Хэкупсэ нэст ЛIыгъурырЩыIэщ цIыху, цIэ лъапIэхэр имыIэу, къулыкъу лъагэхэри имыIыгъыу, ауэ щыхъукIи жылагъуэм пщIэшхуэ къыщыхуащIу. Апхуэдэхэм ящыщт Старэ Крепость (иджы Бахъсэн) жылэм къыщалъхуа ЛIыгъур Ибрэхьим. Хэкупсэ нэсу зи гъащIэр зыхьам къытхутепсэлъыхьыжауэ щытащ ди газетым и ныбжьэгъуфIу иIа ЛIыгъур Чэрим. «ЛIыгъурым и гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ ин щигъуэтар 1914 гъэрщ. И анэмкIэ и Iыхьлы Дым Iэдэм (ар абы щыгъуэ Бахъсэн типорафием и унафэщIт) и чэнджэщкIэ икIи дэIыгъыныгъэкIэ щIалэщIэр Мысырым (Египетым) еджапIэ кIуауэ щытащ. Каир дэт Аль-Азхар университет цIэрыIуэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ Ибрэхьим. Хьэрыпыбзэм нэмыщI, абы фIы дыдэу зригъэщIат инджылызыбзэри. 1922 гъэм хэкум къигъэзэжа нэужь, ЛIыгъурыр егъэджакIуэу уващ я жылэм дэт школым. Лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэу зыкъэзыгъэлъэгъуа IэщIагъэлI щIалэр илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу еджапIэм и унафэщIу ягъэув икIи зэфIэкIыу бгъэдэлъ псори наIуэ къещI. Абы иригъэджахэм ящыщщ КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэ. Къыхэгъэщыпхъэщ зэман гуэркIэ ар ЩоджэнцIыкIу Алий, адыгэ литературэм и классик цIэрыIуэм, дэлэжьауэ зэрыщытар. Алийрэ Ибрэхьимрэ зэрыцIыкIу лъандэрэ зэрыцIыхурт. Ибрэхьим ипхъу нэхъыжь Лолэ зэрыжиIэжымкIэ, абы и цIэр къыфIэзыщар Алийт. - ЩоджэнцIыкIумрэ ди адэмрэ зэныбжьэгъуу щытащ. Иджыри сыцIыкIуу, си адэм куэдрэ сишэрт езыр щылажьэ школым. Абы сыщыхуэзэрт Алий, - игу къегъэкIыж Лолэ. – Сыту псалъэ дахэ куэд къызжиIэрэт абы, усэ мымащIи къысхуеджа ар! Алыфбейм и хьэрфхэри сэзыгъэцIыхуари Алийщ. А махуэхэр сэ зэи сщыгъупщэнукъым… ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 30 гъэхэм и кIэм политикэ лей зытехьахэм ящыщащ ЛIыгъурыр. Ар зэрагъэкъуэншахэм ящыщщ зи унафэщI школыр 1936-1937 гъэ еджэгъуэм ирихьэлIэу къызыхуэтыншэу зэпэщ зэримыщIар, еджакIуэхэр зыбгъэдэс партэхэр егъэджэныгъэмкIэ наркомым игъэува мардэхэм зэрыхуэмыкIуэр. Апхуэдэу цIыху зыбжанэ щыхьэту къэуващ хамэ къэралым къикIыжу хэкум къызэригъэзэжам Ибрэхьим хущIегъуэжа хуэдэу икIи ар къызыхэкIа унагъуэм революцэм и пэкIэ яIа бей псэукIэм зэIухауэ тепсэлъыхьу. А псори лъабжьэ зыхуащIа дэфтэрым итт: «Кулак унагъуэм къыхэкIа, хамэ къэралым щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щызэзыгъэгъуэту абы илъэс бжыгъэкIэ щыпсэуа ЛIыгъур Ибрэхьим щалъхуа щIыпIэм къызэригъэзэжрэ колхоз псэукIэм и бийуэ мэпсалъэ, Совет властым и лъабжьэр къэзыгъэтIасхъэ лэжьыгъэхэр ирегъэкIуэкI…» Апхуэдэ тхылъ зыхуатха дэтхэнэм и дежкIи ар кIуэдыпIэт. Апхуэдэуи хъуащ. КъБАССР-м и НКВД-м и унафэкIэ ЛIыгъур Ибрэхьим ХьэкIашэ и къуэр илъэси 10 тралъхьэри политикэ гъэрхэм тезыр щрахьэкI Соловецкэ (цIыхухэр «Соловки»-кIэ еджэрт) ягъэкIуащ. Зы махуи мычэму илъэси 10-р ирихьэкIащ ЛIыгъурым. Щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжа нэужь, ар Iэщ фермэм щылэжьащ бригадиру, абы и унафэщIу. Лажьэншэу мысэ ящIа цIыху пэжым лъэIу тхылъ мызэ-мытIэу итхащ республикэм и унафэщIхэм я деж, и Iуэхум иджыри зэ хэплъэжыну къыхуриджэу. 1958 гъэм и мэкъуауэгъуэм КъБАССР-м и Суд нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ ищIащ КъБАССР-м и НКВД-м 1937 гъэм фокIадэм и 17-м къыдигъэкIауэ щыта и унафэм къару имыIэжу, ар зыхуэгъэпсам къуаншагъэ лъэпкъ зэрыбгъэдэмылъым къыхэкIкIэ. Апхуэдэу захуагъэр зэфIэувэжащ, ЛIыгъурри хей ящIыжащ. Властым и лей зытехьэу апхуэдизу гугъу ехьа цIыхур абы хуэшхыдэу, хуэдзэлашхэу дэувэнкIэ хъунут, ауэ апхуэдэтэкъым Ибрэхьим. Абы фIы дыдэу ищIэрт бзэгу зыхьу пцIы къытезылъхьахэр хэтми, арщхьэкIэ абыхэми закъригъэщIакъым, я цIэхэри и унагъуэм исхэм ящибзыщIащ. КъыкIэщIэтхыхьахэм ящыщт езыр илъэс бжыгъэ куэдкIэ школым зыщыдэлэжьа гуэри. Адэм и лъэужьым ирикIуэу егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыха ипхъухэри, иджы къызэрыщIэкIамкIэ, а цIыху икIэм дэлэжьащ, пщIэ хуащIрэ и адэм и фэеплъу жраIэу. Апхуэдэу щымытынкIэ хъунут, дауи, Ибрахьим и гурылъ псори быным яхуиIуэтауэ щытамэ… Къэралым и ехъулIэныгъэм и гуащIэ ирихьэлIэу, жыджэру гъащIэм хэтащ ЛIыгъурыр. Пенсэм кIуа нэужьи, ар жылагъуэ Iуэхухэми хэтащ, хамэ къэралхэм щыIэ адыгэхэм япыщIауэ щытащ. Хьэрыпыбзэр фIыуэ зэрищIэм къыхэкIкIэ, ЛIыгъурыр лэжьакIуэ ирагъэблэгъат КъБКъУ-ми, арщхьэкIэ «си ныбжьыр хуэкIуэжыркъым» жиIэри идакъым. Хэкупсэ нэсым хуэфащэ дыдэщ къыщIэхъуа бынри. Ибрэхьим ипхъу нэхъыжь Лолэ илъэс 25-кIэ лэжьащ «Восток» кинотеатрым и унафэщIу. Ар КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, УФ-м кинематографиемкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Хъыджэбз нэхъыщIэ Лидэ илъэс 55-кIэ щригъэджащ и адэр щылэжьа школым. Абы щыщу илъэс 20-м щIигъукIэ IуэхущIапIэм и унафэщIу щытащ. Лидэ РСФСР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ. Абы къыхуагъэфэщащ ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Зэшыпхъухэр мызэ-мытIэу хахащ цIыхубэ депутату, къыхуащI дзыхьыр ягъэпэжу я пщэрылъхэр дапщэщи ирахьэкIащ». Апхуэдэ гъащIэ купщIафIэ ирихьэкIащ, щIэблэ узыншэ къыщIэхъуащ ЛIыгъур Ибрэхьим. 1987 гъэм дунейм ехыжауэ щытащ ар. ЖаIэжу зэрыщытамкIэ, Ибрэхьим щыщIалъхьэ махуэм дыуэр езыгъэщI ефэндым жиIат: «Бахъсэным и вагъуэр ункIыфIащ». Езыр дунейм темытыжми, хэкупсэ нэсыр цIыхухэм къахэнащ и IуэхущIафэ екIухэмкIэ, гупсысэ шэщIахэмкIэ. Абы и цIэр фIащащ Бахъсэн къалэм и уэрамхэм ящыщ зым. ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




