КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIыжыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Си хэкуэгъу лъапIэхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIыжыныгъэм и махуэмкIэ!
Лъэпкъ псоми зэдэдгъэлъапIэ мы махуэр я дамыгъэщ тхыдэм и пэжыпIэмрэ егъэзыгъэкIэ хэкум ирашу илъэс 13-кIэ хамэ щIыпIэм щыпсэун хуей хъууэ адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжа балъкъэрхэм яхуэгъэзауэ захуагъэр зэрызэфIэувэжамрэ, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр, зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэшыгъэмрэ сыт хуэдэ гугъуехьхэми зэрытекIуэнур къэзыгъэлъагъуэщ.
Нобэ дэ балъкъэр лъэпкъым дыдоIэт махуэшхуэм къыдэкIуэ гуфIэгъуэр, иужьрей илъэсхэм абыхэм экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэм, щIэныгъэ IэнатIэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм дрогушхуэ. Мы зэманым ахэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ куэду зэдэпсэу и цIыхубэм яхэту, гушхуэныгъэ яхэлъу ипэкIэ макIуэ, гъащIэм и IэнатIэ куэдым ехъулIэныгъэщIэхэр зэрыщызыIэрагъэхьэр, республикэми зэрыщыту Урысейми я къэкIуэнур ефIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIыр къагъэлъагъуэу.
Шэч къытесхьэркъым, дызэгъусэу ди зэкъуэтыныгъэр дгъэбыдэкIэрэ, дэ сыт хуэдэ лъэпощхьэпори къызэднэкIыфынущ, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ди Хэкумрэ яфI зыхэлъхэм хуэгъэпса мурадхэр зэдгъэхъулIэфынущ.
Республикэм ис псоми си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу узыншагъэ быдэу яIэу, мамыру, зэIузэпэщу псэуну.