КIэщIу

ЦIыхубз хьэрычэтыщIэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт хуэIухуэщIэхэм хэт цIыхубзхэм я бжыгъэр мини 7-м щыщIегъу нобэкIэ. Республикэм и уней IуэхущIапIэхэм я бжыгъэм и процент 40 мэхъу ар.

 ЩIыналъэм хьэрычэт щIэн Iуэхум хэт и цIыхубзхэр нэхъыбэу зыпэрыт IэнатIэхэм хохьэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр яхуэщIэныр, щыгъын дыныр, егъэджэныгъэр, бухгалтериер, пщэфIэныр.

Абыхэм нэмыщI, я щхьэ хуэлэжьэжыну налог хэзых IэнатIэхэм жыджэру зыщрагъэтх цIыхубзхэм. Мыбдежым, нэхъыбэу къыхахыр зыгъэдэхэным, сабийхэм якIэлъыплъыным, щыгъын дыным хуэунэтIа хуэIухуэщIэхэрщ.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хэт IуэхущIапIэхэр республикэм щыдаIыгъщ «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

 

 ТехникэщIэхэр къыхашэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм техникэхэр къагъэщIэрэщIэж зэпытщ илъэс къэс икIи мы гъэм зэрыщIидзэрэ трактор зэхуэмыдэу 34-рэ къащэхуащ абыхэм, пхъэIэщэхэр, щIыгъэщабэхэр, къитхъхэр, шэмэджхэр, н.къ. хэмыту.

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэр техникэ лъэщхэмрэ иджырей обрудованэхэмкIэ зэрызэгъэпэщам куэдкIэ елъытащ я лэжьыгъэм ахэр зэрыщехъулIэнумрэ гъавэ кърахьэлIэжынум и куэдагъыр зэрыхъунумрэ, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.

Къалэдэсхэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ

«Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым и инженер коммуникацэр къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI мы махуэхэм. Ахэр хуэунэтIащ къалэм и инфраструктурэм зегъэужьыным.

 Иджыпсту лэжьакIуэхэм жьы хъуа, псы къабзэ, псы къагъэсэбэпар зэрыкIуэ бжьамийхэр иджырей материалхэм къыхэщIыкIахэмкIэ зэрахъуэкI. Абы къызэщIаубыдэ Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым деж щегъэжьауэ Головко и цIэр зезыхьэм и гъунапкъэм деж нэсыху.

 ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Головко и цIэр зезыхьэм деж нэсыху псы къагъэсэбэпар зэрыкIуэ бжьамийхэр, псыкъуийхэр щагъэув. Абы къыдэкIуэу, Байсултановымрэ Головкорэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхуакум дэлъ щIыпIэм псы къабзэ зэрыкIуэ, иджырей мардэм хуэкIуэ, зыри къащымыщIу илъэс куэдкIэ щIы щIагъым щIэлъыну бжьамийхэм хуэдэхэр щаукъуэдий.

Абы иужькIэ, къалэдэсхэм я псэукIэр ефIэкIуэнущ, псыр зэпымыууэ яIэрыхьэнущ, жаIащ IэщIагъэлIхэм.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

 

 

Поделиться:

Читать также: