Щолэхъушым нал щIалъхьэу щытакъымЦIыхум шыр унагъуэ псэущхъэ щищIар ди лъэхъэнэм ипэкIэ 3-нэ илъэс минрауэ хуагъэфащэ. Ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ нартхэр щыщыIа зэманым шымрэ цIыхумрэ пхузэкIэрымыхыжын зэхуэхъуагъэххэт. Нартхэр щыпсэуар илъэс мин 3,5-м щIигъужауэ къыщалъытэкIэ, нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ ди лъэпкъымрэ шымрэ къызэдакIуа гъуэгум и кIыхьагъыр, ахэм бэлыхьуи гуфIэгъуэуи зэдагуэшар… Мы тхыгъэр, адыгэмрэ шымрэ я зэпыщIэныгъэу щытам теухуар, Шэрджэс Алий «Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ» тхылъым къыхэтхащ. - АдыгэлIым и шыр фIэкIуэдамэ, и щIэлъэныкъуэр гуэхуауэ арат. Адыгэхэр апхуэдизкIэ шым хуэсакъыу, хуэщабэу щытти, адыгэ щIопщым и кIапэм, шым ил имыгъэузын папщIэ фэ щэбабзэ (банифэ) е щэкIIув падэрт. Адыгэ шумкIэ щIопщыр зэраху Iэмэпсымэтэкъым, атIэ шу фащэ къудейт. Нэхъапэ дыдэ адыгэ шууейхэм урыс офицерхэм я шырыкъухэм фIэлъ шыгъэцIывыр щалъэгъуам, езыхэр укIытауэ щытащ яшхэм щхьэкIэ, апхуэдизкIэ ар икIагъэ къащыхъуати. Езым и шы лъэпкъ зиIэ дэтхэнэ пщыри ткIийуэ кIэлъыплът и дамыгъэр зыхуэмыфащэ шыр трамыдзэным е нэгъуэщIым къимыгъэсэбэпыным. Мифологием хыхьэжу нартхэм яIащ шы лъэпкъ алъпыр. ЗэкъуэшитI Уэзырмэсрэ Хъымыщрэ я адэ Пызгъэщи, Къанж и адэ Дэбэчи, Щокъан и адэ Нэсрэн ЖьакIи зытесахэр алъпщ. IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, Бадынокъуи, Къанж и къуэ Щэуеи, Бэтрэзи зытесахэр тхы IупщIэ лейрэ дзажэналъэ лейрэ зыхэльа алъпхэт. Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр чынт зауэлIым къытрихат. Апхуэдэу щыщыткIэ, а чынтхэри шы хъунрэ гьэсэнрэкIэ армуакъым. Нартхэм яшхэм фIащу щыта цIэхэу эпосым кьыхощ мыпхуэдэхэр: Фэехъу, ПщIэгъуалэ, КIэупс, ЕркIагуэ, ЕркIуцэ, Пэхужь, Iущэ, ТхъуэкъарапцIэ, БлапцIэ, Щхьэгъур, Джэмыдэжь, Тхъуэжьей, КъарапцIэ, ПцIэгъуэплъ, Псыгъуэ, Бланащхъэ, КIыхь, КIэщI, ЦIыкIу, Гъуэ, нэгъуэщIхэр. Ди лъэпкъхэр (адыгэхэр, абазэхэр, абхъазхэр) къызытекIыжа хьэтитIхэм (хьэтхэм) шыр щIащIэу щытащ къыутанхэм иту зэрызауэу щыта зауэ гу шэрхъитIхэм (боевая колесница). Ахэм щIэщIат шитI, къыутанми зауэлIу зы е тIу итт, зыр шабзэкIэ бийм яхэуэу, адрейм шыхэр зэригъакIуэу. Илъэс бжыгъэ куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, Синд къэралыгъуэр щыщыIами, мэуэтхэм, зиххэм, къуэсэгъухэм (касогхэм), нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэми я зэманхэм хэплъагъуэркъым шыр щIащIэу щытауэ. Адыгэхэм шыр щIащIэу щаублар урысхэм нэхъ яхыхьэ-яхэкI щыхъуаращ. 3ауэ хуэIухуэщIэкIэ хьилмышхуэ зыбгъэдэлъхэм, абыкIэ цIэрыIуэхэм зэрыжаIамкIэ, адыгэ шуудзэхэм бжьыпэр яIыгъащ. ИкIи адыгэ шу зауэлIыр щыблэм хуэдэу ялъытэрт. Адыгэшыр бэшэчт, зауэ Iуэхум хуэщIат, псыми мафIэми щышынэртэкъым. Апхуэдэ дыдэу езы адыгэлIри и шым хуэпэжт, зыхуэныкъуэншэу щигъэтт. АдыгэлIым и шыр зэрызэригъакIуэр шхуэмылакIэтэкъым, атIэ куэпкъкIэт, шыр удынкIэ бгъэшынэну, епхужьэну цIыхугъэншагъэт. Хьан-Джэрий мыпхуэдэ щапхъэ къехь: «... 1833 гъэм Кавказ псом гъаблэшхуэ щыIат. ЦIыхур хуабжьу гугъу ехьт. ИтIани езыхэм зыкъагъанэурэ яшхэр ягъашхэрт. Чэрчэнеипщым и шы хъупхъэхэр зэнтхъ, хьэ, хукIэ игъашхэрт, езыри и цIыхухэри ныбэкIэ хуабжьу гугъу ехьми. Абы папщIи пщым емыкIу хуищIыну зыми ижьэ зэтрихатэкъым, ищIэр тэрэзу къалъыта нэхъ. Урыс-Кавказ зауэм лIыгъэ зэрихьэу хэта, хъыбар куэди, уэрэди зиIэ Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэ 1812 гъэм Наполеон Урысейм къыщытеуам (Урысейм дэIэпыкъуну адыгэхэм щуудзэ ягъэхьэзырат, ауэ пащтыхьыр шынэри зауэм хигъэхьатэкъым) урысыдзэм хыхьэри, а и зы адыгэш Бэчкъаныр зэримыхъуэкIыу, зауэм хэт зэпытурэ Париж нэс кIуэри, ар дыдэм кърикIуэжыгъат. (КIэрашэ Тембот и «Шапсыгъ пщащэ» повестым къыхощыж). Кърым бэзэрым адыгэшхэр (псом хуэмыдэу Щолэхъур, Бэчкъаныр, Къундетыр») езыхэм яйхэм нэхърэ хуэдэ 25-кIэ щынэхъ лъапIэт. Уеблэмэ, апхуэдэ зы алащэм унэIуту 5 - 6 щыщIат къэхъурт. Езыхэм яшхэр пиастр15 - 20 и уасэмэ, адыгэшхэм 200 - 500 я уасэт. Шым и узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэу мыхэм щыгъуазэт адыгэхэр: сэкъау, пэгъубжэ, шынтIыIу, фIэнтIыIу, мылъкусын, шытехьэгъуэ, сэрмэлыч, дзэмыхэ, гъэса (зэщIэплъауэ псы ирагъафэу ягъэувыжмэ), лъы, шы хьэпIацIэ, уэлмэ, нэгъуэщI куэдми. Пэгъубжэмрэ (сап) сэрмэлычымрэ (сыбыр язвэ) мыхъумэ адрейхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу ягъэхъужыфу щытащ. Мифологием хэт алъпым къинэмыщIауэ, адыгэ-абазэхэм я шы лъэпкъыу щыIащ мыпхуэдэхэр: КъэбэрдеймкIэ - Абыкъу, Къандур, Къэбан, Къундет, Къуралей, Трамэ, Хьэгъундокъуэ, Щолэхъу, Шагъдий. ШэрджэсымкIэ - Ачэтыр, Алъэсчыр, Хьэгъундокъуэ, Абыкъу. КIахэмкIэ - Бэлэтокъуэ, Бэчкъан, Еслъэней, Мэчарэ, Чэрчэней. Абазэшхэу - Лоутхъуэ, Трамэ, Иуан. ЛIакъуэу зейр къытхуэмыгъуэтыжауэ иджыри шы лъэпкъыцIэ Iэджэ щыIэщ: Агъэн, Джэлыкъ, Джырынджыху, Жажэ, Жыращты, Къатлъэнжэн, Къураты, Хьэбэч, Чэбэхъан, нэгъуэщI куэд. Шэч хэмылъу, ди деж къэса лъэпкъыцIэхэм къанэмыщIауэ, иджыри куэдыкIей щыIащ. Адыгэ лIакъуэхэр 30-м блэкIыу щыщытакIэ, лIакъуэ къэси шы лъэпкъ тIурытI-щырыщ мынэхъ мащIэ яIащ. Ауэ ахэри, ахэр зеяхэри адыгэм и тхыдэ бзаджэм и къуэладжэхэм дэкIуэдэжащ. Паллас зэхигъэувэу Броневский игъэтэрэзыжа тхылъым дамыгъэ щхьэхуэ-щхьэхуэ яIэу адыгэ-абазэш 30-м щIигъум я цIэхэр итт. Ар щызэхагъэувар е I9-нэ лIыщIыгъуэм и пэщIэдзэхэрат. Уи гум къыщIетхъ мы зи цIэ къитIуа къомым ящыщу нэбэкIэ къэнэжар къэбэрдеиш-шагъдий закъуэр зэрыарам ущегупсыскIэ! Щолэхъушым нал щIалъхьэу щытакъым. Абы и лъэдакъэмкIэ адрей шыхэм хуэдэу зэгуэх иIэтэкъым, и лъэкъуампIэр фалъэIум хуэдэу хъурейт, езы шыр хуабжьу цIэрыIуэт, егъэлеяуэ шы быдэт, лъэщт. ЗекIуэшкIэ Бэчкъаныр, нэхъыфI уимыгъэлъыхъуэну, цIэрыIуэт, гъуэгу кIыхькIэ къылъэщIыхьэ щыIакъым, жэщым я нэхъ кIыфIым зэ нэхъ зэрымыкIуа гъуэгур къигъуэтыжт, хуэкIыхь щIыкIэу зэхэзекIуэшхуэ зиIэт, и кIэбдз лъакъуэхэр фIалъэхэм щхьэпрыбэкъукIт лъэкъуампIэм щIигъукIэ.Трамышхэр лIэужьыгъуитIу щыIащ: адыгэ трамрэ, абазэ траму. Абазэ трамхэращ иужь къинэу 30 гъэхэм зэрапхъуэжар. Гум-Лоукъуажэ (Красный Восток) щыщ зэкъуэш Трамэхэм ягъафIэу зэрахьа шы лъэпкъ хъарзынэр «фыкулакщ» жаIэри, зейхэр Хэкум ирахущ, яшхэри зэрапхъуэри, ахэм ящыщу къэрэшейхэм яIэрыхьахэрщ иужькIэ «къэрэшэIеишу» къыщIидзыжар. Ахэм хьэкъыпIэкIэ узэреджэн хуейр «абазэшщ». Трамышыр щызекIуэкIэ и лъэбакъуэм дэхъуу и тхьэкIумэхэри зэригъакIуэрт, лъэныкъуэ псомкIи игъазэу. Апхуэдэм папщIэ адыгэхэм жаIэрт: «Шыр тхьэкIумэкIи маплъэ». ЗекIуэлIхэм я хъуэпсапIэ шы лъэпкъ хъарзынэу щытащ Абыкъушри. УанэшкIэ къыхуэт щыIэтэкъым. Арагъэнт уэркъыжьхэм щIыжаIар: «Зы Абыкъурэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, уунагъуэщ». Нэхъ укъуэдияуэ мы псалъэжьыр зэрыщытар мырат: «Зы Абыкъушрэ Лоухэ ягъэщауэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, уунагъуэщ», жэуэ. Лоухэ хуабжьу хуэIэзэу шыкIэ аркъэн ягъэщу щытати аращ псалъэжьым щIыхыхьар. Гъатхэ дамыгъэ тедзэгъуэм адыгэхэм къунанхэм, къунажынхэм я кIэ, я сокухэр паупщIт, дахэу къащыхьт. Абы зэхуахьэс шыкIэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу Лоухэ къахьурэ шыкIэ аркъэн ирагъэщIт. ШыкIэ аркъэн имыIыгъыу зекIуэлI гъуэгу техьэнутэкъым, щыщIыIи щыхуаби зэхуэдэу ар Iэрыхуэт, щIэх кIуэдтэкъым. ЗекIуэлIыр жэщым щIыпIэ мыцIыху къыщыувыIамэ, здэгъуэлъынур шыкIэ аркъэнкIэ къиухъуреихьти, абы хьэпщхупщи, бэджи ебакъуэртэкьым, щIакIуэ бэлацэр и дэIэпыкъуэгъуу зекIуэлIыp щахъумэрт уэми дзакъэми.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




