КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Къэрал казначействэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщI IутIыж Шумахуэ.
ЗэIущIахэр тепсэлъыхьащ Управленэм илъэс блэкIам къриубыдэу республикэм и бюджетыр зэригъэзэщIамрэ дызэрыт илъэсым щыщу блэ-кIа мазищым яхузэфIэкIамрэ.
Управленэм къит бжыгъэхэм япкъ иткIэ, мэлыжьыхьым и 1-м ирихьэлIэу, бюджетым хэхъуэу иIа псори зэхэту сом мелард 24,8-м ноблагъэ, ар 2025 гъэм елъытауэ процент 21,8-кIэ нэхъыбэщ. ЩIыналъэм и бюджетым, адрейхэм къадэкIуэу, сом мелард 13 къыхэхъуащ, ар блэкIа илъэсым еплъытмэ, процент 28-кIэ нэхъыбэщ. ЩIыпIэ бюджетхэми сом меларди 5,2-м нэс хэхъуэ яIэщ, ар блэкIа илъэсым ейм елъытауэ процент 20,5-кIэ нэхъыбэщ.
Республикэм и бюджетым хэхъуэ зэпыту зэрыщытым и фIыгъэкIэ, цIыхубэ гъащIэм епха къалэнхэр ягъэзэщIэну Iэмал ягъуэт. Мылъкур трагъэкIуадэ зи улахуэр бюджетым къыхэкIхэм я лэжьапщIэм хагъэхъуэным, сымаджэ хьэлъэхэм хущхъуэхэр дэчых иIэу Iэрагъэхьэным, коммунальнэ хозяйствэм къащыпэщылъ къалэнхэр ягъэзэщIэным, мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI Iуэху щхьэпэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIах лъэпкъ проектхэм къыхуаутIыпщ ахъшэр здэкIуапхъэм проценти 100-кIэ зэрынигъэсамкIэ пэрытхэм ящыщщ зи гугъу тщIы Управленэр. Къэрал бюджетым и кассэ зэфIэхыкIэмкIи лэжьыгъэр йофIакIуэ, ахъшэ гъэлэжьэкIэми (ликвидность) бюджетым и фейдэ къыхокI.
Илъэсым и япэ мазищым къызэригъэлъэгъуамкIэ, ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм къыдэхуа ахъшэхэр зэрагъэуIуа нэужь, ар сом мелуан 345-м нэсащ. 2021 гъэм щегъэжьауэ а лъэныкъуэмкIэ республикэм хэхъуэу сом меларди 7,1-рэ иIэщ.
КIуэкIуэ Казбек Управленэм щылажьэхэм дяпэкIи ехъулIэныгъэ яIэу лэжьэну ехъуэхъуащ, ахэрщ зэлъытар Къэбэрдей-Балъкъэрым и мылъкум фейдэуэ къыдэкIуэнур.