ЛIэужьыгъуэ 26-рэ къэунэхуащ

Лышх узыфэр зыпкърытхэм щеIэзэу Ростов къалэм щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ хьэбзэгупэм (поджелудочная железа) еуалIэ а узыфэ шынагъуэм и лIэужьыгъуэ 26-рэ къызэрыунэхуар.

Мы къэхутэныгъэр Урысейм япэ дыдэу щрагъэкIуэкIыу аращ. Гу лъытапхъэщ, лышхым хьэбзэгупэр зэриубыдым нейроэндокриннэ щхьэусыгъуэ зэрыхэлъым къыхэкIыу, зэрахуэмыгъэхъужыр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, а пкъыгъуэм еуэлIа лышхым гормон «цIэла» къеутIыпщри, Iэпкълъэпкъым псынщIэу зыщеубгъу, абы къыхэкIыуи, узыр и чэзум къэпхутэну гугъущ. 

Дызытепсэлъыхь лышх лIэужьыгъуэр цIыхубзхэми цIыхухъухэми (ныбжьым емылъытауэ) зэхуэдэу къоуалIэ, ауэ нэхъ зыхуэлъэр зи ныбжьыр илъэс 54-60-м итхэрщ.

- Япэ дыдэу Урысейм щрагъэкIуэкIа мыпхуэдэ къэхутэныгъэм ди институтым къекIуалIэ сымаджэ 24-рэ къыхэтшащ. Абыхэм я узыр едгъэпщащ цIыхум иджа онкоген 409-рэ щыIэм. ИкIи, ди жагъуэ зэрыхъунщи, лышхым и лIэужьыгъуэщIэу 26-рэ къэдгъуэтащ. Ар къыздикIар дэнэ жыпIэмэ, мы узыфэ шынагъуэм къыхуагъэщIа хущхъуэхэм зыщахъумэурэ, къызэрыкIыкIауэ жыпIэ хъунущ, заужьауэ аращ. Иджы Iуэху хьэлъэ къытпэщылъщ – къэунэхуа узыфэ лIэужьыгъуэхэм я хущхъуэ щIыныр. Къыхэгъэщыпхъэщи, а лIэужьыгъуэ 26-м и Iыхьэ щанэр  къыдалъхуа узщ. Ди къэхутэныгъэхэр нэхъ куууэ дджымэ, мы къэунэхуахэми дызэреIэзэнумрэ ар цIыхум къемыуэлIэн папщIэ щIапхъэмрэ наIуэ къэхъунущ.  КъищынэмыщIауэ, къыдалъхуа  узу зэрыщытым къыхэкIыу, лышхыр зыхуэлъэ унагъуэхэм исхэми зэпымычу дакIэлъыплъынущ, - жеIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Трифанов Владимир.

- Зи гугъу тщIы къэхутэныгъэхэр хэIущIыIу тщIын и пэ къихуэу, Азием и хирург гепатолог-панкреатологхэм я зэгухьэныгъэм и зэхуэсышхуэм щыдгъэлъэгъуащ. А зэIущIэр Корее Ипщэм щекIуэкIат. Урысей Федерацэм къыбгъэдэкIыу абы ирагъэблэгъар Ростов икIа гупым я закъуэщ. Ди щIэныгъэлIхэр а зэIущIэм къыщыпсэлъэн папщIэ, уеблэмэ нейроэндокринологиемкIэ къудамэ щхьэхуэ къызэрагъэпэщащ.  КъищынэмыщIауэ, а конгрессыр къызэIузыхари, япэ дыдэу къагъэпсэлъари дэращ. Ди къэхутэныгъэхэр абдежым щызэфIэкIыркъым. Iэмал имыIэу пытщэнущ. Утыку къитлъхьа къэхутэныгъэхэм иджыри зэ дриплъэжынущ, шэч лъэпкъ къыхэмыкIын папщIэ,  нэгъуэщI IэмалхэмкIи дджынурэ, кърикIуар хэIущIыIу тщIынущ, - жиIащ институтым и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик Кит Олег.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, лышх узыфэр зыпкърытхэм щеIэзэу Ростов къалэм дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтыр УФ-м и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэщ. Абы Урысей псом къикIыу сымаджэ мин бжыгъэхэр къокIуалIэ, лабораторэу 5 хэтщ, щIэныгъэхэмкIэ кандидату144, щIэныгъэхэмк1э доктору 40, профессору 30, доценту 3, зы академик щолажьэ. Абыхэм ящыщу цIыху 20-м Урысейм щIыхь зиIэ и дохутыр цIэ лъапIэр зэрахьэ.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: