ХъыбархэрНэгузыужьыпIэхэр
«Туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр Iуащхьэмахуэ районым зэрыщагъэзащIэр къипщытэну иджыблагъэ абы щыIащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр. Абы зригъэлъэгъуащ лъабжьэ зиIэ ухуэныгъэу щымыт, псынщIэу зэпкърыплъэ-зэпкърыпхыж, бгъэIэпхъуэ хъу модульнэ хьэщIэщхэр щIыналъэм зэрыщагъэувым. Мыбдежым, зэрыжаIэу, лэжьыгъэм щигуащIэгъуэу аращ. Апхуэдэуи, министрым зыщигъэгъуэзащ Тызыл аузым щыIэ нэгузегъэжьыпIэмрэ хьэщIэщ комплексымрэ хыхьэу абы щаухуэ, жэщ-махуэ имыIэу лэжьэну бассейным и Iуэхур здынэсам. Мурад щыIэщ мы гъэм накъыгъэм и махуэшхуэхэм ирихьэлIэу ар ирагъэжьэну. Бассейнри комплексри яухуащ лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи нэгъабэ щегъэжьауэ туристхэр иригъэблэгъэн щIидзащ хьэщIэщым. Мыдрейуэ, 2027 гъэм ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ щIыналъэм пэхуэщIэу 17 щагъэзэщIэн мурад щыIэщ. Абыхэм я фIыгъэкIэ, районым и хьэщIэщхэм я пэш бжыгъэм 194-рэ къахэхъуэнущ икIи а Iуэхугъуэхэм субсидие ахъшэу псори зэхэту сом мелуан 240-рэ хуаутIыпщынущ. ЩыIэ программэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абы и процент 50-р хьэрычэтыщIэхэм, адрейр - къэралым къабгъэдэкIынущ.
Тхыдэм щыяпэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Налшык» аэропортым и тхыдэм щыяпэу ди къухьлъатэ телъэтыкIыпIэм къыщетIысэхащ Аэрофлотым и «Airbus A32I» кхъухьлъатэ лъэщыр. Гъуэгуанэхэм ящыщу абы зэпич хабзэр курытхэмрэ нэхъ жыжьэхэмрэщ. Кхъухьлъатэр ди деж къыщыувыIэн хуей щIэхъуар, Мэзкуу къалэм къикIыу ар здежьа Краснодар къалэм и аэропортыр абы и етIысэхыгъуэм ирихьэлIэу пIалъэкIэ зэрызэхуащIарщ. Арати, ар Налшык къагъэкIуащ. «Airbus A321»-р ныкъусаныгъэншэу ди аэропортым къыщетIысэхащ, икIи зыхуеину хъуахэмкIи дэIэпыкъуныгъэхэр иратащ. Апхуэдэ кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэм хуэдэхэр Налшык къакIуэркъым икIи ди аэропортым и дежкIэ мыхьэнэ ин иIэщ ар абы къызэрыщытIысыфам, кхъухьлъатэм и инагъыр къэлъытауэ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэжращи, абы къигъэлъэгъуащ «Налшык» аэропортыр апхуэдэ кхъухьлъатэхэми нэхъ иныжхэми ядэлэжьэным зэрыхуэхьэзырыр. КъищынэмыщIауэ, 2025 гъэм и мазаем Урысей авиацэм ди республикэм и кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэм хуитыныгъэ къритащ «Airbus A321», «Boeing 737-900», «Boeing 757-200» хуэдэхэр абы къыщетIысэх икIи щытелъэтыкI хъуну. Апхуэдэ кхъухьлъатэхэр ди деж къызэрыкIуэм IэмалыщIэхэр республикэм кърет «Налшык» аэродромым и инфраструктурэр иригъэфIэкIуэну, и зэфIэкIхэмрэ здэлъатэ щIыпIэхэмрэ я куэдагъым къыхигъэхъуэну, жаIащ IэщIагъэлIхэм.
ТыншыпIэм хуэщIауэ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ, Къубэ-Тэбэ, ПсыкIэху къуажэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр зэIузэпэщ ящIынущ мы гъэм, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Зеикъуэ къуажэм лэжьыгъэшхуэ щызэхаублэнущ Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет жыг хадэ цIыкIум, ЩэнхабзэмкIэ унэр здэщытым хуэзэу. Къубэ-Тэбэ ахэр лъэIэсынущ «ХэщIапIэ нэхъыщхьэ» и хьэблэм и жыг хадэ цIыкIум. Лэжьыгъэхэм хиубыдэу, щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжынущ а щIыпIэхэм щыIэ сабий джэгупIэхэр, цIыкIухэм я шынагъуэншагъэм егупсысу хьэфэм къыхэщIыкIа алэрыбгъухэр щаукъуэдиинущ, джэгукIэ зэхуэмыдэхэм хуэщIа комплексхэр, тетIысхьэпIэхэр, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр щагъэувынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, жыгыщIэ цIыкIухэр щыхасэнущ. ПсыкIэху къуажэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрам нэхъыщхьэм тет, фэтэр куэду зэхэт унэхэм пэгъунэгъуу, цIыхухэм я тыншыпIэр къызэрагъэпэщу, жыг хадэ цIыкIу щагъэтIысынущ, лъэс лъагъуэхэр, сабий джэгупIэхэр хэтыжу. Абыи иджрей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, жыгыщIэ цIыкIухэр куэду щыхасэнущ, теплъэ дахэ иратынущ. НАУРЫЗ Мысост.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





