Адыгэм и махуэ гъэпсыкIэМахуэцӀэхэмрэ мазэцӀэхэмрэ ехьэлӀауэ иджыри къыздэсым зыми лэжьыгъэ пыухыкӀа игъэзэщӀауэ щыткъым. Адыгэм зэманыр пибжыкIыу зэрыщытам, мазэхэм зэреджам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. ЗэрыжаIэмкIи, цIыхухэр апхуэдизкIэ есащ урысыбзэми, адыгэбзэкIэ абыхэм зэреджэу щытам ебгъэсэжыну, яIурыплъхьэжыну гугъу дыдэщ. Хьэрыпхэм къищынэмыщӀа, адрей лъэпкъыу дунейм тетым къагъэсэбэпыр латиныбзэкӀэ псалъэу щыта урымхэм ягъэува махуэгъэпсырщ. НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, дунейм цӀыхуу тетым я процент 70-80-м зэрахьэр а махуэгъэпсырщ. Иджыпсту «Адыгэ псалъэ» газетым къытрадзэ мазэцӀэхэр къипсэлъу, Пэжу, дунейм и пӀалъэ ящӀэу псэуа пасэрейхэм къащӀэнащ нэщэнэ куэд. Ахэр игу ириубыдэкӀэрэ, дунейм хуэӀэзэ хъукӀэрэ цӀыхум и зэфӀэкӀым зиузэщӀырт, гъащӀэм хуэӀэижь хъурт. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищӀыр дунейм и къэхъукъащӀэхэрт. Мэкъумэшым зи гъащӀэр теухуар абы пыщӀахэм елӀалӀэрт, Ӏэщым хэтым абы и пӀалъэм нэхъ хищIыкIырт. Аращ пасэрей адыгэм мазэцIэхэр щиубзыхуми тегъэщIапIэ ищIар. Адыгэхэм илъэсыр япэщӀыкӀэ ӀыхьитӀу фӀэкӀа ягуэшу щытауэ къыщӀэкӀынукъым – гъэрэ щӀырэ, гъэмахуэ пӀалъэрэ щӀымахуэ пӀалъэу. Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ хуэзэрт. Мазэм махуэ тӀощӀрэ Адыгэхэм гулъытэшхуэ хуащIырт дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм. Псалъэм щхьэкӀэ, къуажэхэм хэхауэ бгыщхьэ, жыг гуэрхэр яӀэт, дыгъэр абыхэм я щхьэщыгум къызэриувэмкӀэ зэманыр къащӀэу. КъищынэмыщӀауэ, лӀыжь зэрыс унагъуэхэм сыхьэт башкӀэ еджэу пщӀантӀэм нэхъ дыгъафӀэм деж бжэгъу щыхатӀэрт, абы идз ныбжьымкIэ сыхьэт бжыгъэр къабжу. Жэщым Вагъуэ быныр я гъуазэт, псом хуэмыдэу абыкӀэ зекӀуэлӀхэр Ӏэзэт. «Вагъуэбэр щӀым къыхэкӀащ» – «Созвездие Тельца вышло из-под земли». «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ» – «Созвездие Тельца взглянуло на «Вагъуэбэр жыг щхьэкӀэм хыхьащ» – «Созвездие Тельца село на «Вагъуэбэр щӀым хыхьэжащ» – «Созвездие Тельца вернулось в землю». Адыгэхэм къызэралъытэмкӀэ, илъэсым и пӀалъэхэр зэрызэблэкӀынур зыпыщӀар а Вагъуэбэрт. Ар щӀым къыщыхэкӀым и деж (иджырей мартым и 2I-22) гъатхэр, нэхъ тэмэму жыпӀэмэ, адыгэ илъэсыщӀэр къихьэрт. Адыгэхэр зыщыпсэу щӀыналъэм езэгъыу, дэтхэнэ зи чэзу Ӏуэхури щегъэкӀуэкӀын хуейм теухуа махуэгъэпси яӀэу щытащ. Псалъэм папщӀэ, дэтхэнэ мэкъумэш къэкӀыгъэри щытесэн хуей, вакӀуэ дэкӀыгъуэ, мэкъуауэгъуэ зэманхэм ехьэлӀауэ. Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (июным и 21-22), гъэмахуэм щӀидзэрт. Гъэмахуэр псори зэхэту махуэ 92-рэ мэхъу. Абыхэм хохьэ мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэм щыщу махуи 8, бадзэуэгъуэ (июль) мазэм щыщу махуэ 31-рэ, шыщхьэуӀу (август) мазэм щыщу махуэ 31-рэ, фокӀадэм (сентябрым) и махуэ 22-рэ. КъыкӀэлъыкӀуэу, вагъуэбэр жыг щхьэкӀэм хыхьамэ (октябрым и 21-22), бжьыхьэр къэсауэ къалъытэрт. Мы лъэхъэнэр мэкъумэшыщӀэм и зэман нэхъ хьэлъэ дыдэхэм ящыщт, гъэ псом къагъэкӀар, къагъэхъуар къыщрахьэлӀэж лъэхъэнэти. Ари махуэ 9I-рэ мэхъу. Абы хохьэ фокӀадэм (сентябрым) щыщу махуи 8, жэпуэгъуэр (октябрыр) зэрыщыту, махуэ 31-рэ, щэкӀуэгъуэр (ноябрыр) – махуэ 30, дыгъэгъазэм (декабрым) щыщу махуэ 22-рэ. АдэкӀэ Вагъуэбэр щӀым хыхьэжу ябж. Ар тохуэ декабрым и 2I-22 ГъэщӀэгъуэнщ махуэцӀэхэри. Блыщхьэ, гъубж, бэрэжьей, махуэку, мэрем, щэбэт, тхьэмахуэ махуэцIэхэр культурэ зэмыщхьхэм пыщӀащ, я къуэпсри дин зэхуэмыдэхэм къыщожьэ. Псалъэм папщӀэ, блыщхьэмрэ гъубжымрэ адыгэбзэ къабзэщи, мажусий диным къыхэкIагъэнущ. Бэрэжьейр чыристан диным и щӀэинщ, бэрэскэжьейщ зэрыжыӀэпхъэри. Махуэкур тхьэмахуэм и 4-нэ махуэщи, ику зэритыр къигъэлъагъуэу адыгэбзэ къабзэщ. Мэремым (Дева Мария) бэрэскэшхуэкӀэ еджэуи щытащ. Адыгэхэм журт календарым кърахащ щэбэт махуэцӀэр. А махуэм щхьэкӀэ шапсыгъхэми хэхэс адыгэхэми «мэфэзакъу» – махуэ закъуэ жаӀэ. - ЩыIэщ зэбдзэкI мыхъун, дуней псом къызэдащтауэ къагъэсэбэп псалъэхэр. Апхуэдэщ мазэцIэхэри. Бзэр дгъэкъэбзэнщ, кхъузанэм щIэдгъэкIынщи, лейр хэдгъэкIынщ жиIэу абы иужь ихьам щыуагъэшхуэ ещIэ. «Адыгизацэр» сэбэпкъым, ар щIэблэм къохьэлъэкI, я анэдэлъхубзэр хьэлъэ ещIри, кърегъэгугъуэкI, - жеIэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий. Урысыбзэр щыдмыцIыхуам адыгэр дызэрыпсалъэу, дызэрызэгурыIуэу щытар сытыбзэ? ЩIыуэпсым щытлъагъум дызэреджэмрэ къызэрытIуатэмрэ дауэ пIэрэт? Хьэмэрэ бзэр къабзэу зепхьэным, щIэбухуэнщIыкIыным сыт мыхъумыщIагъэу хэлъыр?! Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




