«Къэрэшей-Шэрджэс» КъТРК-м и лэжьакIуэ пажэ, адыгэ журналист цIэрыIуэ Мамхэгъ Белэ журналист IэнатIэм зэрыпэрытрэ илъэс 30 мэхъу. Пщащэр зэрыцIыкIурэ тхылъыр и Iэпэгъуу, еджэным хуэнэхъуеиншэу къэхъуащ. БалигъыпIэ щиувэм абы мурад ищIащ и IэщIагъэр фIыуэ илъагъу бзэм ирипхыну икIи 11-нэ классыр къиуха нэужь, и адэм и чэнджэщи хэту, Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым филологиемкIэ и факультетым журналистикэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ.
Анэдэлъхубзэр дахэу зыгъэшэрыуэ пщащэм, зэреджэм хуэдэурэ, «Черкес хэку» газетым дэлэжьэн щIидзащ. Япэ курсым газетым тхыгъэ кIэщIхэр итхырт. Езым зыкъызэриумысыжщи, и IэдакъэщIэкIхэр газетым тету щилъагъукIэ, иригушхуэрт, и тхыгъэхэмрэ газетым къытехуамрэ зэригъэпщэжырт. Куэд зэрамыгъэзэхуэжамэ, щыгуфIыкIырт. Газетым практикэ ягъэкIуа нэужь, жэуап зыхь секретарь Адзын Мухьэмэд и нэIэ щIэту зыщигъэсащ. НэхъыжьыфIым ар мазэкIэ журналистикэм, газетыр къызэрыдагъэкIым, абы зэрелэжьым, къытехуэ тхыгъэхэм, нэгъуэщIхэми щигъэгъуэзащ.
Апхуэдэу Белэ и журналистикэ лэжьыгъэр 1996 гъэм иригъэжьащ, Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым журналистикэмкIэ и къудамэм и ещанэ курсым щеджэу. Къэрэшей-Шэрджэс радиом сабий, щIалэгъуалэ нэтынхэмкIэ редактору лэжьащ ар. Хуабжьу гугъут а илъэсхэр Белэ дежкIэ. Iуэхум и пIалъэр иджыри фIыуэ умыщIэу, дакъикъэ 50-кIэ эфир занщIэм укъихьэныр тынштэкъым. КъищынэмыщIауэ, телевиденэм щылажьэхэм ящыщ гуэрым и зыгъэпсэгъугъуэ пIалъэр къэсамэ е сымаджэ хъуамэ, абыхэм япIэкIэ Белэ ягъэлажьэу арат. Езым дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, а зэманым IуэхуитIыр зэдэпхьыныр хьэлъэу щытами, гугъу зэрехьар псыхэкIуадэ хъуакъым - адэкIэ и лэжьыгъэм къыщыхуэсэбэпыжащ.
Ерыщу, жэуаплыныгъэ хэлъу сыт хуэдэ Iуэхуми бгъэдыхьэу еса пщащэм ипщэ къыдалъхьэ къалэн псори зыхуей хуэзэу игъэзэщIащ. Абдеж къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым журналист нэсым лэжьыгъитIри зэдехь. Абы лъандэрэ илъэс 30 мэхъури, Белэ республикэ журналистикэм и гуащIэ хилъхьэу фIыуэ илъагъу IэщIагъэм пэрытщ. А илъэсхэм къриубыдэу радиомрэ телевиденэмрэ я зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр уасэншэщ иджыри Iуэху дахэ куэдым я жэрдэщIакIуэу ар мэлажьэ. Мамхэгъым и IэдакъэщIэкIхэм уахэплъэмэ, болъагъу лэжьыгъэхэм щIэщыгъуагъ зэрыхилъхьэр, радио-теленэтынхэм цIыхухэр зэрыдригъэхьэхын Iэмалхэр сыт щыгъуи къызэрилъыхъуэр, ахэр гъэхьэзырыным бгъэдыхьэкIэщIэхэр зэпымыууэ къызэрыхуигъуэтыр. Лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ абы и къалэмым: экономикэ, политикэ, псэукIэ, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ, спорт, щIалэгъуалэмрэ сабиймрэ я гъащIэр, нэгъуэщIхэри. «Щэнхабзэм и жьэгу», «ГъащIэм и къэгъэшыпIэхэр», «Уи пщыхьэщхьэ фIыуэ, республикэ!» нэтынхэм къыхешэ лэжьакIуэ къызэрыгуэкIхэр.
Мамхэгъым гулъытэ хэха хуещI къыщалъхуа къуажэм, лъэпкъым, республикэм куэд хуэзыщIа цIыхухэр жылагъуэм егъэцIыхуным. Апхуэдэу Хэку зауэшхуэм хэтахэм, а лъэхъэнэм къуажэ губгъуэхэм, нэгъуэщI IэнатIэхэм гугъу ехьу пэрытхэм ятеухуа тхыгъэ хьэлэмэтхэр газетым папщIэ игъэхьэзыращ. КIэщIу жыпIэмэ, журналистым и Iэдакъэ къыщIэкIа нэтынхэр, тхыгъэхэр ди адыгэ щIыналъэр, ди цIыхубэм я гъащIэр IупщIу къызэрыщ гъуджэщ.
Мыхьэнэшхуэ иIэщ журналистым игъэхьэзыр радио-теленэтынхэр цIыхухэм зэрабгъэдилъхьэми: Белэ и тхыгъэхэм къызэреджэжри макъ щабэщи, псалъэхэр къэубыдыгъуафIэ-гурыIуэгъуафIэу, фэрыщIагъ хэмылъу, узыIэпишэу апхуэдэщ.
Абы и нэтынхэм еплъхэм, радиом едаIуэхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ псалъэхэр редакцэм куэдрэ къыIэрохьэ. «Хуабжьу гуапэ сщогъу, цIыхум сащыхыхьэкIэ, си нэтын еплъауэ, едэIуауэ жаIэу къыщызбгъэдыхьэм деж. АбыкIэ къыбгуроIуэ ди лэжьыгъэр пщIэншэ зэрымыхъур икIи нэхъри дегъэгушхуэ. Дэ дызыхуэлажьэр дыкъызыхэкIа лъэпкъращ, бзэр хъумэнырщ ди къалэн нэхъыщхьэр. Ди нэтынхэм ди лъэпкъэгъу нэхъыбэ еплъыну, абыхэм ятеухуауэ яIэ еплъыкIэрхэмкIэ гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшэну сыт щыгъуи ди гуапэщ. ЖысIэнщи, адыгэ газетымрэ адыгэ телевиденэмрэщ анэдэлъхубзэр зыхъумэу, зыгъэIуу лъэпкъым диIэри, ахэм адыгэ унагъуэ къэс щедаIуэу щытмэ, щIэблэм дежкIи щхьэпэ хъунут», - къыпещэ Белэ.
Бзылъхугъэ гуакIуэм и лэжьэгъухэми пщIэ къыхуащI. И ехъулIэныгъэхэм, илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм, электроннэ СМИ-хэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIым папщIэ, абы къыхуагъэфэщащ Къэрал телерадиокомпанием, КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и министерствэм, Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым, Урысейм и журналистхэм я зэгухьэныгъэм я щIыхь тхылъхэр, Хьэбэз муниципальнэ районым и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIа фIыщIэ тхылъыр, нэгъуэщIхэри.