Хабзэмрэ бзэмрэ я хъумакIуэхэр

Илъэс къэс ди щIыналъэм щекIуэкI «Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ» республикэпсо зэпеуэм мы гъэм хэтащ  Налшык къалэм и Iэдииху хьэблэм щыщ Щадхэ, Мызхэ, Къазийхэ, Урысхэ, Тхьэзэплъхэ, Гувэжыкъуэхэ я унагъуэхэр.

Ахэр Iуэхугъуэ зыбжанэкIэ зэпеуащ. ЯпэщIыкIэ видео, сурэт теплъэгъуэхэр къридзэу къэпщытакIуэ гупым зрагъэцIыху, я унагъуэр, лъэпкъыр зэрыгушхуэхэр, къызытекIа нэхъыжьхэр, хабзэу щызекIуэхэр утыку кърахьэ; упщIэ-жэуап Iыхьэм нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми адыгэ хабзэм, IуэрыIуатэм, литературэм хащIыкIхэр наIуэ къыщащI, итIанэ дэтхэнэри дэзыхьэх Iуэхугъуэ дахэ гуэр творческэ Iыхьэм щагъэлъагъуэ; «Нанэ и пхъуантэ» Iыхьэм адыгэ лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI гуфIэгъуэ дауэдапщэ гуэр утыкум кърахьэ. Абыхэм жыджэру хэтщ дадэ-нанэхэр, адэ-анэхэр, щIэблэр. Мызыгъуэгуми зэпеуэм хэтыну гупыж зыщIахэм ягъэлъэгъуащ иджырей адыгэ унагъуэхэм щекIуэкI гъэсэныгъэр, анэдэлъхубзэр къабзэу зэрагъэшэрыуэр, жьыи щIэи я акъыл зэтехуэу зы Iуэху зэрызэдащIэфыр, адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, хабзэм, литературэм, IуэрыIуатэм зэрыхащIыкIыр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зэраIэпэгъур.

Къапщтэмэ, зэхьэзэхуэм и мурад нэхъыщхьэр адыгагъэм къызэщIиубыдэ къалэн псори адыгэ унагъуэм деж къызэрыщежьэр гъэлъэгъуэнырщ. Адыгэм я зэхэтыкIэм, хэкум лъагъуныгъэу хуаIэм, нэмысым, хабзэм, тхыдэм щIэблэр щыгъуэзэнымкIэ жэуаплыныгъэ нэхъыбэ зыхьыр унагъуэр зэрыарар нэрылъагъу ящIащ а махуэм.

Лъэпкъ махуэшхуэр екIуу къызэIуахащ Мыз Хьэжмурат игъасэ «Псыгуэнсу» къэфакIуэ гупым.

Япэу утыкур хуит зыхуащIар Налшык къалэм и Iэдииху хьэблэм къикIа Щадхэ я унагъуэ дахэрат. Адэ-анэм я гъусэу адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIауэ утыкум къихьащ пщащэ зэкIужищымрэ дэлъху нэхъыщIэ цIыкIумрэ. Адэ-анэр щэнхабзэм и лэжьакIуэу зэрыщытыр плъагъуу, бэрэбанымрэ пхъэцIычымрэ яIыгъщ, адэ шыпхъум адыгэ пшынэр егъэбзэрабзэ. Пхъурылъху цIыкIуитI яIэти, абыхэм унагъуэр нэхъри ягъэбжьыфIэрт. Щадхэ езыхэм я унагъуэм щхьэкIэ зэхалъхьа уэрэдыр жаIащ, гъуэрыгъуэурэ зым адрейм и гугъу къытхуищIурэ зыкъыдагъэцIыхуащ. Хьэжмуратрэ Марьянэрэ лъэпкъкIэ джылахъстэнейщ, абыхэм я бынхэм бгъэдалъхьэфащ гъэсэныгъэ екIурэ адыгэбзэ шэрыуэрэ. Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ жыхуаIэрати, Марьянэ ипхъухэм адыгэбзэ къабзэкIэ къызыхэкIа лъэпкъым и къежьапIэри, тхыдэри, езыхэм я зэхэтыкIэри жаIэжащ, адэжьиблым я цIэр къриIуащ я къуэ закъуэ, гъэфIэн цIыкIуу яIэ Данияр. Пщащэхэр фIыуэ еджауэ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувауэ щытмэ, Данияр спортым зэрыдихьэхыр жаIащ абыхэм икIи республикэ, щIыналъэ зэхьэзэхуэхэм къыщихьа дамыгъэ, саугъэт хуэдэхэм зригъэщIагъуэу пIэрэ жыпIэу, утыкум къыздрихьат щIалэщIэм. Псори зэгъусэу, акъыл зэхэдзэ ящIу пэлъэщащ къуажэхьхэр къэщIэнми, псалъэжьхэр зэпыгъэувэнми, IуэрыIуатэм щыщ пычыгъуэр зыщыщымрэ зи псалъэмрэ гъэнэхуэнми. Творческэ Iыхьэм щынэсым нанэмрэ къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэр.

АдэкIэ утыкур хуит зыхуащIа Мызхэ ягъэхьэзырар унагъуэ жыпхъэм икIри, лъэпкъпсо зэхыхьэ хъуат. Мызхэ я нысэ, Псыгуэнсу дэт курыт школ №3-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ Каринэ щIыгъут журналист цIэрыIуэ Мыз Ахьмэдрэ, лъэпкъым и къыдэкIуэтей щIэблэмрэ. Къуажэм щапIар, къыщыхъуар адрейхэм къахэщу къысщохъу. Ахьмэд Мызхэ я лъэпкъ Iуэхур иригъэжьащ, хъуэхъу дахэкIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ. Абы иужькIэ къэпсэлъа ныбжьыщIэхэм бзэ шэрыуэкIэ зыкъыдагъэцIыхуащ. Каринэ лъэпкъым и шыфэлIыфэр, и тхьэмадэ Iумахуэхэр, щIэныгъэлIхэр, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, цIыху цIэрыIуэхэр, лъэпкъыцIэр фIыкIэ зыгъэIуу IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэр щыдигъэцIыхум экраным къридзэу игъэхьэзыра теплъэгъуэр щIэщыгъуэт. Къызэхуэсауэ хъуар дэзыхьэхар Мыз Инессэ цIыкIу нарт эпосым щыщу «Нарт Сосрыкъуэ япэу хасэм зэрыхашар» пшыналъэр кIыхьыр зэ къыщымыуэу гукIэ зэрыжиIарщ. Нанэ и пхъуантэри бейуэ къахущIэкIащ Мызхэ. Каринэ жиIэжащ адыгэ бзылъхугъэм зэрихьэ хабзэхэр, абы утыкум щызэпкърихащ адыгэ цIыхубзым и IэлъэщI зэтелъхьэкIэм, щхьэц зэщIэкъуэкIэм, фащэ щыгъмэ, щитIагъэ пыIэм и теплъэм абы и статусыр къызэригъэлъагъуэр, нэгъуэщI куэди.

ЦIыхубзхэр зэрымыгуащIэмащIэр, лъэкIыныгъэ къызэрымыкIуэхэр зэраIэр хьэкъ пщащIырт Къазийхэ я зэанэзэпхъухэм. Нанэ Заретэ, анэ Аленэ, абы и пщащэ щэныфIэ цIыкIухэм лъэпкъыр зэрымыиныр, ауэ адыгагъэкIэ, гуапагъкIэ куэдым къазэрыхэщыр, я унагъуэм илъ хабзэхэм къытхутепсэлъыхьащ. Усэ, уэрэд, хъуэхъу псалъэ дахэ куэд щыжаIащ абыхэм утыкум икIи упщIэхэм я жэуапхэр гъэхуауэ иратащ. Гущэхэпхэр щагъэлъагъуэм, Заретэ жиIащ унагъуэм сабий къахэхъуамэ, зэран къыхуэхъункIэ хъунухэр ягъэщтэн папщIэ, фоч ягъауэу зэрыщытар, гущэр къызыхащIыкIыр, сабийр япэу зэрыхапхэр, нэгъуэщIхэри. А псори щекIуэкI утыкур адыгэ жьэгум и теплъэр иIэу зэрагъэпэщати, пщащэ цIыкIум гущэр щыщIиупскIэм жиIа гущэкъу уэрэдри екIупст.

Зы адэ-анэм я бын зэрылъхузэрыпIыр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрыпсэум и нэщэнэт Урысхэ я унагъуэр. Дахэу зэщыхуэпыкIауэ утыкум къихьат унагъуэм я жьантIэдэс нанэр, абы и ныситIыр, я бынхэр я гъусэу. Урыс унэцIэр зэрихьэу Ислъэмей унагъуэ 70 зэрыдэсыр, лъэпкъым и къежьапIр, дохутырхэр, спортсменхэр, цIыху щэджащэ куэд зэраIэр жаIащ нысэхэу Светланэрэ Маринрэ, абыхэм я сабий Iущхэм. УнэтIыныгъэ псоми IэпщIэлъэпщIагъ, акъыл жанагъ, зэфIэкI телъыджэхэр къыщагъэлъэгъуащ. Гущэхэпхэ дауэдапщэр зэрырагъэкIуэкIар адрейхэм емыщхь ищIат я нанэм.

Тхьэзэплъ Ислъамрэ Залинэрэ я унагъуэр, республикэр мыхъуу, къэрал псом щапхъэу щыбгъэлъагъуэ хъунущ. ЕгъэджакIуэ унагъуэм къихъуэ щIалищымрэ пщащэ щIыкIафIэ цIыкIумрэ утыкум щагъэлъэгъуа гъэсэныгъэ къудейр зимыуасэ щыIэкъым. Экраным къридзэ теплъэгъуэхэр псалъэкIэ щIигъэбыдэжу Залинэ унагъуэм и зэхэтыкIэмрэ къекIуэкIыкIэмрэ дигъэцIыхуащ. Тхьэзэплъ унэцIэр къызытекIам, ахэр щыпсэу хэгъэгухэр, къэралхэр, абыхэм къахэкIа цIыху щэджащэхэм тепсэлъыхьа нэужь, къэкIухьын щIэзыдзагъащIэ, быным я нэхъыщIэ Сэлим цIыкIу лIэужьиблкIэ зэIэбэкIыжри, адэшхуэхэм я цIэр къриIуащ. Зэщхьэгъусэхэм я бын акъылыфIэхэм къащIащ упщIэу къыхуагъэувам я жэуапхэр. Зэанэзэпхъум сабийр гущэм зэрыхапхэ хабзэхэр ягъэлъэгъуащ. Тхьэзэплъ Ислъам и къуэхэм яригъэлъагъу, яригъащIэ щIыкIэу утыкум щикъутащ Iэнэ хъурейм тет щхьэ щIэлъэныкъуэр, абы теухуауэ щыIэ хабзэр щIалэщIэхэм ягуригъэIуащ. ФащэкIэ зэщыхуэпыкIа щIалэхэм адэм и псалъэр зэрызэхалъхьэр, анэм и гулъытэр зэрагъэлъапIэр, шыпхъум зэрыхуэгумащIэр, щIэныгъэм зэрыхуэнэхъуеиншэр, адыгагъэм зэрыщIапIыкIар дагъэлъэгъуащ а махуэм. Хэбдзыну зы яхэмылъу утыкум зэдитащ адыгагъэр зи псэлъэкIэ, зекIуэкIэ къудейм къыхэщ унагъуэр.

Гувэжыкъуэхэ я унагъуэм я нанэр, анэр, пщащэмрэ щIалэмрэ утыку кърахьар адыгэхэм я зэхэтыкIэ екIумрэ гъэсэныгъэ дахэмрэт. Унагъуэм лъакъуибгъу щIэтщ жыхуаIэрати, пщащэ цIыкIум къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ я унагъуэм щIэсхэм, экраным къридзэ сурэтхэм тепсэлъыхьурэ. Ахэр фIы дыдэу хуэхьэзырт акъыл жанагъыр къыщалъытэ Iыхьэм. Я къалэнхэм фIы дыдэу пэлъэща нэужь, гъуазджэм, щэнхабзэм зэрыпэмыIэщIэр наIуэ ищIу, хъыджэбзым уэрэд жиIащ. ЩIопщакIуэ дауэдапщэр щагъэлъагъуэм, абы пыщIа хабзэ псори жаIащ, нанэм езым игъэжьа тхъурыжь лъагэхэр щIэупщIакIуэ гъуэмылэу яIыгъыу, а Iуэхум пыщIа псори дагъэлъэгъуащ, джэгу дахи иращIэкIащ.

А дахагъэ псом кIэлъыплъа къэпщытакIуэхэм я Iуэхур тыншу щытакъым. Ауэ зэпеуэ щыхъукIэ, дэтхэнэ унагъуэми игъэлъэгъуа зэфIэкIым теухуа бжыгъэхэр ягъэуващ, текIуахэр щагъэлъэпIэну пшыхь щхьэхуэу ирагъэкIуэкIынущ. Къыхэгъэщыпхъэщ дэтхэнэ унагъуэми гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр, адыгагъэм къызэщIиубыдэ псоми зэрыщыгъуазэр, щIэблэм бзэ шэрыуэ зэраIурылъыр. Унагъуэ умыхъуу къуажэ ухъункъым, жеIэ адыгэ псалъэжьым. Апхуэдэхэр диIэху лъэпкъри къэралри щыIэнущ, заужьынущ. 

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться: