъэупIэ? Гугъуехьыр къызыхэкIыр къыгурыбгъэIуэныр - япэ лъэбакъуэщ. Унагъуэм хабзэ пыухыкIахэр щыгъэувыпхъэщ: псалъэм папщIэ, жэщым телефоныншэу е унэм екIуэлIэжа нэужь, гаджетхэр дакъикъэ 30-кIэ зрагъэтIылъэкIыныр, нэгъуэщIхэри. Мыхьэнэшхуэ иIэщ а гъунапкъэхэр, къытемыхьэлъэн хуэдэу, сабийм и гъусэу убзыхуным.

Телефоныр я ныбжьэгъу пэжу Iэпэгъу щIахуэхъур къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм ящыщщ гъащIэм и мыхьэнэр къазэрыхуэмыгъуэтри. Спортыр, творчествэр, волонтёр Iуэхур абы и лъэныкъуэкIэ сэбэп яхуэхъунущ. НэгъуэщI зыи къыхэгъэщын хуейщ: махуэ псом телефоныр зыIыгъ адэ-анэм и быным сыт хуэдэу уемыпсалъэми, узэхихыжынукъым, езым и щапхъэ иIэжщи.

Хуитыныгъэ псори зыпаубыд сабийм жагъуэгъуу укъилъытэнри зыхуэIуа щыIэкъым, апхуэдэм деж абы телефоныр гъэпщкIуауэ къигъэсэбэпыну хуожьэ, къыдэщIыну къыщыхъухэр интернетым къыщелъыхъуэ. Мыбыхэм я хэкIыпIэр: еджакIуэхэр, адэ-анэхэр, егъэджакIуэхэр хэту школхэм дерс щхьэхуэхэр къыщызэгъэпэщыпхъэщ. Нэхъ ищхьэкIэ зэрыжысIауэ, щIалэгъуалэр езыр егъэгупсысыпхъэщ телефоным и фIагъхэмрэ щыщIэныгъэхэмрэ. ЕтIуанэу, адэ-анэхэм я клуб щыIэн хуейуэ къызолъытэ. Балигъхэм къагурыгъэIуэн хуейщ сабийм телефоныр къытепхыныр хэкIыпIэу зэрыщымытыр, атIэ фейдэ пылъу ар къызэрагъэсэбэпыным зэрыхуагъэсапхъэр.

НакIэм сэбэп хъуну къигъэлъагъуэхэм ящыщщ школхэм ныбжьыщIэхэр щызэдэуэршэрын щIыпIэхэр, клуб щхьэпэхэр, стIолыщхьэ джэгукIэхэр, щеджэну плIанэпэхэр къыщызэгъэпэщыныр. «НэгъуэщIу жыпIэмэ, гъащIэр «виртуальностым» нэхърэ нэхъ удэзыхьэхыу зэрыщытыр, ар зэрынэхъ гъэщIэгъуэныр зыхегъэщIэн хуейщ», - дыщIегъу абы.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

Поделиться:

Читать также: