Зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм щылъэщащ, адэкIэ-щэ?

Къэралым и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм нобэ щыщIидзэнущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и «Б» дивизионым и Япэ гупым мы гъэм щекIуэкIыну зэ­хьэ­зэхуэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр къэралпсо утыкум щызыхъумэну «Спартак-Налшыкым» абы хъарзынэу зы­хуигъэхьэзыра хуэдэщ. 

Сыти жыIи, нэгъабэ и дыгъэгъазэм щыщIэдзауэ ирагъэкIуэ-кIа зыгъэсэныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрипщытэжа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэу 14 «Спартак-Налшыкым» иригъэкIуэкIати,  10-м щытекIуащ, 4-м щызэрытегъэкIуакъым, зэи зыми къыхигъэщIакъым. Щэбэтым щIэзыдзэ зэхьэзэхуэм апхуэдэуи зы­къыщигъэлъэгъуамэ, лъагапIэщIэхэр я плъапIэ хъунут. 
Иужь лъэхъэнэм тренер нэхъыщхьэ Емкъуж Мурат и гъэсэн-хэр нэхъыбэу зэлIэлIар джэгупIэ губгъуэм къихьэну нэхъ зыхуэфащэхэр зэхэгъэкIынымрэ ахэр дагъуэншэу зэгурыгъэIуэ­нымрэщ. Абы къыхэкIыу тхьэмахуэ я зэхуакуу иужьу зэныбжьэ­гъугъэ зэIущIитI ирагъэкIуэкIащ. Япэм, гъатхэпэм и 15-м, Крас­ноярск и «Енисей-2»-м аргуэру IущIати, 3:1-уэ текIуащ. Ди щI­а­лэхэм ящыщу къыхэжаныкIащ КIэдыкIуей Хьэким, Сарба-шев Давид, Гирзишев Тамерлан сымэ. Апхуэдэ щыкIэкIэ ира­гъэкъужащ тхьэмахуэ ипэкIэ абыхэм зэрапэмылъэщар (1:1). 
Гъатхэпэм и 22-м «Спартак» республикэ стадионым и IэрыщI губгъуэм щыдэджэгуащ «Налшык» футбол школым зыщызы­гъасэ щIалэгъуалэм. «Спартак-Налшыкым» абы и щIыхьыр щахъумащ Къумыкъум (Гъуом, 70), КIэдыкIуейм, Пириевым, КIэщтым, Хьэшырым, Гирзишевым, Дзыгулым, ХьэцIыкIум, Сарбашевым, Урысым (Iэпщацэм, 65), Iэпщацэм (Дзарасовым, 46). ЗэхъуэкIыныгъэ щIагъуэ щымыIэу мыхэрауэ къыщIэкIынущ нал­шыкдэсхэр зэхьэзэхуэм зэрыхыхьэнур. 
ЩIалэгъуалэр ерыщу нэхъыжьхэм япэщIэтащ икIи бжыгъэр къызэIуамыхауэ джэгум и Iыхьэ ныкъуэр иухащ. Загъэпсэхуу ­къихьэжа нэужь «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэ Гирзишев Тамерлан, угловой къыщыхатэм къакIуэри, я хьэрхуэрэ­гъухэм топ яхудигъэкIащ. Куэд дэмыкIыу, джэгум къыхыхьагъащIэ Дзарасов Сослъэн бжыгъэр игъэбэгъуащ, жыжьэу щыту лъэщу ­гъуэм еуэри. 
Мы зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» и тренерхэр япэу щеплъащ гъуащхьэтет щIалэщIэ Гъуо Амир и зэфIэкIым. Къищы­нэмыщIауэ, Iэпщацэ Ренат мащIэу зрагъэгъэпсэхури, аргуэру джэгум къыхагъэхьэжащ.
Аращи, 2:0-у текIуауэ «Спартак-Налшыкым» и зыгъэсэныгъэ­хэр къиухащ. АдэкIэ зэIущIэ нэхъ гуащIэхэр къыпэщылъщ. 
Дызэрыщыгъуазэщи, зыгъэсэныгъэ лъэхъэнэм ди щIалэхэм къахыхьащ куэдкIэ узыщыгугъ хъуну гъуащхьауэ Ибрагимов ­Магомедрэ (дыдейхэм яхэту топитху дигъэкIыну хунэсащ) ­гъуащхьэхъумэ Гирзишев Тамерланрэ. Мыгувэу зэгурыIуэныгъэ дращIылIэну загъэхьэзыр Дзарасов Сослъэн - ар гъуащ­хьауэщ.
«Спартак-Налшыкым» хэкIыжащ Мэшыкъуэ Хьэчимрэ Джы-наз Замиррэ. Фэбжь зэрагъуэтам къыхэкIыу зэкIэ ди командэм дэ­Iэпыкъуфынукъым гъуащхьауэхэу Кумыщ Ахьмэдрэ Лысенкэ Сослъэнрэ.
«Гъуэгу махуэ!» яжыдоIэ ди щIалэхэм икIи дащогугъ я текIуэ­ныгъэхэмкIэ дэрэжэгъуэ куэд къыдатыну. Нэгъабэ лъандэрэ абы икъукIэ дызэрыхуэзэшам шэч хэлъкъым.
Нобэ, гъатхэпэм и 28-м, щIэзыдзэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и «Б» дивизионым и Япэ гупым мы гъэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ джэгугъуэм ипкъ иткIэ зэхуэзэнущ «Ростов-2» (Дон Iус Ростов) - ПСК (Первореченскэ), «Победа» (Хасавюрт) - «Ангушт» (Нэзрэн), «Нефтяник» (Избербаш) - «Дружба» (Мейкъуапэ), «Шахтёр» (Донецк) - «Кызылташ» (Бахъчисарай), «Заря» (Луганск) - «Севастополь» (Севастополь), «Астрахань» (Астрахань) - «Спартак-Налшык» (Налшык), «Чайка-м» (Песчанокопскэ) - «Рубин» (Ялтэ), «Динамо-2» (Мэхъэчкъалэ) - «Нарт» (Черкесск) командэхэр.
Хьэтау  Ислъам.

Поделиться:

Читать также: