Къэралым щынэхъыфIхэм яхохьэ

2025 гъэм Урысей Федерацэм мэкъумэш продукцэу къыщрахьэлIэжам проценти 5-кIэ хэхъуащ. Хьэцэпэцэм и куэдагъымкIэ ди тхыдэм щыещанэу гъавэ бэв кърахьэлIэжащ нэгъабэ. Джэш хъуреймкIэ, соемкIэ, рапсымкIэ щыIа бжыгъэхэми хагъэхъуащ.
Иужьрей илъэсхэм къэралым езыр зрикъуным хуэдиз жылапхъэр, лы- джэдкъазылыр, бдзэжьейр, фошыгъур, сэхуран дагъэр къелэжьыж. ЖыпIэнурамэ, УФ-р жылапхъэмкIэ къызэрызэгъэпэщар проценти 161-рэ, бдзэжьейрэ бдзэжьейхэкIхэмкIэ проценти 128,8-кIэ, лырэ джэдкъазылымкIэ проценти 102,-кIэ, кIэртIофымкIэ процент 97,7-кIэ, хадэхэкIхэмрэ хъарбыз-хъэуанхэмкIэ процент 89,6-рэ хъуащ нэгъабэ.
Иджыпсту мэкъумэшыщIэхэм я къалэн нэхъыщхьэр – зыхуагъэувыжа мардэхэр щамыгъэзэщIауэ щыIэ унэтIыныгъэхэмкIэ лэжьыгъэхэр щыщIагъэхуэбжьэнырщ. Псалъэм къыдэкIуэу, гъэшымкIэ, хадэхэкIымкIэ, мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмкIэ - нэгъабэ абыхэм я куэдагъми хагъэхъуауэ щытми.
Къыхэдгъэщынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмкIэ къэралым щынэхъыфIхэм яхохьэ икIи абы и продукцэхэм щIэупщIэ щаIащ щIыналъэ куэдым, я фIагъымрэ экологие и лъэныкъуэкIэ зэрыкъабзэмрэ къалъытэу.
Урысей Федерацэм и АПК-м лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирегъэкIуэкI, селекцэмрэ генетикэмрэ зрагъэужькIэрэ иджырей технологиехэр къагъэсэбэпу, продукцэу къыщIигъэкIым и фIагъым хэгъэхъуэнымрэ абы трагъэкIуадэмрэ гъэмэщIа хъуным хуэгъэпсауэ.

Дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я щIыхькIэ

Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм физкультурэ-узыншагъэр щызэтрагъэувэж и комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Щхьэмыж» спорт клубым бэнэкIэ хуитымкIэ и зэхьэзэхуэ зэIуха. Дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я фэеплъу щытащ ар.
Зэхьэзэхуэм хэтащ Прохладнэ, Шэджэм, Лэскэн, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм я командэхэр. ЗэIущIэр ирагъэжьэным ипэ къихуэу спортсменхэмрэ къызэхуэсахэмрэ СВО-м хэкIуэда лIыхъужьхэм я щхьэхэр хуагъэщхъащ, я фэеплъым пщIэ хуащIу. 
ГъэщIэгъуэну икIи удихьэхыу екIуэкIа зэпеуэхэм къарикIуахэр наIуэ къэхъуа нэужь, абы къыщыхэжаныкIахэр саугъэтхэмрэ медалхэмкIэ ягъэпажащ. 
Пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ Къэрэгъэш къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и «Къуршхэм я макъамэ» къэфакIуэ гупым. 
 
 

Жыг хадэ цIыкIур

Прохладнэ къалэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет «Парк Ипщэ» жыг хадэ цIыкIур мы гъэм зыхуей хуагъэзэнущ. Къэралым щрагъэкIуэкIа урысейпсо интернет IэIэтым цIыхухэр куэду щызэхуэс, зэIузэпэщ ящIыну щIыпIэхэм ящыщу, къалэдэсхэм ар япэ игъэщыпхъэу нэгъабэ къагъэлъэгъуащ. 
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ахэр хуэунэтIащ цIыхухэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным. 
Жыг хадэ цIыкIу къагъэщIэрэщIэжынум щынэхъыщхьэнур абы теплъэ дахэ етынымрэ цIыхухэм зыщагъэпсэхун, я нэгу зыщрагъэужьын, хьэуа къабзэм хэту Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щрагъэкIуэкI хъун, щIалэгъуалэр щызэхуэзэн щIыпIэхэр къыщызэгъэпэщынырщ. Апхуэдэуи, «Парк Ипщэм» щагъэувынущ СВО-м хэкIуэда лIыхъужьхэм я фэеплъ. Лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ дунейм зэрызиIэтыжу.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: