Адыгэ жьэгум и хуабэр

Илъэс 25-м щIигъуауэ Москва щолажьэ, къэрал утыкушхуэхэм адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щагъэлъагъуэ «Адыгэхэр» ансамблым. КъэфакIуэ гупым нэмыщIи, къэфэкIэ зезыгъэсэну, анэдэлъхубзэкIэ псэлъэну, я лъэпкъэгъухэм яхуэзэну хуей псоми ядолажьэ, ансамблым и унафэщI, цIыху зэчиифIэ Батыр Мущтэфар. Зи хэку цIыкIум, къыщалъхуа лъахэм пэIэщIэу къалащхьэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я «адыгэ жьэгущ» Мущтэфар къызэригъэпэща «Адыгэхэр» къэфакIуэ ансамблымрэ абы жэрдэм зиIэхэр щигъасэ хэщIапIэмрэ. 
МинитI гъэхэм Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист Тут Зауррэ Адыгейм щыщ Къэбэрдей Эммэрэ гупжьей щIыкIэу къызэрагъэпэщауэ щытащ «Адыгэхэр» фIэщыгъэцIэр иIэу. 2005 гъэм къэфакIуэ ансамблу ягъэпса гупым ядэлэжьэну кърагъэблэгъащ Батыр Мущтэфар. Ансамблым япэм хэту щытар Москва щеджэ студентхэрт, иужькIэ къэфэкIэ зрагъэсэну хуейуэ нэхъыщIэIуэхэри къекIуалIэу щIадзащ. Иджыпсту илъэси 5-м къыщыщIэдзауэ, балигъыпIэм иувахэм щыщIэкIыжу егъасэ Мущтэфар, гупу гуэшауэ. Уеблэмэ студенту къафэу щытахэм я бынхэр къашэ иджы, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы цIыкIухэм щызыхрагъащIэ адыгэ жьэгум и хуабэр.
- Уи щIыпIэм уимысыжу, уи лъэпкъэгъухэм уапэжыжьэу гугъущ щIэблэм адыгагъэр, адыгэ хабзэ дахэхэр, зэхущытыкIэ екIур яхэплъхьэну, я анэдэлъхубзэр яIурылъу къэбгъэхъуну. Дэ иужь дитщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыпэIэщIэм емылъытауэ, ди щIалэгъуалэр а псоми щIэтпIыкIыну. Къафэм и закъуэ утыку щагъэзэщIэфынукъым, абы щIыгъу Iэдэбагъыр, щэныр, зыIыгъыкIэр имыгъусэмэ. Къафэ къэс езым и хъыбар, и къежьапIэ иIэжщ. Дауэ ахэр цIыхубэм я деж зэрынэпхьэсынур зи гугъу тщIы лъэпкъ лъапIэныгъэхэм ущымыгъуазэу?! Мис абыкIэ къыдогъажьэ къафэщIэ щыдгъэувым деж, абы къыдэкIуэуи дытопсэлъыхь, зэпкърыдох, упщIэхэм жэуап ядотри, итIанэ Iуэхум иужь дохьэ. Абы сабийхэр нэхъ трегъэгушхуэ, я зыхэщIыкIым зрегъэужь, я пщэ дэлъ къалэнми нэхъ хуегъэхьэзыр. А цIыкIухэм я гур етауэ, я лъэр щIэлъэту, я нэгум гуфIэр кърихыу, екIуу утыкум къыщихьэм деж уи гур хэмыхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ахэрагъэнщ сэри къару къысхэзылъхьэр, - жеIэ Мущтэфар. 
Адыгэ щIалэр зи унафэщI ансамблыр хуабжьу жыджэрщ. Абыхэм щIэх-щIэхыурэ утыкушхуэхэм зыкъыщагъэлъагъуэ, къэрал, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэ куэдым я лъэгу щыщIагъэплъ, апхуэдэуи хамэ къэрал зыбжанэми щыIащ. Адыгэ щэнхабзэм и беягъымрэ адыгэ къафэхэм я дахагъымрэ Москва дэс ныбжьыщIэхэм щагъэлъэгъуащ Венгрием, Испанием, Алыджым, Болгарием. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми щекIуэкIа зэхыхьэхэм пашэныгъэ къыщахьащ. Нэхъ иужькIэ зыхэтахэм ящыщщ Санкт-Петербург, Тверь къалэхэр. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, 2026 гъэр ехъулIэныгъэшхуэкIэ иригъэжьащ ансамблым. Ар щытекIуащ «Лидеры страны» V дунейпсо грант зэпеуэ-фестивалым. Абы щызэпэщIэтащ Урысейм, СНГ-м къикIа гуп 53-рэ, абыхэм къафэ лIэужьыгъуи 157-рэ утыку кърахьащ. Батырым и гъэсэнхэм къафэ къуаншэ, мэздэгу къафэхэр ягъэзэщIащ. Ар икъукIэ гурыхь ящыхъуащ къэпщытакIуэхэм икIи хуэфащэу къалъытар «Дыщэ Гран-При»-ращ, апхуэдэу цIэ щхьэхуэкIэ къыхагъэщащ адыгэ гупыр - «За сохранение духа кавказской культуры в танце» щIыхь тхылъыр къратащ. 
- Сабийхэми, адэ-анэхэми, абыхэм ядэлажьэ сэри къыдбгъэдэкIыу жысIэнщи, япэ увыпIэхэр къызэрытхьым и закъуэкъым гукъыдэж къыдэзытыр, атIэ ди лъэпкъ къафэхэр къэпщытакIуэхэми къыдэплъхэми ягу ирихьу Iэгуауэшхуэ зэрытхуаIэтырщ, псалъэ гуапэхэр къызэрыджаIэрщ, щIыхь тхылъхэр къызэрытхуагъэфащэрщ. Абыхэм гугъэ дагъэщI къэрал щэнхабзэм ди Iыхьэ гуэр хэтлъхьэфу, лъэпкъым къыхуэщхьэпэн Iуэху длэжьыфу, - жеIэ Мущтэфар. 
Къалащхьэм щыIэ ансамблыр щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэ Москва дэт университетхэм. Абыхэм щеджэ ди щIалэгъуалэм сыт хуэдэ Iуэху еджапIэ нэхъыщхьэхэм къыщаIэтми, даIыгъ, лъэпкъ зэхыхьэхэр зэи благъэкIыркъым. Адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа щIалэ къуданхэмрэ пщащэ зэкIужхэмрэ сыт хуэдэ утыку ипшэми уагъэукIытэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адэ-анэм къыбгъэдалъхьэ гъэсэныгъэм щIыгъуу Мущтэфаи куэдым хуегъэIущ ныбжьыщIэхэр, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу цIыхухэм яхэтын папщIэ лъэкI къигъанэркъым. Нэгъабэ ВДНХ-м щекIуэкIа Мэкъумэш гъэлъэгъуныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей республикэхэм икIа лIыкIуэхэм я Iуэхухэм хэтащ ансамблыр, къэрал псор щызэхуэса утыкум адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэр, зыIыгъыкIэр щигъэлъэгъуащ.
Батырыр щылажьэ хэщIапIэм щIэх-щIэхыурэ адыгэ джэгухэр къыщызэрагъэпэщ. Абы кърагъэблагъэ Москва щеджэ, щыпсэу, щылажьэ щIалэгъуалэр, ахэр зэроцIыху, адыгагьэм адыгэ къафэм, хабзэм теухуауэ куэд къыщащIэ. 
2025 гъэм «Адыгэхэр» ансамблыр зэрызэхашэрэ илъэс 25-рэ ирикъуащ икIа ар Iэтауэ, гукъинэжу щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым. «Ди гуфIэгъуэ махуэшхуэр абы щыгъуэм къыддаIыгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм щыщ къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ. Концертыр къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъуащ КъБР-м, АР-м я сенаторхэу Къанокъуэ Арсенрэ Хъупсырокъуэ Муратрэ. Абыхэм фIыщIэшхуэ яхузощI», - жеIэ Мущтэфар.
Иджыпсту Батырым деж къокIуалIэ ныбжькIэ зэхуэмыдэ гупиплI: къэфэкIэ зэзыгъащIэ нэхъ цIыкIухэр, апхуэдэ гупыж зыщIа ныбжьыщIэхэр, ансамблым хэт къэфакIуэ сабийхэмрэ нэхъыжь гупымрэ. 
Гуп къэс мыхъуу, цIыху къэс бгъэдыхьэкIэ зырыз къахуегъуэт Мущтэфар. Уеблэмэ ар ядолажьэ нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIауэ адыгэ къафэм зыхуэзыгъэсэну хуейхэм. ИкIи жеIэ Москва еджакIуэ, лэжьакIуэ кIуауэ щыIэ, мы Iуэхум дихьэх дэтхэнэми я бжэхэр зэрыхузэIухар. 
Мущтэфар и лэжьыгъэр къыдагъэпсынщIэу сыт щыгъуи щIыгъущ цIыкIухэм я адэ-анэр. Утыку къихьэ ныбжьыщIэхэм фащэ хурагъэдынуми къыщыфэну пэшым пщIэ щIатынуми, псори адэ-анэм я пщэм къыдохуэ. Абы теухуауэ ди лъэпкъ хабзэ дахэр къалащхьэм щызезыхьэ, щэнхабзэр зыгъэлъагъуэ гуп телъыджэм ядэIэпыкъуну гупыж зыгуэрым ищIмэ, гуапэ лей ящыхъунущ. 
Батыр Мущтэфар зыпэрыт IэнатIэм зэрехъулIэр ансамблым и зэфIэкIхэм наIуэ пщащI. Ауэ абы хуэарэзы адэ-анэхэм, къехъуэхъу балигъхэм я бжыгъэр зэрыкуэдым къыбгурегъаIуэ къызэрымыкIуэу Iуэху щхьэпэ иужь зэритыр, куэдым ягу зэрыдыхьэр, лъэпкъым хуищIэ Iуэхутхьэбзэм и инагъыр.

 

 

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: