КъайхъулIащ я мурадхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Оперативнэ штабым 2026 гъэм гъатхэпэм и 24 - 25-хэм иригъэкIуэкIащ террорым пэ­щIэтынымкIэ зыгъэсэныгъэхэр.
 
Терактыр къызэпыудыным ехьэлIауэ зэфIэхыпхъэхэм елэ-      жьащ, къапщытащ абы хэта IэнатIэхэм щытыкIэ зэхуэмыдэхэм зэрабгъэдыхьэ Iэмалхэм сэбэпынагъыу къахьым. 
 Зыгъэсэныгъэм хэтащ КъБР-м щыIэ УФСБ-м, МВД-м, СК-м и ­СУ-м, МЧС-м, Урысей гвардием, къэрал властымрэ щIыпIэ са­моуправленэм  и органхэмрэ я лIыкIуэхэр.  
Оперативнэ штабым зэфIихащ террорым пыщIа Iуэхухэр и чэзум къызэпыудынымрэ абы и лъэужьхэр гъэмэщIэнымрэ ехьэлIауэ гъэзэщIапхъэхэр.  
Зыгъэсэныгъэм зыщыхуагъэувыжа мурадхэр  къайхъулIащ. 
КъБР-м щыIэ Оперативнэ штаб. 

Поделиться:

Читать также: