Къэпщытэныгъэр йокIуэкI

Къэбэрдей-Балькъэрым мы махуэхэм щокIуэкI лъэ­мыж­хэмрэ псы жапIэ бжьамийхэмрэ я щытыкIэр къэп­щы­тэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. «Управдор» республикэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр дапщэщи набдзэгуб­дзаплъэу кIэлъоплъ жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэм. 

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек МАХ-м щиIэ напэкIуэ­цIым зэрыщитхымкIэ, IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я къалэн нэхъыщхьэхэр епхащ лъэмыжхэмрэ псы бжьамийхэмрэ я зэфIэкIыр здынэсыр къэхутэным, псыдзэ къэхъумэ е уэс ткIу­жыр, уэшхышхуэр псышхуэу зэхуэхьэсауэ къехмэ. IэрыщIу къы­зэрагъэпэща псы жапIэхэм ныкъусаныгъэ яIэмэ, зэрагъэпэщыж, ягъэбыдэ. 
Хабзэ хъуащи, апхуэдэ лэжьыгъэхэм я нэхъыбапIэр псыр нэхъ щымащIэ щIымахуэ лъэхъэнэм зэфIах. А Iуэху зехьэкIэ мардэм и фIыгъэкIэ нэхъыфIу къэпщыта мэхъу IэнатIэхэр, зэгъэпэ­щыжыныгъэ лэжьыгъэхэри абыхэм япкъ иткIэ ирагъэкIуэкI. 

Поделиться: