Гупсысэр - псалъэкIэИнтернетыр нобэ къызэрыдгъэсэбэп IэмалыфIхэм ящыщщ ди Iуэху еплъыкIэ абы къызэрыщыдгъэлъэгъуэфыр, мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм цIыхухэм гу зэрыщылъедгъэтэфыр. Ди анэдэлъхубзэм хуэтщI пщIэм, ди зэманым абы и Iуэху зыIутым теухуа гупсысэщ мы тхыгъэмкIэ Шыбзыхъуэ Астемыр дызыщигъэгъуазэр. …ЗэрыжаIэмкIэ, дунейм лъэпкъ миным щIигъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщыкIыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, я теплъэкIэ зэщхькъым - хэт цIыкIущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт щхьэц фIыцIэщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэкIэ зэщхьщ. Лъэпкъхэр, дауи, зэщхьэщокI я хабзэкIэ, дуней тетыкIэкIэ, ауэ зи дуней тетыкIэ зэщхь лъэпкъхэри куэдыкIейщ. НтIэ сыт къэнэжыр? СыткIэ зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къызэрыщхьэщыбгъэкIынур? Зыщ - ар зэрыпсалъэ бзэрщ. Аращ лъэпкъыр зыгъэлъэпкъри, мы дунейм ухэтми укъызэрыщацIыху Iэмалри. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, совет зэманым щыIа «Адыгэбзэм къалэ КIыхь уфIигъэкIынукъым» жыIэгъуэр иджыри адыгэм и щхьэм имыкIауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт утохъуэ. ИкъукIэ узыгъэнэщхъей, узыгъэгумэщI Iуэхущ ар. КIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу урысыбзэкIэ зэпсалъэ адыгэхэр. Япэм апхуэдэм ущрихьэлIэу щытар къалэхэрамэ, иджы къуажэдэсхэми абы и лъэныкъуэкIэ зыкIи зыкъыкIэрагъэхуркъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адыгэбзэкIэ зи сабийм емыпсалъэ адэ-анэхэр куэд хъуащ. Унагъуэ къэс уихьэу, уи хабзэ пхуилъхьэнукъым, цIыху къэси я зэхэщIыкIым зыпхуегъэхъуэжынукъым. Адыгэбзэм и пщIэр едгъэхуэхым едгъэхуэхыурэ сыт дызыхуэкIуэнур итIанэ?! Си щхьэкIэ сыхуейтэкъым ди иужькIэ къэкIуэну щIэблэм ягу дыкъыщагъэкIыжкIэ, «ди анэдэлъхубзэр зыгъэкIуэда щIэблэ мыхъумыщIэ» къытхужаIэну. Зи бзэр зыфIэкIуэда лъэпкъхэр куэдыкIейщ. Абыхэм къакIуа гъуэгуанэри наIуэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящIахэмкIэ загъэсэж, дерс къыхахри, адэкIэ Iуэхур ягъэзэхуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр фIэкIуэдауэ ар къэзыщтэжыфар. Зи гугъу сщIыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэфIэкIауэ нэгъуэщI зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащIытетхын щыIэкъым. Лъэпкъ губзыгъэхэм адрейхэм я щыуагъэр дерс яхуохъу, апхуэдэ къамыгъэхъуну иужь итщ. Адыгэми аращ тщIапхъэр, ди къэкIуэнур дахэ хъуну дыхуеймэ. «КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, хэкIынущ си адыгэпсэр» - аращ мы Iуэхум кIэщIу, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жыIэн хуейр. ХэкIащ апхуэдэу адыгэм ди зы къуэш лъэпкъым и псэр. Зи гугъу сщIыр убыххэр зэрыарар, дауи, гурыIуэгъуэщ. Адыгэ Iуэхум иригузавэ дэтхэнэ зы цIыхуми и гур щIэмыузынкIэ Iэмал иIэкъым мы лIакъуэ уардэм и щхьэм кърикIуа насыпыншагъэм. Убых лъэпкъым и гур къеуэн щIыщигъэтам щхьэусыгъуэ куэд иIэщ. Абыхэм ящыщщ псори Уэсмэн къэралыгъуэм Iэпхъуэн хуей зэрыхъуари, абы Iэпхъуа нэужь, зэрызэкIэщIачари, тыркухэм я къэралыгъуэм щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэм ятеухуауэ ирагъэкIуэкIа политикэ гущIэгъуншэри. А псори зэхыхьэжри, убыххэр кIуэдыпащ. Тевфик Эсенч иужькIэ зыри а бзэ жьгъырум ирипсэлъэжакъым. Абдеж ди къуэш лъэпкъым и псэр хэкIауэ ябжын щIадзащ. Убыххэр адыгэ лIакъуэ инхэм ящыщу щытащ. Абы ущегупсыскIэ, псори кIуэдыжауэ фIэщ щIыгъуейщ. Дауи, абы зыгуэр къэнащ, Тыркуми иджыри щыпсэууэ жаIэ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр псоми яIэщIэхуащ. «Бзэр кIуэдмэ, лъэпкъыри мэкIуэд», - щIыжаIэр аращ. Убыхыбзэр кIуэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр - лъэпкъращ. Лъэпкъыр - бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ. Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ кIанэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщIэращIэурэ, нэхъ къулей ящIурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэкIуэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужькIэ псэунухэм я пащхьи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэкIуэн иIэнуми имыIэнуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ Iуэхур зи IэмыщIэ илъыр. Апхуэду щыщыткIэ, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр - дыкъэушыжу бзэ Iуэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэ аращ. Сыхуейт Иуан Бубэ и усэкIэ си тхыгъэр сыухыну:
Уи анэбзэр гъафIэ, Ар бгъэ дамэу шэщI. Адэжь и жьэгу мафIэ Пхуахъумам ар пэщI.
Пхуахъумащ адэжьхэм Бзэм я нэхъ къулейр. Зи бзэ зымыджыжхэм Зэи уадэмыплъей.
Зи бзэ хуэмеижыр - Ар лъэпкъыншэ мэхъу. Зи лъэпкъ Iуэху еижыр ГъащIэм къегъэщIэхъу.
Бзэр IэщIыбмэ - йобэ, Мэхъу тэджыжыгъуей. Ар тхъумэныр нобэ Iущагъ псом я лейщ.
Адыгэбзэр гуапэщ, ЛантIэщ икIи лъэчщ. Дыгъэ налъэу хуабэщ, Уи псэм и данлъэчщ.
Уи анэбзэр гъафIэ, Ар бгъэ дамэу шэщI. Адэжь и жьэгу мафIэ Пхуахъумам ар пэщI. КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




