Гъавэ бэвыр - гуэным2025 гъэм Урысей Федерацэм, щIыналъэщIэхэр хэмыту, хьэцэпэцэу къыщрахьэлIэжащ тонн мелуани 141-рэ, абы щыщу гуэдзыр мелуан 91-рэ хъуащ, къитащ иджыблагъэ Росстатым. 2024 гъэм хьэцэпэцэу Iуахыжащ тонн мелуани 125,9-рэ, гуэдзу – тонн мелуан 82,6-рэ.
Нэгъабэ хьэм и бэвагъыр тонн мелуан 19,7-рэ хъуащ. Абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIар тонн мелуан 16,67-рэщ. Нартыхуу Iуахыжащ тонн мелуан 14,8-рэ, 2024 гъэм – тонн мелуан 13,96-рэ.
Апхуэдэуи, илъэс блэкIам джэш бэв къыщрахьэлIэжащ ди къэралым – тонн мелуани 7,95-рэ, джэш хъурейуэ тонн мелуани 5,7-рэ абы хэту. 2024 гъэм ар зэрыхъуар тонн мелуани 5,37-рэщ, абы щыщу тонн мелуани 3,8-р джэш хъурейуэ.
Дагъэ къызыщIаху мэкъумэш къэкIыгъэу Iуахыжащ тонн мелуан 34,36-рэ, 2024 гъэм – тонн мелуан 30,2-рэ.
КIэртIофу псори зэхэту тонн мелуан 19,5-рэ къатIыжащ, 2024 гъэм яхузэфIэкIар тонн мелуан 17,8-рэщ.
Мыдрейуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыхьэсэр щрагъэкIуэкIащ щыIэ мэкъумэш-техникэ мардэхэм тету икIи абыхэм гектар мин 55-рэ хухахащ нэгъабэ. Нэхъыбэу хащIар гуэдзымрэ хьэмрэщ. Мыгъэрей гъатхасэм гектар мин 214,2-рэ иратынущ. Нэхъыбэу зэгугъунур хьэцэпэцэмрэ джэш хъуреймрэщ, нартыху жылапхъэрщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




