Уралым щыщхэри къыдахьэх

2030 гъэм ирихьэлIэу Урал федеральнэ округым къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэ туристхэм я бжыгъэм хуэдитIкIэ хагъэхъуэн мурад щыIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу, а щIыналъэм и цIыху мин 50-м нэблагъэ ди деж щыхьэщIащ нэгъабэ. Псори зэхэту республикэм къакIуэхэм я проценти 2,5-рэ хъууэ аращ ар. 
Псыхуабэ къалэм щыIэ «ТАСС Кавказ» хъыбарегъащIэ центрым телелъэмыж жыпхъэм иту иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэту апхуэдэ бжыгъэхэр къихьащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр. Ар теухуат Урал, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэхэм зэхуаIэ зэпыщIэныгъэхэм.
НобэкIэ, УралымкIэ къикIыу ди республикэм къакIуэхэм я нэхъыбэр зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, къыщIыхахри - ди санаторэхэмрэ курортхэмрэ я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъын, ар зэтрагъэувэжын щхьэкIэщ. Ауэ гугъэ щыIэщ абыхэм я щIалэгъуалэмрэ турист зыплъыхьакIуэхэмрэ я бжыгъэм къыхагъэхъуэну. 
Быф Аскэр къыхигъэщащ, ди щIыналъэм къакIуэхэм я нэхъыбэм «Iуащхьэмахуэ» курортымрэ «Налшык» къалэ-курортымрэ нэхъ къызэрыхахыр, автомобиль туризмэм зрагъэужьын мурадкIэ, километри 140-рэ зи кIыхьагъ гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщыжар. Апхуэдэуи, ди республикэм зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэр ди псы хущхъуэхэм (ахэр I00-м щIегъу) зэрыдахьэхым шэч къытрахьэркъым. 
 
  Хэхъуэр мащIэкъым
2026 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм продукцэу къыщIагъэкIам и куэдагъым фIыуэ хагъэхъуащ, къитащ иджыблагъэ Росстатым.
ЖыпIэнурамэ, республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту лырэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) къалэжьам процент 18,3-кIэ, гъэшым проценти 6,5-кIэ хагъэхъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам елъытауэ. Ауэ, хэхъуэр куэду зэраIэр джэдыкIэмкIэщ: хуэдитIым щIигъукIэ нэхъыбэ кърахащ абыхэм. 
Дызэрыт илъэсым и япэ мазэм лырэ джэдкъазылу республикэм къыщалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мини 3,8-рэ, гъэшу къашащ тонн мини 5-м щIигъу, джэдыкIэу кърахащ мелуани 7,1-рэ. 
 
Бахъсэн щIыналъэр япэщ
2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм лырэ джэдкъазылу къалэжьам и куэдагъымкIэ Бахъсэн районыр япэ ищащ. Абы и мэкъумэш, уней, фермер IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту къалъэщащ лырэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) тонн мин 27,I-рэ икIи 2024 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ процент 22-кIэ ар нэхъыбэщ, къитащ иджыблагъэ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм. 
Шэрэдж щIыналъэм Iэщ гъэхъун и IэнатIэр етIуанэ хъуащ: 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ нэгъабэ къищIагъэкIа продукцэм процент I9,8-кIэ хагъэхъуащ. Ещанэр Прохладнэ районырщ – процент 16,1-рэ хэхъуэу иIэу. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лырэ джэдкъазылу къыщалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мини 157,3-рэ е 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 101,7-кIэ хуэкIуэу.
 
Элетрокъарур ирашалIэ
2025 гъэм «Россети Кавказ Ищхъэрэ» IуэхущIапIэм и «Къэббалъкъэнерго» къудамэм и кIапсэхэм падзащ республикэм и IуэхущIапIэрэ унагъуэу 2604-рэ икIи псори зэхэту мегаватт 92,6-рэ и лъэщагъыу абыхэм яритащ. Ар процент 23-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым елъытауэ. 
Энергетикхэм электрокъарур ирашэлIащ ди щIыналъэм социальнэ мыхьэнэ зиIэ и IуэхущIапIэу 25-м, Налшык къалэм лъыр щагъэкъабзэ и центрыр, Псынабэ къуажэм и курыт еджапIэр, Бахъсэн къалэм и сабий садыр, Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр, Красноармейскэ, Куба, Шордакъ жылэхэм я мэжджытхэр яхэту. 
Къыхэдгъэщынщи, цIыхухэм я Iуэхур нэхъ тынш ищIу, «Россети» компанием «Портал-ТП.РФ» и интернет-сайтым езыхэм я «пэшхэр» къыщызэIуахыж хъуну Iэмалхэр яритащ, ахэр зыхуэныкъуэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ лъэIухэр ягъэхьын хуэдэу. 
 
Илъэсым и япэ мазэм
2026 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексым проценти 4,I-кIэ хэхъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ.
Хэхъуэ нэхъыбэ яIащ продукцэ зэхуэмыдэхэр къыщIэзыгъэкI, абыхэм елэжь IэнатIэхэм – проценти 101,8-рэ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хагъэхъуащ щэкIхэкIым, щыгъыным, ухуэныгъэ материалхэм (гъущIхэкIхэр хэмыту), гипсым, абджым, гъущIым къыхэщIыкIа продукцэ хьэзырхэм, медицинэ оборудованэхэм, автотранспортым, унэлъащIэм, нэгъуэщIхэми я куэдагъым. 
 
Метр зэбгъузэнатIэу мин 579-рэ
2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм хэхъуэфIхэр къигъэлъэгъуащ икIи а лэжьыгъэхэм псори зэхэту сом мелард 45,8-рэ къыпэкIуащ. Абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 2-кIэ нэхъыбэщ ар. 
«ПсэупIэ» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ псэупIэу яухуащ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 642,5-рэ икIи 2024 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 5,2-кIэ ар нэхъыбэщ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу яIэтащ къат куэду зэтет унэу 43-рэ, фэтэру 3545-рэ хэту, псори метр зэбгъузэнатIэ мин 222,5-рэ хъууэ.
Унагъуэхэм нэгъабэ яухуащ унэу 3131-рэ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 420-рэ хъууэ.
Лъэныкъуэхэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 2026 гъэм, «ПсэупIэ» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, республикэм псэупIэу щаухуэнущ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу мин 579-рэ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: