Мыгъэрей къалэнхэм трагъащIэу

УФ-м и Компартым ди щIыналъэм щиIэ и къудамэм и япэ секретарь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и депутат Пащты Борис Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ зи унафэщI парт къудамэм и бюром и зэIущIэ зэIуха.

Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс, КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI, УФ-м и Компартым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и етIуанэ секретарь Къумал Заур, «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къэнэмэт Замир, УФ-м и Компартым и Налшык къалэ комитетым и япэ секретарь Мыз Мурат, компартым и район къудамэхэм я лIыкIуэхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ящыщхэр, къэралым и комсомол-пионер зэгухьэныгъэм республикэм щиIэ IэнатIэм и унафэщI Урысбий Еленэ, комсомол, пионер ныбжьыщIэхэр, журналистхэр.   

 Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гимнхэр къеуа нэужь, Хэкум папщIэ зи щхьэр зыгъэтIылъа дзэлIхэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.  

Мы гъэм ягъэлъэпIэну махуэшхуэхэм, партым и къудамэм къыбгъэдэкIыу Къэрал Думэм депутату ягъэкIуэнухэм теухуауэ ящIапхъэхэм къытеувыIащ Пащтыр.

ЛъэIукIэ закъыхуэзыгъазэ цIыхухэм зэрахузэфIэкIкIэ зэрызэщIагъэкъуэнур, нэхъыжьыфIхэм папщIэ къызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм адэкIи зэрыпащэнур къыхигъэщащ и псалъэм. АдэкIэ къытеувыIащ псори нэхъ дызыгъэпIейтей Iуэхум – щIэблэм я гъэсэныгъэм.  

- Унагъуэм илъ зэхущытыкIэр къащIэхъуэ щIэблэм щапхъэ зэрыхуэхъум шэч хэлъкъым. Быным гъэсэныгъэ тэмэм игъуэтын папщIэ лэжьыгъэшхуэ я пщэм къыдохуэ адэ-анэм. ЩыцIыкIум къыщегъэжьауэ хабзэм, нэмысым, гущIэгъум, гулъытэм, Хэкур фIыуэ лъагъун зэрыхуейм хуаущиймэ, гъуэгу захуэ техьэну ущыгугъ хъунущ. Адэ-анэм я закъуэкъым, дэри къыттохуэ, махуэ къэс здекIуалIэ еджапIэхэм я гъэсакIуэми ар я къалэнщ. ДыщыцIыкIум къытхалъхьамрэ тлъэгъуамрэ, зэхэтхар абыхэми едгъэщIапхъэщ. Ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна хьэл-щэн дахэр, псыхэкIуадэ дымыщIу, щIэблэм яхэтлъхьэн хуейщ, -  къыпищащ и псалъэм Пащтым. - Зэманым хуабжьу, псынщIэу зехъуэж. Ар къызыхэкIыр сыт жытIэмэ, техникэ къежьэхэр зэрыбжыгъэншэрщ. Абыхэм сэбэп къызэрахьым хуэдизкIи, зэран мэхъур. Зи акъылыр зэрымыубыда ныбжьыщIэхэм интернетым щалъагъу мыхъумыщIэхэм егъэжакъуэ, имыщIапхъэ къащыIэщIэщIи къэхъуу. Абыхэм дыхуэсакъыпхъэщ, ныбжьыщIэхэм нэхъыбэрэ дадэлэжьэн хуейщ, Iейм щытхъумэн папщIэ, - жиIащ абы.

ЗэIущIэм я гуапэу къыщыхагъэщащ Компартым хыхьэхэр нэхъыбэ зэрыхъурам, гъэ блэкIам Налшык къалэм пионер пщэдэльыр сабий 400-м щIигъум зэрыщыдалъхьар.

ЗэIущIэм фIыщIэ тхылърэ ахъшэ саугъэткIэ хуэупсащ партым хэтхэм ящыщу, зи IуэхущIафэкIэ къыхэжаныкIахэм. КъинэмыщIауэ, нып плъыжь зэIэпахыр, щIыхь тхылъ, ахъшэ саугъэт хуагъэфэщащ УФ-м и Компартым и Налшык къалэ комитетым и япэ секретарь Мыз Мурат.

 Компартым хыхьэну гупыж зыщIу къуекIуэлIа цIыхуихым парт билетхэр иратащ.     

  Тхыгъэри сурэтри КЪАНКЪУЛ Раисэ ейщ.

Поделиться:

Читать также: