Адыгэбзэр макъыбзэщ

Адыгэм и бзэр, и хабзэр, и тхыдэр, и щэнхабзэр къызэдогъуэгурыкIуэ зэщIыгъуу. Анэдэлъхубзэм и хъуреягъэм къепщIэкIыжащ адрей лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ псори. Лъэпкъым и гур къеуэн папщIэ, абы бзэ Iурылъын хуейщ. Псалъэу, макъыу зэхэлъ къудейкъым, бзэр атIэ ар хьэл – щэнщ, шыфэлIыфэщ, хабзэ-нэмысщ, зыIыгъыкIэщ, акъылщ. Бзэм нобэ иIэ щытыкIэм, щIэблэм ар яIурылъын папщIэ зыхуекIуэн хуей Iэмалхэм, уадыгэным къикIым теухуауэ къыджаIам фыщыдогъэгъуазэ. 

Дзасэжь Ларисэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ и кафедрэм и унафэщI:
- Бзэр тхыдэ щIэинщ, псалъэкIэ бауэу. Абы къыпкърокI лъэпкъым и хьэл-щэныр, и гупсысэкIэр, и псэр. Бзэр тIурымылъмэ, лъэпкъыу дыщыIэфынукъым. ЗэрытщIэщи, ЮНЕСКО-м ди адыгэбзэр яхибжащ кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зиIэ бзэхэм. ДызыIут IэнатIэр гугъу пэтми, дэ Iэмал гуэрхэр диIэщ ди бзэр къедгъэлынымкIэ. Пэжым ухуеймэ, ди фIэщу зетпщытмэ, абы тхуэмыгъэзэщIэн хэлъкъым. Ауэ сыт – дызэкъуэувэн хуейщ абы папщIэ. Дауи щIыи, ди ныбжьым итхэращ абыкIэ жэуап нэхъ къызытехуэр – хэмыкIасэ щIыкIэ, хэкIыпIэу щыIэхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ. 

ПщыукI Латмир, дохутыр, усакIуэ:
- Псэ, зэхэщIыкI, щIэныгъэ зиIэу дунейм тет цIыхум бзэри къыфIэIуэхунущ. Урысыбзи, инджылызыбзи, франджыбзи фIыуэ зэригъэщIарэ, зи псэри къулей хъуа цIыхум, зыкъигъэзэнщи, и адэжьхэм я бзэр иджыжынщ, зэгуэр ар пэIэщIэу щытами. Апхуэдэ щапхъэ куэд щыIэщ. Зи Хэку щымыпсэу, къэралыбзэ зыбжанэми хуэшэрыуэ адыгэ щIалэхэр щыIэщ, анэдэлъхубзэр псом япэ ирагъэщу, иригупсысэу, ирипсалъэу. ЖысIэнуращи, зэхэщIыкI уиIэмэ, дэнэ щIыпIи ущыадыгэфынущ. Адэ си гум щыпIэжьажьэу зы зэхэщIэ гуэр сиIэщ, адыгэм нэплъэжыгъуэ диIэныр си фIэщ ищIу. Бзэр кIуэдыжыну си фIэщ хъуркъым, лъым и къарур апхуэдизкIэ лъэщщи.

ЕмкIуж Андзор, режиссёр:
- ЩIы хъурейм жыг лIэужьыгъуэ куэд ущрихьэлIэнущ. Иджы девгъэгупсысыт, лъэпкъ къэс зы жыг лIэужьыгъуэ хуэдэу. Адыгэм ди жыгыр си нэгум къыщыщIэзгъэхьэкIэ, мыпхуэдэ теплъэ изот: и лъэхъыцхэм куэдыщэ хэгъукIарэ, псэууэ къэна зыбжанэм зэрафIэщкIэ щIым зыхаукIауэ. Жыгыр нэхъри хэхъуэху, ар зыIыгъ лъэхъыц мащIэм нэхъри къатехьэлъэу. Псы хуэлIэурэ гъуж жыгымкIэ сыт къэзгъэлъагъуэр жыпIэмэ, - бзэр, хабзэр, щэнхабзэр. 
Дэ мы зэманым мыпхуэдэ щытыкIэ дитщ: ди тхыдэм дропагэ, ди адэжьхэм я лIыгъэм дытепсэлъыхьыжурэ абы дыкъыкъогушхукI, ди блэкIам лъапIэныгъэу хэлъар къыдгуроIуэ. Ауэ, дэ езыхэр, нобэ щыIэхэр - щэ?! Дыхэт, сыт тхузэфIэкIыр? Пэжым ухуеймэ, дэ иджыри диIэщ Iэмал ди лъэпкъ жыгым псэ хэтлъхьэжыну, къару еттыжыну. АбыкIэ жэуап дохь.

Шыбзыхъуэ Залинэ, дэрбзэр, IэпэIэсэ:
- Бзэр сыт? Ар грамматикэ къудейкъым, дауи. Куууэ зыгуэр хэлъщ. Адыгэбзэр макъыбзэщ, макъ къэси езым и мыхьэнэ иIэжщ – ар ди бзэм и щхьэхуэныгъэхэм ящыщу къызолъытэ. Бзэм къыхощ хабзэ-щэнхабзи, акъыли, псэи. Бзэуэ щыIэр дахэщ. 

Пащтыкъ Анфисэ, ЩоджэнцIыкIу алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым и артисткэ:
- Ди анэдэлъхубзэм и Iуэхур хэплъэгъуэщ. Дэ къедгъэлыну къытщогугъ ар. Сабийм и бзэр тыншу Iэпызыудыфын щхьэусыгъуэ куэди щыIэщ. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ телефонкIэ ахэр зэплъ таурыхъхэр. Абы тету псэлъэн щIадзэ. Урысыбзэр тыншщ, къэпхъуэтэгъуафIэщи, сабийм щIэхыу зрегъащIэ. сэ сцIыхухэм ящыщу зыгуэрым «адыгэбзэр сыт зэращIынур ди сабийхэм?» жаIэмэ, сапэроуэ. 
Сэ езыр сыанэщ: щIалитIрэ хъыджэбзрэ диIэщ. Адыгэ анэм жэуапышхуэ щехь лъэпкъым и пащхьэм. Тыншу жысIэркъым абы и къалэнхэр, сэ згъэунэхуащ ар. Ауэ Iэмал сыхуокIуэ. Унэм адыгэбзэкIэ ди бынхэм дазэрыщепсалъэм нэмыщI, пщыхьэщхьэкIэрэ ди бзэмкIэ таурыхъ дыкъоджэ.

Къунаш Анзор, IT-м и лэжьакIуэ:
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ долъагъу дунейм тет бзэ куэдыр, ди адыгэбзэри абы яхэту, зэрыдэхуэхыр. Убыхыбзэм и щхьэ кърикIуам хуэдэ адыгэбзэм къылъэмыIэсын папщIэ, ар тхъумэнымрэ къедгъэлынымрэ хуэныкъуэщ. Иджырей технологиехэм егъэлеяуэ щIэхыу зэрызаужьым и фIыгъэкIэ, бзэр хъумэным теухуауэ щыIэ Iэмалхэри нэхъыбэ мэхъу. Нэхъыщхьэжращи, дэ тщыщ дэтхэнэми Iэмал иIэщ Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуищIыну. Адыгэбзэм теухуауэ сэри нэгъуэщIхэми тщIахэм куэд къызэрыхыхьэр, зэрыхэлэжьыхьыр, ар зэрафIэгъэщIэгъуэныр щыхьэт тохъуэ адыгэгу-адыгэпсэр, лъэпкъыбзэмрэ ди щэнхабзэмрэ зыхъумэну хуейхэр зэрымымащIэм. Си фIэщ мэхъу адыгэбзэр зэрытхуэхъумэнури зэрытхуэгъэлъэщэнури!

Бжьэдыгъу Аксанэ, бухгалтер:
- Сэ адыгэбзэм дэни сынехьэс! Дэнэ щIыпIэ сыкIуэми, адыгэбзэщ сызэрыпсалъэр, Iэмал иIэххэмэ. Инджылызыбзи сощIэ хъарзынэу, тыркубзэми хызощIыкI, ауэ адыгэбзэкIэ псэлъэн щIызодзэ. Сыт сыщIэмыпсэлъэнури! Си адыгэбзэм си Iэпэтэрмэшыр щIызогъури, сызыхуейр зыжесIэм къыгуроIуэ. Сэ, псалъэм папщIэ, Истамбыл сыдэтмэ, абы сыт хуэдэ лъэпкъи сыщыхуэзэфынущ. Абы и бзэр щхьэ сэ къэслъыхъуэн хуей?! Бэзэрым сытехьэми, аращ: «ЛIо, мыбы жыпIэр?», «Сыт и уасэр?» -жызоIэри сытетщ. 
Iэпщэ Анзор, пшынауэ, усакIуэ:
- Къуажэм удэсу, анэдэлъхубзэр умыгъэшэрыуэу хъурэ?! Адыгэ усэхэм сытым дежи сфIэфIт сыкъеджэну. Интернетми куэд ущыхуозэ. Псалъэм папщIэ, ХьэIупэ Заур инстаграммым щиIэ напэкIуэцIым седжэн сфIэфIщ, абы адыгэ дунейм удезыгъэхьэх куэд кърелъхьэ. Си фIэщ хъуркъым сызэмыплъа итуи. ХьэIупэ ДжэбрэIил деж сыкIуэри, сыбгъэдэсащ, зэман къыстригъэкIуадэу лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ я гугъу къысхуищIащи, гуапэу си гум къинащ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: