Фэеплъым зыIэпешэ
Шэрэдж щIыналъэм балъкъэр мэкъумэшыщIэхэм 1913 гъэм зэрызыкъыщаIэтам и фэеплъыр зэIузэпэщ щащIынущ районым. Ар ягъэувауэ щытащ 1983 гъэм икIи, тхыдэ мыхьэнэ зэриIэм къыхэкIыу, ди республикэм къакIуэ туристхэм абы и хъыбарым яфIэгъэщIэгъуэну зыщагъэгъуазэ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ. Фэеплъыр здэщыт щIыпIэм метр зэбгъузэнатIэ 270-рэ еубыд. Абы и кум абрэмывэжь итщ, мывэ пIащIэхэр хъурейуэ къыщегъэтIысэкIауэ. Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэ Чыщбалъкъ къуажэм кIуэцIрыкI Малкэ - Ингушли автомобиль гъуэгур къызыхуэтыншу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Абы хиубыдащ Чкаловым и цIэр зезыхьэ, псори зэхэту километри 3,9-рэ зи кIыхьагъ уэрамри. «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу гъуэгубгъур нобэ кърагъэбыдэкI, лъэс лъагъуэхэм я лъабжьэр ягъэбыдэ, иджырей уэздыгъэхэр зыпадзэну пкъохэр щагъэувакIэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





