Утыкур зыгъэдахэ бзылъхугъэ

Анэдэлъхубзэр уасэ зимыIэ щIэинщ, ар хъумэн, зегъэужьын хуейуэ. Абы лъагъуныгъэ хуиIэным къикIыр уи лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ пщIэ хуэпщIынырщ.

Бзэ, щIэныгъэ лей зэрыщымыIэм и щыхьэтщ КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Жабоевэ Замирэ и дуней тетыкIэмрэ и бын гъэсэкIэмрэ. Езы цIыхубзыр  лъэпкъкIэ балъкъэрщ, ауэ ди лъэпкъэгъу фIэкIа умыщIэу ди бзэр ещIэ. «Хэкум къагъэзэжа нэужь, ди адэм и адэ-анэр Аушыджэр къуажэм къыщызэтеувыIауэ щытащ. Гъунэгъу псори адыгэт - занщIэу зэхущытыкIэфIхэр я зэхуаку къыдэхъуащ, - жеIэ абы. - Хэбгъэзыхьмэ, аращ адыгэбзэр тщIэным и къежьапIэ хъуар. Си адэ-анэр унэм щызопсалъэ адыгэбзэкIи балъкъэрыбзэкIи. Дэ зэшыпхъуитху дыхъуу дыкъэхъуащ, сощIэж, ди адэшхуэ-анэшхуэхэм я деж (си анэм и лъэныкъуэкIэ) Кичмалкэ къуажэм дагъакIуэу зэрыщытар, балъкъэрыбзэр зэдгъэщIэну. Ауэ, зэрыхъурати, езыхэм адыгэбзэ едгъащIэурэ дыкъэкIуэжырт. А зэманым лъапIэныгъэ щыIахэр нэгъуэщIт - адэ-анэм я жыIэр хабзэ пыухыкIат, лъэпкъ фIыгъуэхэми пщIэрэ щIыхьрэ нэхъ яIэт».

Шэрэдж Ищхъэрэ районым хыхьэ Аушыджэр къуажэм къыщалъхуа бзылъхугъэр курыт школ нэужьым юрист хъуну щIэхъуэпсу а IэщIагъэм илъэситIкIэ хуеджащ. АрщхьэкIэ зы махуэ гуэрым абы къыгурыIуащ уэрэд жыIэным и гъащIэр ирипхыну зэрыхуейр. Ар щIэтIысхьащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым. Абы щеджэуи уэрэд купщIафIэхэр итхын, игъэзэщIэн щIидзащ. Ар къызэрехъулIэм и нэщэнэу, зэман дэкIа нэужь, Замирэ Кавказ Ищхъэрэм и артистхэм лъэIукIэ зыкъыхуагъазэурэ уэрэд яхуитх хъуащ. Мы зэманым ирихьэлIэу уэрэд 200-м нэблагъэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ.

Замирэ унагъуэ дахэ диухуащ, и цIэрыIуагъкIэ мынэхъ мащIэу, республикэм фIыуэ щалъагъу Хъусин Анзор (Бахъсэн районым и Куба къуажэм щыщщ). Адыгэ щIалэмрэ балъкъэр хъыджэбзымрэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щызэдеджащ. Къапщтэмэ, и утыку итыкIэкIэ Анзор еджапIэм щIэсу къацIыхуагъэххэт, «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым хэтурэ. ИлъэсипщI хуэдизкIэ зэрыцIыхуауэ итIанэщ абыхэм унагъуэ щащIар. Я мурадыр лъэныкъуитIымкIи къыщыдаIыгъащ. Иджы зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу адыгэбзэкIи балъкъэрыбзэкIи уэрэдхэр ягъэзащIэ.

«Унагъуэм адыгэбзэкIэ нэхъыбэрэ дыщопсалъэ, ауэ сэ езым сощIэ ди анэр балъкъэрыбзэкIэ къыдэмыпсэлъамэ, ар тIэщIэхужыпэнкIи хъуну зэрыщытар. Абы къыхэкIыу, балъкъэрыбзэри зэраIурыслъхьэным сыхущIокъу, - дыщегъэгъуазэ Замирэ. - Нэхъ гугъур дэтхэнэра жыпIэмэ, пэжыр жысIэнщи, зэщхьэщыкIыныгъэ щIагъуэ иIэу си щхьэкIэ зыхэсщIакъым, ауэ ар бзэм срипсалъэу сыкъызэрыхъуар арагъэнщ зэлъытар. Уеблэмэ «адыгэ акцент» сиIэу пхужыIэнущ. Уегупсысмэ, балъкъэрыбзэр нэхъ тыншщ. Ауэ, къызэрыхэзгъэщащи, сабийхэм адыгэбзэр нэхъ къащтащ. Си щхьэгъусэри сэри дыхущIокъу ди нэхъыжьхэм къытхалъхьа хьэл-щэн нэхъыфIхэр ди щIэблэм зэрабгъэдэтлъхьэнум. Сэ сыт щыгъуи унагъуэшхуэм сехъуапсэу щытащ, дэ езым хуэдэу куэд дыхъуу, дызэгурыIуэ-дызэдэIуэжу. Ди унагъуэм щынэхъыщхьэщ нэхъыжьым, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я хабзэхэм пщIэ яхуэщIыныр. Сабийхэр иджыпсту куэдым дехьэх зэрызаужьыным и лъэныкъуэкIэ - щIалэ нэхъыжьитIыр футболистщ, хъыджэбз цIыкIухэм псори яфIэгъэщIэгъуэнщ - дэным къыщыщIэдзауэ къафэхэмрэ гимнастикэмрэ щыщIэкIыжу. НэхъыщIитIыр иджыри цIыкIуIуэщ, зыхуейр къагурыIуэн хуэдэу.

Унагъуэ насыпым теухуауэ Замирэ жиIэращ, Интернетым щагъэлъагъуэ «трендхэм» уакIэлъымыжэу, уеблэмэ уамыгъэжакъуэу унагъуэ бухуэным жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъыр къыбгурыIуэу упсэун хуейуэ.

«Сэ сызэреплъымкIэ, унагъуэм исхэм щхьэж и Iуэху зэрихуэжу щымыту, зэгъусэу я къэкIуэнум щегугъурщ псори къащехъулIэр», - жеIэ бзылъхугъэм.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: