ЩIэблэ куэдым я унэтIакIуэ

Балигъ хъууэ, унагъуэ зыухуэу бын зыгъуэта дэтхэнэ цIыхуми гъащIэм щиIэфыну насыпыр, и хъуэпсапIэ псори и жьэгу пащхьэм ирепх. Ауэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэм я апхуэдэ гуращэхэм къыгуэхыпIэ имыIэу щIагъу нэгъуэщI зы хъуэпсапIи - бын пэлъытэ яхуэхъу сабий цIыкIухэм я текIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ ялъагъуныр абыхэм я дежкIэ фIыгъуэшхуэщ. Апхуэдэущ зэрылажьэр Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Вэрыкъуэ (Апэжыхь) Iэминат Азэрбий и пхъур.

 Мы гъэм илъэс 40 мэхъу Iэминат и IэнатIэм зэрыпэрытрэ. ЩIэблэ куэдым унэтIакIуэ яхуэхъуа а егъэджакIуэм зэманым къриубыдэу зэи къыхуихуакъым къыхиха и IэщIагъэ хьэлэмэтым щыхущIегъуэжа.

- СызэрыцIыкIурэ ди анэдэлъхубзэр фIыуэ слъагъуу сыкъэхъуащ. Абы и лъабжьэр ди унагъуэм пщIэшхуэ зэрыщиIэрт, - и IэщIагъэр къыхиха зэрыхъуам топсэлъыхьыж Iэминат. - АдыгэбзэмкIэ къыдэкI ди газет закъуэр - «Адыгэ псалъэр» (абы щыгъуэм «Ленин гъуэгур») - къаIэрыхьэу абы ит хъыбархэмкIэ зэдэгуэшэным хуэпIащIэрт ди унагъуэри ди гъунэгъухэри. Дэ, сабийхэри, апхуэдэ щытыкIэм дыщIапIыкIати, анэдэлъхубзэр ди псэм хэлът.

Школ кIуэгъуэ ныбжьым нэса нэужь, Iэминат адыгэбзэм хуиIэ лъагъуныгъэр зыкIи нэхъ кIащхъэ хъуакъым. Анзорей дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ ар щезыгъэджа СэвкIуий (Безыр) ШэIимэт егъэджакIуэ IэщIагъэм къыхуалъхуа жыхуаIэм хуэдэт, абы зэчиишхуэ хузиIэ цIыхут. Iэминат зэрыжиIэмкIэ, ШэIимэт фIагъыу езым бгъэдэлъ псомкIи дапщэщи ядэгуэшащ и гъэсэнхэм, гъуэгугъэлъагъуи яхуэхъуащ. ЗыкъомкIэ и егъэджакIуэр арауэ къелъытэ зи фIыщIэр адыгэбзэр, лъэпкъ литературэр пщащэм нэхъ куууэ джыным  тезыгъэгушхуари.

Курыт еджапIэр фIы дыдэу къэзыуха адыгэ пщащэ цIыкIур КъБКъУ-м и студент нэхъыфIхэм хабжэу илъэси 5-кIэ щеджащ абы и тхыдэ-филологие факультетым. IэщIагъэ зэрызригъэгъуэтам щыхьэт техъуэ дипломыр къызэрыIэрыхьэжу, лъэпощхьэпо лъэпкъ хэмылъу лэжьыгъэ IэнатIи къигъуэтащ. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэм гуапэу къыIущIащ Лэскэн ЕтIуанэм дэт курыт школым и лэжьакIуэ гупыр. А лъэхъэнэр игу къыщигъэкIыжкIэ, Iэминат псом япэ зи цIэ къриIуэр абы щыгъуэ школ директору щыта Тхьэзэплъ Неллэщ. Зи лэжьыгъэм япэ лъэбакъуэхэр щызыч егъэджакIуэм унафэщI щыпкъэр сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуащ, чэнджэщ щхьэпэхэр, ущие Iущхэр къриту. А еджапIэращ Вэрыкъуэм япэ ехъулIэныгъэр щызыIэригъэхьари, лэжьыгъэм нэхъри тезыгъэгушхуэ япэ фIыщIэ, щытхъу псалъэхэр къыщыхужаIари. Лэскэн ЕтIуанэм зэрыщыIа илъэси 5-м къриубыдэу Iэминат егъэджакIуэфI къищIыкIащ. ИужькIэ и лэжьыгъэм щыпищащ Нарткъалэ курыт школ №2-м. Абы лъандэрэ блэкIа зэманым Iэминат а IуэхущIапIэм хьэлэлу щолажьэ.

IуэхущIафэ дахэхэмкIэ цIэрыIуэ еджапIэм и гупым щIэхыу яхэзэгъащ Вэрыкъуэр икIи абы и пщIэр нэхъри зэриIэтыным хущIэкъуу и къалэнхэм яужь ихьащ. Куэд дэмыкIыу абы и гъэсэнхэр район, республикэ зэхьэзэхуэхэм я утыкум къихьэрэ я ехъулIэныгъэмкIэ я егъэджакIуэр ягъэгуфIэу хуежьащ. Iэминат ящыщщ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм япэ дыдэу хыхьахэм. Абы жыджэру зэрыхэтам папщIэ, егъэджакIуэм къыхуагъэфэщауэ щытащ «Адыгэ псалъэм», Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ къудамэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, тыгъэ лъапIэхэри ящIыгъуу.  А зэпеуэм и утыкухэм егъэджакIуэ Iэзэм щигъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр, хуигъэхьэзыра докладыр нэхъыфIхэм ящыщу мызэ-мытIэу къалъытащ къэпщытакIуэхэм. Iэминат и гъэсэнхэм ящыщ зым Аруан щIыналъэм япэ увыпIэр, республикэм ещанэр къыщихьащ. Апхуэдэу Вэрыкъуэм и еджакIуэщ ШколакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр зыхуагъэфэщауэ щытари.

- Си еджакIуэхэм срогушхуэ. А ныбжьыщIэхэм яхэтщ куэд зыхузэфIэкIыну сызыщыгугъхэр. Iэмал имыIэу ахэр псори адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ хъун хуейуэ аракъым - щалъхуа я щIыналъэм и цIэр фIыкIэ ягъэIумэ, абы и зыужьыныгъэм гурэ псэкIэ хуэлажьэмэ, ар си дежкIэ ехъулIэныгъэшхуэщ, - и гурылъхэр къеIуатэ Вэрыкъуэм. - Адэ-анэ псоми я хъуэпсапIэхэр я унагъуэхэм, я бынхэм ирапх, сэ абыхэм гъусэ яхузощI си гъэсэн цIыкIухэм сазэрыхуэхъуапсэри.

ЕгъэджакIуэм и лъэр жан зыщIыр и нобэрей еджакIуэхэм яIэ ехъулIэныгъэхэм я закъуэкъым. Апхуэдэу ар ирогушхуэ икIи иропагэ и нэIэ тету балигъ гъащIэм хыхьауэ щхьэж и лъагъуэ щыпхызыш и гъэсэнхэм. Апхуэдэщ Вэрыкъуэм и лъэужьым ирикIуахэу Шагъыр Риммэ, АфIэунэ Эллэ, Шыбзыхъуэ Джульеттэ, Тэрчокъуэ Оксанэ, нэгъуэщIхэри.  Категорие лъагэ зиIэу IэнатIэр илъэс куэд лъандэрэ езыхьэкI егъэджакIуэ гумызагъэр щылажьэ школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Ноби ар я ущиякIуэщ икIи я чэнджэщэгъущ егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм.

Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм  хьэлэлу пэрыт Iэминат унэгуащэ IэкIуэлъакIуэщ, анэ гумащIэщ, анэшхуэ IэфIщ. Абы и ехъулIэныгъэхэм щогуфIыкI и щхьэгъусэ Вэрыкъуэ Хьэжсуф, и бынхэу Астемыррэ Iэсиятрэ, я нысэ цIыкIу Ланэ сымэ. Астемыр дыщэ медалкIэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и экономикэ факультетым щеджащ. Иджыпсту хьэрычэтыщIэщ. Iэсият Самарэ дэт медицинэ университетыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ, Налшык дэт сымаджэщхэм ящыщ зым дохутыру щолажьэ.

 Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ хуэлажьэ бзылъхугъэ щыпкъэм ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну, и хъуэпсапIэхэм ялъэIэсыну, и бынхэм, абыхэм къащIэувэ щIэблэм я насып куэд илъагъуну ди гуапэщ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также: