Мэкъумэш щIэныгъэри я тегъэщIапIэу

ЩIы Хъурейм и гравитацие губгъуэр е, нэгъуэщIу жытIэмэ, зыщIэзышэ и къарум и къэухьыр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къызэрыщыкIуэр, бгыхэм, къуэладжэхэм, мэзхэм, псыхэм, губгъуэхэм, нэгъуэщIхэми инагъ-цIыкIуагъ и лъэныкъуэкIэ я зэхэлъыкIэр картэрэ сурэту тхылъымпIэм зэрытрагъэзагъэ бгъэдыхьэкIэхэр зыдж щIэныгъэщ геодезиемрэ картографиемрэ.
Математикэмрэ физикэмрэ лъабжьэ зыщIа а унэтIыныгъэр япыщIащ гъавэ тесэкIэм, ар щащIэ щIыгум кIэлъыплъынымкIэ IэщIагъэхэми геологие, географие, геоботаникэ щIэныгъэхэми. 
Геодезиер къыщыбгъэсэбэп мэхъу астрономиеми геофизикэми, мэкъумэш хозяйствэм щIы Iыхьэхэр щыгуэшынымрэ псыщIэгъэлъадэм пыщIа IуэхугъуэхэмкIи. 
Картографиемрэ геодезиемрэ щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр зэгъэзэхуэнымкIи, щIым пыщIа Iуэхухэм заузэщIынымкIи, инженер лэжьыгъэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщызэгъэпэщынымкIи, экономикэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм заужьынымкIи, къэралым шынагъуэншагъэ щыщыIэнымкIи сэбэпышхуэ зэрыхъури къыхэгъэщыпхъэщ. Дгъэбелджылымэ, картографием и къалэн нэхъыщхьэхэм язщ ЩIы Хъурейм и зы дэтхэнэ къуэгъэнапIэри IупщIрэ нахуэу щызэхэпцIыхукI картэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхэгъэувэныр. 
Тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр
Пасэм псэуа лъэпкъыжьхэми къагъэсэбэпырт щIыгум и зыкъэIэтыкIэ-ехуэхыжыкIэ хуэдэхэр зыгъэнэрылъагъу нагъыщэхэри, гъуэгугъэнахуэ папщIэу зэхагъэувэ тхыпхъэщIыпхъэхэри. Уеблэмэ, мывэм, жыгым, фэм тращIыхь къитхъэ-нитхъэхэмкIэ ягъэнаIуэрт укъыщыувыIэ, нэху укъыщекI, ущыщакIуэ хъу щIыпIэхэр. Ахэр апхуэдизу Iэзагъэ ин хэлърэ гъэхуауэ зэхагъэувэрти, ноби зылъагъухэм телъыджэ ящохъу.
Ди къэралым геодезиер зищIысым щыгъуазэ зыщI тхылъ щхьэхуэ япэу къыщыдэкIар Грозный Иван и тетыгъуэрщ (1530 - 1584 гъэхэр).
Картографием и гугъу тщIымэ, Мэзкуу пщыгъуэм и пэщIэдзэ зыужьыгъуэм зыIэригъэхьэу щIидза щIыналъэхэр щагъэбелджыла, сурэт щIыкIэу зэхагъэува япэ къитхъэ-нитхъэр тхылъымпIэм щытрагъэзэгъар 1497 гъэращ. 
Къызэрыунэхурэ и гъунапкъэхэм зэригъэкIуэтэным Урысей къэралыгъуэр сытым дежи яужь итащ. Псом хуэмыдэжу, ар абы нэхъ къыщехъулIар XVI - XVII лIэщIыгъуэхэращ. Мэзкуу пщыгъуэу къэунэхуа къэралыгъуэщIэм илъэс щэ ныкъуэм къриубыдэу КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щIыналъэ абрагъуэхэр щызыIэригъэхьащ. 
Зауэшыхэмрэ зекIуэлIхэмрэ къахутэ щIыгухэр зыгъэнаIуэ тхыпхъэщIыпхъэхэр апхуэдизу щIэщыгъуэти, Европэм щыIэ картографхэм, этнографхэм, тхыдэджхэм, географхэм алъандэрэ къагъэсэбэпа картэхэм зэхъуэкIыныгъэ къызэрымыкIуэхэр халъхьэжын хуей хъурт.
Петр Езанэм и лъэхъэнэращ дунейм къыщытехьауэ ябжыр «картэр дзэм и гъуазэщ» псэлъафэр. КъэралыгъуэщIэм щIыналъэу иIыгъыр тхыпхъэщIыпхъэкIэ къэгъэлъэгъуэным хуэгъэза япэ лэжьыгъэр Урысейм щрагъэкIуэкIащ  1720 гъэм щыщIэдзауэ 1744 гъэ пщIондэ. Ауэ, геодезие-картографие унэтIыныгъэм нэгъэсауэ къулыкъу «къыщыхаIущIыкIар» фIыуэ нэхъ гувауэщ: 1919 гъэм, Ленин Владимир и гукъэкIкIэ, геодезие IуэхущIапIэ нэхъыщхьэ щызэтегъэувэным хуэгъэзауэ РСФСР-м и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советым унафэ щхьэхуэ къищта иужькIэщ. 
УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм Геодезиемрэ картографиемкIэ федеральнэ агентствэр 2008 гъэм иратыжащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, гъатхэпэм и 1-м къыщегъэжьауэ, зи гугъу тщIы IэнатIэм и къалэнхэр къэралым РегистрацэмкIэ, кадастрымрэ картографиемкIэ и федеральнэ къулыкъум и пщэ далъхьэжащ. 
КIэух псалъэ
Картографхэмрэ геодезистхэмрэ зэрыщыIэр къэралхэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Сыту жытIэмэ, абыхэм зэхагъэува картэхэмрэ атласхэмрэ ямыIатэмэ, цIыхухэм хы щхьэфи бгыщхьи шынагъуэншэу къызэранэкIыфынтэкъым, псэупIэ абрагъуэхэм зыкърагъэIэтыфынтэкъым, уеблэмэ гъащIэм щыщ хуэмэбжьымэщIэу зызыгъэнэрылъагъухэми зрагъэужьыфынтэкъым. 
Картографхэмрэ геодезистхэмрэ лIэщIыгъуэкIэрэ зэфIаха лэжьыгъэм и фIыгъэкIэщ ноби, гугъу дыдемыхьу, ди пIи димыкIыу, дызыхуей щIыгур зыхуэдэм щыгъуазэ зэрызыхуэтщIыфыр. 
Ди къэралым Геодезиемрэ картографиемкIэ и лэжьакIуэхэм я махуэр гъатхэпэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэм трагъахуэ хабзэщ. 
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: