И IэщIагъэм гузэгъэгъуэ кърет
Щапхъэ хуэхъуар- Си анэ Къарэнашэ Елени абы и дэлъху Хьэсэнбии я IэщIагъэкIэ дохутырт. Абы и лъэныкъуэкIэ зи лъагъуэ срикIуэни щапхъэ схуэхъуни щыIэт, - жеIэ Мадинэ. - Пэжщ, си анэр пасэу, сэ илъэситI ныбжьым ситу, дунейм ехыжащ, абы и IуэхущIафэхэм сыкIэлъыплъыну къысхуихуакъым, ауэ си адэм зэпымыууэ къызжиIэрт: «Уи анэр дохутыр Iэзэу, цIэрыIуэу щытащи, уэри апхуэдэу ухъужамэ, сыту фIыт. КъыпхэкIынущ уэри дохутыр Iэзэ». Сызыбгъэдэсыр си адэмкIэ си анэшхуэрати, абыи куэдрэ и гугъу къысхуищIырт си анэр дохутыру зэрылэжьам, си адэ шыпхъухэри абы къысхутепсэлъыхьырт. Си анэшхэр лъагъунлъагъу къыщысхуэкIуэкIи, сэ абы сыщыщыIэми, си анэр фIыуэ зэреджам, дохутыр Iэзэу зэрыщытам и хъыбархэр къысхуаIуатэрт. Си анэр гинекологыу Тырныауз дэт сымаджэщым щылэжьащ. Си анэ дэлъху Къарэнашэ Хьэсэнбий хирург цIэрыIуэт. Нобэр къыздэсым срохьэлIэ ар зэIэзауэ щыта сымаджэхэм абы гуапэу и гугъу ящIу. ЗэфIэкI лъагэхэр къэзыгъэлъагъуэу къежьа хирург щIалэр Тырныауз дэт сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэу щытащ. ИтIанэ Налшык дэт «Эльбрус» санаторэм и дохутыр нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Мис а хъыбархэм сыщIэдэIуурэ сыкъэхъуати, си мыгугъэри си фIэщ хъужауэ къыщIэкIынщ (къыпогуфIыкI), сэри хуэм-хуэмурэ а IэщIагъэм сегупсыс сыхъуащ. Иужьым школ къэухыгъуэм щынэблагъэм, си адэр, си анэ дэлъхур, сэ, зэгъусэу дытIысри, унафэ тщIащ дохутыр IэщIагъэм сыхуеджэну… Дерматологиер къызэрыхихар- ЯпэщIыкIэ си анэм хуэдэу гинеколог сыхъуну сегупсысащ. Къалэ сымаджэщым и гъунэгъуу дыпсэурти, сыщеджэм щыгъуэ абы и гинекологие къудамэм жэщкIэрэ сыкIуэурэ дохутырхэм я лэжьыгъэм сыкIэлъыплъырт, уеблэмэ апхуэдизкIэ Iуэхум сыхэгъуэзати, дзыхь къысхуащIмэ, операцэ гуэрхэми сыпэлъэщыну къысщыхъурт. НэгъуэщI зы унэтIыныгъи си щхьэм илът. Зи щIалэгъуэм мыхьэнэшхуэ ират напэр къабзэу щытыным. Псом хуэмыдэжу а ныбжьым итхэм я хъуэпсапIэщ ущызэкIэщIэплъу напэ дахэ яIэныр. Абы щыгъуэм цIыхухэм я нэкIур къищэщауэ куэдрэ урихьэлIэрт. Ахэр щыслъагъукIэ, згъэхъужыну сыхуейт. Иджыри а Iуэхум сыхуеджэну сымыщIэу, си ныбжьэгъумрэ сэрэ ди нэкIум иIэ къиткIуэткIуахэр згъэхъужыну мурад сщIат икIи хущхъуэхэм зыхэзгъэгъуазэри, напэщыхуэ къэсхутахэр тIуми сэбэп къытхуэхъуат. КъищынэмыщIауэ, си анэ дэлъхум ипхъу Юрмалэ къалэм дэст, абы и нэкIур Iейуэ къиткIуэткIуауэ, пIэхэри къытенауэ щытат. А зэманым абыкIэ медицинэм нэхъ зыщиужьат, я зэфIэкIхэмкIэ нэхъ ди япэ итт. Дэ дохутыр-косметологыу закъуэтIакъуэххэ диIэу арат. Лазер IэмэпсымэмкIэ абы и нэкIур джафэ икIи къабзэ ящIыжат. И Iуэхур къызэрекIуэкIам, а IэщIагъэм сыхуеджатэмэ, сэбэпышхуэ цIыхухэм сазэрыхъуэхъунур къыщызжиIэм, сызыщIэгупсысыжри, а унэтIыныгъэр къыхэсхыну сытегушхуащ. ФIыуэ плъагъу лэжьыгъэм утезэшэнукъым- Дэтхэнэ зы IэщIагъэлIри и щIэныгъэм, и зэфIэкIым химыгъахъуэу лэжьэфынукъым, и пIэм иуджыхьу къэнэжыну аращ. Абы щыгъуэм жылагъуэм зыкIи сэбэп ухуэхъуфынукъым. Ар сэ фIы дыдэу къызгуроIуэ икIи дэтхэнэ Iэмалри къызэрызгъэсэбэпыным сыхущIокъу. Си IэщIагъэм теухуа конференцхэм, съездхэм сыхэтщ. Дерматовенерологхэмрэ косметологхэмрэ я урысей зэгухьэныгъэм къэралым и щIэныгъэлI, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэр хэту щIэх-щIэхыурэ зэхыхьэхэр Налшык, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ставрополь, нэгъуэщI хэгъэгухэми къыщызэрегъэпэщри, абыхэм сокIуэ. КъищынэмыщIауэ, дерматовенерологхэм я съездышхуэ Москва щызэхашэми, щIэх-щIэхыурэ сызэрыхэтыным сыхущIокъу.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





Цагъэ Мадинэ Хьэмидбий и пхъур медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ, категорие нэхъыщхьэ зиIэ дохутырщ, дерматологщ, дерматовенерологщ, венерологщ. 1992 гъэм Бахъсэн ГЭС-м дэт курыт еджапIэр къиухри, Налшык щыIэ медицинэ училищэм щIэтIысхьащ. АдэкIэ и щIэныгъэм щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэм. ИужькIэ дерматовенерологие унэтIыныгъэмкIэ интернатурэр щрихьэкIащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и ЩIыфэ-венерологие диспансерым. 2003 - 2007 гъэхэм КъБКъУ-м и аспирантурэм щеджащ. И кандидат лэжьыгъэр 2008 гъэм ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ Киров С. М. и цIэр зезыхьэ Дзэ медицинэ академием.