Иужьрей зэманым щIыналъэм гъуэгу къэхъукъащIэхэр нэхъыбэ щыхъуащ. Абы имыгъэгузавэу къанэркъым щIыналъэ унафэщIхэр икIи машинэ зезыгъакIуэхэр къыхураджэ нэхъ сакъыну, гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэм ткIийуэ тетыну.
2026 гъэр къызэрихьэрэ республикэм къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэм транспорт къэхъукъащIэу 34-рэ щатхащ, абыхэм цIыхуи 10 хэкIуэдащ, 49-м фэбжьхэр хахащ. ЩIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэм насыпыншагъэхэр нэхъ мащIэ щыхъуами, абыхэм авариеу 23-рэ къыщыхъуащ, цIыхуи 6 хэкIуэдащ, 37-м фэбжь зэхуэмыдэхэр ягъуэтащ.
Гъуэгу къэхъукъащIэхэм ятеухуауэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, шофёр нэхъ щIалэхэм (илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ 25-м нэс) я зэранкIэ аварие 14 къэхъуащ. Абыхэм цIыхуи 8 хэкIуэдащ, 22-м фэбжьхэр хахащ. Нэхъ ныбжь зиIэ шофёрхэр (илъэс 60-м щIигъухэр) гъуэгу насыпыншагъэу 13 хэхуащ. А къэхъугъэхэм цIыхуи 5 хэкIуэдащ, 16-м фэбжь зэхуэмыдэхэр къатехуащ.
2026 гъэм и щIышылэ мазэм щегъэжьауэ мазае пщIондэ гъуэгу транспорт къэхъукъащIэхэм хэкIуэдахэм я ныбжьыр ику иту илъэс 43-рэ мэхъу (илъэс 21-м щегъэжьауэ 75-м нэс). Гъатхэпэ мазэм гъуэгу насыпыншагъэхэм хэкIуэдахэм я ныбжьыр къыхэплъытэмэ, ику иту илъэс 39-м нэсащ.
Псэущхьэхэр хэту къэхъу гъуэгу насыпыншагъэхэр процент 200-кIэ нэхъыбэ хъуащ, мащIэми фэбжь хахакъым - ахэр процент 400-м нос. А Iуэхухэм хэкIуэда щыIэкъым. Мыпхуэдэ щытыкIэм нэхъыбэу ущрихьэлIэр Шэрэдж, Бахъсэн щIыналъэхэрщ, машинэхэр куэду икIи псынщIэу щызекIуэ «Аруан - Уштулу», «Прохладнэ - Бахъсэн - Iуащхьэмахуэ» къэрал гъуэгухэрщ.
Транспорт къэхъукъащIэхэм насыпыншагъэ нэхъыбэ къыщашэр зыхуэкIуэ лъэныкъуэмкIэ къикI гъуэгум зэрытехьэрщ, япэ ит машинэхэм хабзэхэр къызэпауду къазэрыпежэкIырщ. Апхуэдэ къэхъугъэ 11-м цIыхуи 8 хэкIуэдащ, 21-м фэбжь хахащ.
2026 гъэм цIыхухэр хэкIуадэу къэхъуа авариехэм хэхуащ транспорт 15. Абыхэм ящыщу машинэ 12-р Урысейм къыщыщIагъэкIащ, 3-р хамэ къэрал щащIащ. ХэкIуэдахэр зэрыса автомобилхэр къызэрыдагъэкIрэ ику иту илъэс 13 мэхъу.
Мы илъэсыр къызэрихьэрэ псори зэхэту ди щIыналъэм гъуэгу-транспорт насыпыншагъэу 86-рэ къыщыхъуащ, абыхэм цIыху 17 хэкIуэдащ. Нэхъыбэу ахэр къыщыхъуар Налшык (22-рэ), Бахъсэн (16), Шэджэм (11), Дзэлыкъуэ (10) щIыналъэхэрщ.