КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Джатокъуэ Олег Уэлий и къуэр ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм и къэкIуэнум псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ еджагъэшхуэхэм. ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ, адыгэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ щызыгъэIуф IэщIагъэлIыр УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. ЗыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, Джатокъуэр пщIэ хуащIу хагъэхьащ Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием. ЩIэныгъэ дунейми жылагъуэми пщIэшхуэ щызиIэ цIыху щыпкъэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 65-рэ ирокъу.
Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм 1961 гъэм и гъатхэпэм и 21-м къыщалъхуащ Джатокъуэ Олег. Абы и адэ-анэу Уэлийрэ Данизэтрэ жылэм пщIэрэ нэмысрэ щызиIэ нэхъыжьыфIхэу дунейм тетащ. Зэщхьэгъусэхэм я бынищым я курытщ Олег. Къэзыухъуреихь дунейр, гъащIэм и зэхэлъыкIэр зыфIэхьэлэмэт, щIэныгъэм и нэхум зи гур игъэхуабэ щIалэм жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым (абы щыгъуэ академиет) щIэтIысхьащ. Студент илъэсхэр купщIафIэу, жыджэру ирихьэкIащ адыгэ щIалэщIэм. 1985 гъэм Джатокъуэм еджэныр зэфIихащ, зооинженер IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтауэ. Горькэ областым хыхьэ Сергачевскэ районым щызэхэт «Восход» колхозым зоотехник нэхъыщхьэу илъэскIэ щылэжьа нэужь, щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ Олег. Абы мурад ищIат бгъэдэлъ Iэзагъым, зэфIэкIым адэкIи хигъэхъуэну.
Куэд дэмыкIыу ар щIэныгъэ лэжьакIуэу ирагъэблэгъащ опытхэр щрагъэкIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш станцым Iэщ гъэхъунымкIэ и къудамэм. ИужькIэ илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ нартыху гъэкIынымкIэ Урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым ди щIыналъэм щиIэ IуэхущIапIэм. I990 гъэм Олег лэжьыгъэм щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым генетикэмкIэ и кафедрэм. Гурэ псэкIэ зи IэнатIэм бгъэдэт лэжьакIуэ гумызагъэм абы къыщикIуащ гъуэгуанэ купщIафIэ, ассистентым къыщыщIэдзауэ профессорым нэс. Дзыхь къыхуащI дэтхэнэ къалэнри къызыхуэтыншэу, щытхъу пылъу, жэуаплыныгъэр зыхищIэу игъэзащIэрт Олег.
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм я пэщIэдзэм ар щIэтIысхьащ аспирантурэм. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ икIи иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр щызэхуэхьэса щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIи и къалэмыпэм къыпыкIащ. Горький къалэм дэт къэрал мэкъумэш университетым Джатокъуэм 1994 гъэм хъарзынэу щыпхигъэкIащ и диссертацэр икIи «мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат» цIэр къыфIащащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым ар хахащ зыщылажьэ кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьу, иужькIэ абы и доцент хъуащ. «Зоология», «Ветеринарная генетика», «Современные проблемы зоотехнии» щIэныгъэ унэтIыныгъэхэмкIэ студентхэм курсхэр ядезыгъэкIуэкI, лекцэ купщIафIэхэм къахуеджэ щIэныгъэлIым 2000 гъэм ирихьэлIэу игъэхьэзыращ доктор диссертацэр. Ар Джатокъуэ Олег ехъулIэныгъэкIэ Москва щыпхигъэкIащ а илъэс дыдэм. А лэжьыгъэм пщIэшхуэ щиIащ щIэныгъэ дунейм. Биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор хъуа IэщIагъэлI Iэзэм УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ «профессор» цIэ лъагэри къыфIащащ. Адыгэ щIалэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр къэралми лъэпкъ щIэныгъэми яхуэщхьэпэу къалъытэри, Джатокъуэ Олег куэд дэмыкIыу РАЕН-м хагъэхьащ.
ЩIэныгъэлI Iэзэр, къэхутакIуэ емызэшыр, егъэджакIуэ гумызагъэр апхуэдэуи лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэщ. Абы и щыхьэтщ ар илъэс куэдкIэ мэкъумэш университетым и зооинженер факультетым и декану зэрыщытар. IэщIагъэлIыр мы гъэм илъэс 40 мэхъури щолажьэ а еджапIэ нэхъыщхьэм. Абы и щIыбагъ къыдэлъщ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, методикэ, педагогикэ мылъкушхуэ. Профессор цIэрыIуэм и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд. Абыхэм я бжыгъэр псори зэхэту 320-м щIегъу. Джатокъуэм и унэцIэр зыщIэлъ лэжьыгъэхэм яхэтщ монографие щхьэхуэхэри, щIэныгъэ-методикэ пособиехэри, студентхэр зэрырагъаджэ тхылъ хьэлэмэтхэри, нэгъуэщIхэри. Абы и къалэмыпэм къыпыкI лэжьыгъэхэм пщIэ щагъуэт щIэныгъэ дунейм. Абыхэм ящыщ куэд къытрадзэ Scopus, Web of ScIense библиографие, реферативнэ дунейпсо базэхэм хыхьэ щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм. А къыдэкIыгъуэхэм уи тхыгъэ къытрадзэн щхьэкIэ, дызэрыщыгъуазэщи, щIэныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ еплъыкIэщIэ гуэр абы хэлъын хуейщ, ар къызыхэщ рецензэ купщIафIэри щIыгъужу. Апхуэдэ пщIэ лъагэр щIэныгъэ дунейм хуэфащэ дыдэу къыщыхуащI лъэпкъ IэщIагъэлIым.
Джатокъуэм пщIэрэ нэмысрэ щиIэщ зыхэт гупым. Апхуэдэу ар куэдрэ ирагъэблагъэ ди къэралми хамэ щIыналъэхэми щекIуэкI щIэныгъэ зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Олег и Iуэху еплъыкIэхэр куэдым яфIэхьэлэмэтщ, щапхъэу, мардэу ягъэлъагъуэу. Биологиемрэ мэкъумэш IэнатIэмрэ заужьыным епха щIэныгъэ-къэхутэныгъэ инхэр зи щIыбагъ къыдэлъ адыгэ щIэныгъэлIым къыхуагъэфэщащ академик цIэрыIуэ Вавилов Николай и цIэр зезыхьэ дыжьын медалыр, абы щыхьэт техъуэ тхылъри щIыгъужу. 20II гъэм абы къыфIащащ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъагэр, къыхуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. Джатокъуэ Олег и цIэр иратхащ Дунейпсо библиографие щIэнгъуазэм. Ар хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Дон къэрал мэкъумэш университетхэм доктор, кандидат лэжьыгъэхэр пхыгъэкIынымкIэ я диссертацэ советхэм.
Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм зи зэфIэкIрэ акъылрэ езыхьэлIэу лъэ быдэкIэ гъащIэм хэт еджагъэшхуэм дохъуэхъу ефIакIуэу, узыншэу, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэу иджыри куэдрэ и IэнатIэм пэрытыну, и унагъуэ дахэм яхуэпсэуну.