«Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ щIыналъэм и Прималкинскэ къуажэм псы къабзэ зэрыкIуэ, псори зэхэту километри 4-м нэблагъэ зи кIыхьагъ, жьы хъуа и бжьамийхэр зэрахъуэкIын щIадзэнущ мы махуэхэм. Абы къыдэкIуэу, псы къыщIэшыпIэщIэ щаухуэнущ абы.
Прималкинскэ къуажэр жылэ зыбжанэу зэхэтщ, районым щынэхъ инхэм яхохьэ икIи псори зэгъусэу цIыху 7690-рэ щопсэу. 1960 гъэхэм зэрагъэпэщауэ щыта абы и коммунальнэ инфраструктурэр екIэкIуащ икIи нобэрей гъащIэм хуэкIуэжыркъым: щIэх-щIэхыурэ я лэжьыгъэр щызэблэу къохъу. Иджы, дунейм зэрызиIэтыжу, зэгъэпэщыжыныгъэхэм пэрыхьэнущ.
КъищынэмыщIауэ, псы къабзэ зэрызэбгратыкI бжьамийхэр щIыналъэм и Ново-Троицкэ къуажэми щаукъуэдиинущ мы гъэм, Ново-Вознесенскэ жылэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр 2027 гъэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.
Сэрмакъ и еджапIэр
Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ Сэрмакъ къуажэм Лыджэдэм и цIэр зезыхьэ и школ №2-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэжьащ.
ЕджапIэм нобэ сабийуэ 245-рэ йокIуалIэ, езыр зэраухуэрэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуащ. Лэжьыгъэхэм пэрыхьащ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Иджыпсту лэжьакIуэхэм школым жьы хъуа и лъэгухэр кърах, бжэ-щхьэгъубжэхэр къыхах, инженер коммуникацэхэр щызэрахъуэкI. ИужькIэ, пэшхэр къращIыкIынущ, унэлъащIэ, техникэхэмрэ обрудованэхэмрэ, спорт Iэмэпсымэхэр щIагъэувэнущ.
Школыр хьэзыр щыхъунур мы гъэм и фокIадэрщ, апщIондэхукIэ, цIыкIухэр пэгъунэгъу еджапIэхэм кIуэнущ.
Илъэс 90 хъуа еджапIэм йолэжь
«Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №9-р мы махуэхэм къагъэщIэрэщIэж. ЕджапIэр къалащхьэм нэхъ пасэу щаухуахэм ящыщщ - ар 1936 гъэм ящIауэ щытащ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм пэш кIуэцIхэр къаунэщIащ, жьы хъуахэр къыпкърахащ, иджыпсту унащхьэр зэрахъуэкI.
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, унащхьэм къыдэкIуэу, школым и IуплъапIэр зыхуей хуагъэзэнущ, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, пэшхэр къращIыкIынущ, унэлъащIэ екIухэр щIагъэувэнущ.