Узыншагъэ хъыбархэр

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Налшык къалэ дэт амбулаторэ, стоматологие поликлиникэ зыбжанэм щыIащ, абыхэм цIыхухэм щрат дэIэпыкъуныгъэхэм я фIагъыр зыхуэдэм зыщигъэгъуэзэн папщIэ. 
Министрым зригъэлъэгъуащ IэнатIэхэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIыр, ахэр къызэрызэгъэпэща Iэмэпсымэхэм я щытыкIэр, абыхэм къекIуалIэ цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр. Абы къыхигъэщащ стоматологие пэшхэм я лэжьыгъэр тэмэму къызэрызэгъэпэщар, зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэ псори ирикъуу зэраIэр.
Къалэм дэт стоматологие поликлиникэ №2-р иджыблагъэ зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ, абы IэмэпсымэщIэхэр щIагъэуващ, апхуэдэуи къыщызэIуахащ бжыгъэ технологиехэр къагъэсэбэпу дзэм ирахьэлIэну пкъыгъуэхэр щащIыну лабораторэ. 
Апхуэдэу Къалэбатэ Рустам щыIащ Прохладнэ дэт стоматологие поликлиникэми. Къалэ администрацэм и унафэщI Кожухов Кирилл и гъусэу абы къипщытащ мы зэманым IуэхущIапIэм зэгъэпэщыжыныгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр зэфIагъэкIащ: бжэ-щхьэгъубжэхэр инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ. Мы зэманым унэм и кIуэцIыр зыхуей хуагъазэ. Рентген щащI пэшымрэ медицинэ Iэмэпсымэхэм я къабзагъэм щыкIэлъыплъ къудамэмрэ папщIэ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр къащэхуащ. АдэкIи поликлиникэм и пэшхэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщынум иужь итынущ.
IуэхущIапIэм къегъэщIылIа щIыналъэр къалэ администрацэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ зэIузэпэщ ящIынущ, абы къекIуалIэ машинэхэм щIыпIэ щхьэхуэхэр хухахынущ. 
Министрым къыхигъэщащ лэжьыгъэхэр зыхуей хуэзэу зэрырагъэкIуэкIыр икIи жиIащ Прохладнэ районым щыпсэухэм фIагъ зиIэ стоматологие дэIэпыкъуныгъэхэр ягъуэтынымкIэ IуэхущIапIэр къызэрагъэщIэрэщIэжым мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
 
***
Республикэ клиникэ сымаджэщым нэм зэрилъагъур ирагъэфIэкIуэжу операцэ гугъу щрагъэкIуэкIащ. Егъэлеяуэ зи нэвагъуэхэр утхъуа (катарактэ) цIыхухъум и щытыкIэр нэхъ хьэлъэ ищIырт фошыгъу узымрэ Паркинсон и узымрэ зэрыпкърытым. 
ЦIыхухъум и нэм щригъэплъащ уней клиникэхэми къалэшхуэхэм щыIэ медицинэ центрхэми. АрщхьэкIэ узыфэ зыбжанэ зиIэ сымаджэм и щытыкIэм къыхэкIыу, операцэ нэужьым е екIуэнкIэ шынагъуэшхуэ зэрыщыIэр къалъытэри, а Iуэхум тегушхуакъым. 
Республикэ клиникэ сымаджэщым и IэщIагъэлIхэм защыхуигъазэм, дохутырхэм куууэ къапщытащ абы и узыншагъэр икIи операцэ гугъур ящIыну арэзы хъуахэщ. Операцэр щащIым нэджыдж утхъуар Iуахащ, абы и пIэ ирагъэтIысхьащ IэрыщI интраокулярнэ линзэ.
 Сымаджэщыр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам, IэщIагъэлIхэр я IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм и фIыгъэкIэ, гугъуехь гуэри къыхэмыкIыу, операцэр ехъулIэныгъэкIэ ящIащ. Абы иужькIэ зэманышхуэ дэмыкIыу цIыхухъум закъригъэщIащ и нэхэм нэхъыфIу ялъагъу зэрыхъуамкIэ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: