ЩIэблэхэм къадогъуэгурыкIуэ

Си лъэпкъэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Гъэ­зэ­щIакIуэ гупым, си щхьэм къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ. 
Анэдэлъхубзэр дызэрызэгурыIуэ бзэ къудейкъым, атIэ ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI, щIэблэхэм зэIэпахыу къыддэгъуэгурыкIуэ фIыгъуэщ, Iущагъщ, хабзэщ. Абы лъэпкъыр зэ­къуегъэувэ, адыгэм и тхыдэмрэ бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэ­хэм­рэ ехъумэ. 
Дэтхэнэ зы лъэпкъми и бзэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ абы и щэнхабзэм. Дэ дропагэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым ди лъэпкъыбзэр къэралыбзэу къы­зэ­рыщалъытэм. ЕгъэджакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм, хэкупсэ жыджэрхэм я фIыгъэкIэ адыгэбзэр нобэ щадж курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, абы иропсалъэ адыгэу зыкъэзылъытэж цIыху нэсхэр.
ДяпэкIи зедвгъэгъэубгъу ди бзэм зиужьыным, къыдэкIуэтей щIэблэм ар ящIэным теухуауэ екIуэкI лэжьыгъэхэм. 
Урысейм ис лъэпкъ псоми я анэдэлъхубзэр Тхьэм иригъэфIакIуэ!
МахуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу!
Сэхъурокъуэ  Хьэутий, 
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ. 

Поделиться: