Нэхъыщхьэр къыщIэхуахэм ядэIэпыкъунырщУрысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гъатхэпэм и 12-м ягъэлъэпIащ я махуэшхуэр. Мы гъэм илъэси 147-рэ ирокъу ФСИН-р къызэрызэрагъэпэщрэ. Республикэм щыIэ пенитенциар къудамэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Демидов Александр топсэлъыхь а IэнатIэм и мурадхэмрэ я къалэнхэмрэ, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр - къыщIэхуар гъуэгу захуэм тегъэувэжынырщ.
- Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэр лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм нэблэгъауэ щыIэщ ди къэралым, - жеIэ къэрал кIуэцI къулыкъум и полковникым. - 1879 гъэ лъандэрэ мурад нэхъыщхьэр суд зытращIыхьахэм я щыуагъэр зыхащIэжу, фIыкIэ захъуэжу цIыху нэсу жылагъуэм яхыхьэжынырщ. Абы ехьэлIауэ ФСИН-м хэкIыпIэ зэхуэмыдэхэр къегъэсэбэп. Ди дежкIэ хабзэм ебэкъуахэр гъуэгу захуэм тегъэувэжынымкIэ Iэмал нэхъыщхьэр сыт жыпIэмэ - ар лэжьыгъэщ. КъБР-м щыIэ IуэхущIапIэхэм ягъэтIысахэр щолажьэ IэнатIэ зыбжанэм. Щыдэ цеххэм, пхъэм, гъущIым щелэжьхэм, мэкъумэш хозяйствэм, нэгъуэщIхэми. Мис абыхэм пэкIуэу улахуэ яIэрохьэ, я унагъуэхэм ядэIэпыкъуным къыдэкIуэу, ятелъ щIыхуэр япшыныж.
Апхуэдэуи гулъытэ хэха худощI суд зытращIыхьахэм гъэсэныгъэ, психологие, социальнэ я лъэныкъуэкIэ дадэлэжьэным. Ахэр реабилитацэ курсхэм пхокIри, зытхьэкъуа мыхъумыщIагъэхэр къызэранэкI, фадэхэкIымрэ наркотикхэри абыхэм хыхьэу. Дин зыIыгъхэм Iэмал яIэщ щIыпIэм щыIэ мэжджытым, члисэм кIуэну, дин лэжьакIуэхэм яхуэзэну. ЯгъэтIысахэр спорт, театр, художественнэ кружок зэхуэмыдэхэм макIуэ. Ахэр хуитщ суд зытращIыхьахэм ирагъэкIуэкI урысейпсо конкурсхэмрэ зэхьэзэхуэхэмри хэтыну.
Демидов Александр къызэрыхигъэщащи, тезырыр езыхьэкIхэм еджэным щыпащэфынущ школым (языныкъуэхэр хунэсакъым курыт щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну), зыхуей IэщIагъэм хэзэгъэну, къэрал дипломым хуэдэкIэ щIэгъэбыдауэ. Ар сэбэпщ хуит хъужа иужькIэ IэнатIэ къигъуэтынымкIэ.
Иджыпсту заубгъу къуэншагъэ зыщ1ауэ суд зытращIыхьыр хагъэзыхьу гъэлэжьэныр, абы къыхэкIыу къэрал псом тезырыр щагъэзэкIуэж центрхэм, ди республикэри хыхьэу къыщызэрагъэпэщ. Къэбэрдей-Баплъкъэрым апхуэдэ зы центррэ абы ещхь участки 4-рэ щолажьэ. ЦIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ папщIэ ахэр щыIэщ Прохладнэ, Шэджэм районхэм, Налшык къалэ. Суд зытращIыхьахэр хэкъузауэ ягъэлажьэ. Ди щIыналъэм ахэр щыпэрытщ щыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным, продукцэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэгъэкIын Iуэхухэм. Къыхэзгъэщынщи, тезырыр щрахьэкI зэманым лэжьыгъэкIэ къызэдгъэпэщахэм ящыщ куэдыр абыхэм къыщонэж хуит хъужа иужькIи икIи ар сэбэп яхуохъу аргуэру щIэпхъаджагъэ ямылэжьынымкIэ. Ар къыщIыхэзгъэщырщи, щыIэщ къытрагъэзэжурэ хабзэм ебакъуэхэр, хуит хъужа иужькIэ илъэс бжыгъэкIэ зыкъащIэжыфыркъым – дунейм зихъуэжащ, зэпыщIэныгъэхэр яфIэкIуэдащ, унагъуэхэр лъэлъащ, ахъшэ яIэкъым апхуэдэхэм. Аращи, лэжьыгъэ тэмэм уиIэмэ, улахуэм и хэкIыпIэщ, икIи мыбдежым щынэхъыщхьэр хабзэм емыбэкъуэнырщ.
- Дауи, дэ жытIэркъым псори зэпэщу, - жеIэ Демидов А. - Ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэр зэрыгугъур икIи щытыкIэ хэхауэ зэрыщытыр. Абы къытхуегъэув зэкъуэту дылэжьэныр, тегушхуэныгъэ, жэуаплыныгъэ тхэлъыныр, IэщIагъэм дыхуэIэзэныр. Ауэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым цIыхугъэри. ЩIэпхъаджагъэ хьэлъэхэр зылэжьа рецидивистхэр, я щIалэгъуэу е делагъэкIэ лъэпэрэпахэри яхэтщ абыхэм. Къытезгъэзэжынщи, дэ тезыр ятетлъхьэркъым, атIэ суд унафэр дгъэзащIэу аращи, ди къалэнщ гуапагъэрэ дэчыхыныгъэрэ тхэлъыныр, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ къыхуэгъуэтыныр. Абыхэм къагурыгъэIуэн хуейщ: ФСИН-м и офицерхэр езыхэм я бийкъым, атIэ хабзэ яхэлъу гъащIэм хэгъэзэгъэжынымкIэ драдэIэпыкъуэгъуу аращ. А гъуэгум дрокIуэ Урысейм и хабзэмрэ цIыхумрэ яхуэлэжьэныр къыхэтхауэ. Къэралым дэ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн пщэрылъ къытщещI тезырыр щагъэзэкIуэж IуэхущIапIэхэм шынагъуэншагъэрэ хабзэрэ щыIэным ехьэлIауэ. Ди махуэр щыдгъэлъапIэм фIыщIэшхуэ яхузощI КъБР-м и УИС-м и ветеранхэм, я IэщIагъэм зэрыхуэпэжым, я зэфIэкIымкIэ лэжьакIуэщIэхэм ядэгуэшэну зэрыхьэзырым папщIэ. МыкIуэдыжыну ди гум илъщ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда ди лэжьэгъухэр.
Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэрэ зэIузэпэщыгъэрэ яIэну, Хэкум екIуу хуэлэжьэну си гуапэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




