Илъэсым и япэ мазэмРеспубликэм и экономикэ IэнатIэхэм къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэр зэпэщхьэхуэу къатщтэмэ: щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэхынымкIэ IэнатIэм – проценти 114,4-рэ, продукцэхэр къыщIэзыгъэкIхэм, абыхэм елэжь IэнатIэхэм – проценти 101,8-рэ, электрокъарукIэ, газкIэ, хуабэкIэ къызэзыгъэпэщ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэнатIэхэм - процент 109,5-рэ, псы яхуэзыутIыпщхэм, къагъэсэбэпар Iузышхэм, кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэзыкъуэхэм, уэрамхэр, пщIантIэхэр зэлъыIузыххэм - проценти 122,7-рэ къагъэлъэгъуащ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу нэкулъ лIэужьыгъуэхэм, гъэшым, маргариным, йогуртым, шхум, кхъуейм, кхъуейлъалъэм, шатэм, Iусыпхъэхэм, IэфIыкIэм, зэрылажьэ щыгъыным, щэкIхэкIым, лъэпэдым, вакъэм, абджыпс птулъкIэм, унэлъащIэм ирахьэлIэ цIыкIуфэкIухэм, асфальт-бетон зэхэщIам, гъущIхэкI продукцэм, полупроводник Iэмэпсымэхэм, рентген аппаратхэм, автотраспортым и пкъыгъуэхэм, унэлъащIэм я куэдагъым хэхъуащ. Электрокъарурэ хуабэу къалэжьари нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэу щыхъукIи, лырэ джэдкъазылым, пхъэщхьэмыщхьэ-хадэхэкI теIуэнтIам, сэхуран дагъэм, тхъуцIынэм, хьэжыгъэм, пыченэм, нарзаным, псы къабзэ игъэхъуам, картоным къыхэщIыкIа ашычхэм, тхылъымпIэ канцтоварым, кислородым, пластмассым къыхэщIыкIа бжэ-щхьэгъубжэм, пластмассым, пластмассым къыхэщIыкIа ашычхэм, зэрылажьэ Iэмэпсымэхэм, кабелым, медицинэ Iэмэпсымэхэм кIэрыхуащ. Дызэрыт илъэсым и щIышылэм фэтэр куэду зэхэт унэу 104-рэ республикэм щаухуащ, унагъуэхэм - 328-рэ. ФэтэрыщIэхэр псори зэхэту 432-рэ хъуащ. ПсэупIэу яIэтар псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 49,7-рэ мэхъу. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм нэхърэ процент 36,7-кIэ нэхъ мащIэщ ар. Абы щыщу метр зэбгъузэнатIэ мин 44,8-р унагъуэхэм яухуащ. Нэгъабэ яхузэфIэкIам нэхъри процент 42,9-кIэ нэхъ мащIэщ ар. Ухуэныгъэхэр езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэхэм яIэтащ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу мини 4,9-рэ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм псэупIэу псори зэхэту щаухуам щыщу метр зэбгъузэнатIэ мин 35,0-р къуажэ щIыпIэхэм щыдращIеящ е 2025 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм процент 70,5-кIэ хуэкIуэу. 2026 гъэм и щIышылэм КъБР-м и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIащ сом меларди 2,3-рэ и уасэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 104,6-кIэ нэхъыбэу. Мы гъэм мазаем и 1-м ирихьэлIэу, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ, Iэщрэ джэдкъазу республикэм щаIыгъхэм я куэдагъыр хъуащ: Iэщышхуэр - мин 267,2-рэ (2025 гъэм мазаем и 1-м – мин 279,1-рэ), абы щыщу мини 141,3-р жэму (мини I46,4-рэ), кхъуэр - мин 1,6-рэ (нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм хуэдизщ), мэлымрэ бжэнымрэ - мин 471,7-рэ (мин 475,7-рэ), джэдкъазыр мелуани 4,3-рэ (мелуани 4,4-рэ). Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту лырэ джэдкъазылу къалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мини 7,9-рэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 6,3-кIэ нэхъыбэщ ар. Гъэшу къашащ тонн мин 29,3-рэ (процент 0,8-кIэ нэхъыбэщ), джэдыкIэу кърахащ мелуан 16,9-рэ (процент 27,7-кIэ нэхъыбэщ). Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу мэкъумэш IуэхущIапIэхэм зы жэмым шэуэ къыщIашащ килограмм 516-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм зэрыщытар килограмм 474-рэщ. Зы джэдым хуэзэу джэдыкIэу 25-рэ кърахащ, нэгъабэ - 14.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




