«КъызыхэкIа лъэпкъым и гуныкъуэгъуэм егъэгумэщI, игу щIэузым иропIейтей, ар гузэвэгъуэ хэхуамэ, зыгуэркIэ зэрызыщIигъэкъуэным хуопабгъэ. Лъэпкъым зы гупсэхугъуэ иIэн папщIэ, щIыIэ хъумэ, дыгъэ нэбзийхэр тригъэпсэнт, хуабащэ хъумэ, жыг жьауэм щIишэнт, и гъащIэр зэрыщыту хуигъэпсынти, хуей хъуми – щIитынт», - апхуэдэу журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хужиIащ журналист, драматург Дербэ Тимур. АдэкIэ къыпещэ: - Гъуэгу тетым и гъуэгу щызэпаупщIи щытрагъэкIуэти къохъу. Пэрыуэгъу куэд и лъагъуэ къытехьэми, лIыгъэ зыхэлъыр къикIуэтыркъым, мэкIуатэ и гухэлъ емыпцIыжу, и лъэпкъым хуищIэм игъэгушхуэу и мурадым хуокIуэ. Зым уи псалъэм цы къыхех, адрейм уиубын фIэкIа Iуэху иIэкъым. МащIэ дыдэщ цIыхум къахэкIыр уи IэдакъэщIэкIым уасэ тэрэз хуищIыну, гугъу узыдехьыр къыгурыIуэну. Мухьэмэд зэи щытхъу пэплъакъым, ноби пэплъэркъым. Абы фIыуэ ещIэ Тхьэр псоми зэрыщыгъуазэр, гумрэ псэмрэ я къабзагъэр арщ зэхэзыгъэкIыфынур.
Гур маплъэ, нэр лъагъуэм ирокIуэ. Хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэр зэрызэрыубыдыжынур, зэрызаужьыжынур, адыгэ мелуан бжыгъэм сыт хуэдэ хьэзаб яшэчами ягу ягъэкIуэд зэрымыхъунур зыхезыгъэщIахэм ящыщщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Хамэ щIыпIэхэр къызэхикIухьурэ абы щикъухьа адыгэхэр зэрипхыжу Совет Союзым и лъэхъэнэ лъандэрэ а Iуэхум ар иужь зэритым дыщыгъуазэщ. НэгъуэщI къэралхэм къикIыж унагъуэхэм сэбэп яхуохъу хэкужьым щекIуэкI гъащIэм хэзэгъэжынымкIэ, псэукIэщIэм зыдрагъэкIуфынымкIэ.
Мухьэмэд Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу 1997 – 2021 гъэхэм лэжьащ. Лъэпкъ журналистикэм зегъэужьыным, ныбжьыщIэхэр а Iуэху гъэщIэгъуэным дегъэхьэхыным, хэгъэгъуэзэным ехьэлIауэ ищIар мащIэкъым, нобэр къыздэсми абы пэрытщ. Адыгэм узэрыгушхуэ хъунухэр дызэрибэм и щыхьэту, ди лъэпкъым и цIыху пажэхэр газет напэкIуэцIхэм къытридзэрт. «Апхуэдэ къалэн щыIэщ – хэкур хъумэн» зэрыжаIэр Мухьэмэд епхьэлIэмэ, «Апхуэдэ къалэн щыIэщ – лъэпкъым хуэлэжьэн» жыпIэн плъэкIынущ. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, нобэ и щыIэкIэ-псэукIэм, и дуней тетыкIэм теухуа тхыгъэхэмкIэ «Адыгэ псалъэр» бейщ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и пкъынэ-лъынэм, и лъынтхуэм ирикIуэ лъым хэтщ и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр, аращ газет купщIафIэ къыдэгъэкIынри апхуэдэу дэгъуэу къыщIехъулIари. Журналистым, тхакIуэм, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэм и гъащIэр зэрыщыту абы хуигъэпсат.
Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я лъэпкъ газетищым – «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» – зэгъусэу илъэс 36-рэ хъуауэ къыдагъэкI номер зэхэтхэр зытеухуауэ щытынур нэхъыбэм зыубзыхур Мухьэмэдт. Адыгэбзэм зегъэужьыным, Кавказ зауэм, хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм хэкужьым къагъэзэжыным икIи ди псэукIэм къыхэгъэзэгъэжыным ятеухуахэр, адыгэ ныпым, фащэм, нэгъуэщIу лъэпкъым къыдекIуэкI куэдым ехьэлIауэ дгъэхьэзыра номер зэхэтхэм зи фIыщIэ хэлъыр ХьэфIыцIэращ. Зы Iуэхугъуэм теухуа ди номерхэр къыдэдгъэкIа нэужь, Налшык, Черкесск е Мейкъуапэ дыщызэIущIэрти, ди лэжьыгъэр зэпкърытхырт, газетхэм я ныкъусаныгъэхэми къыдэхъулIахэми дытепсэлъыхьыжырт.
2007 гъэм япэу сыIущIауэ арат хуабжьу зи гугъу ящIу зэхэсх адыгэлIым – ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Налшык щекIуэкI зэIущIэм сыхэтыну сыкIуати, згъэщIэгъуащ илъэс куэдкIэ сэ нэхърэ нэхъыжь редактор нэхъыщхьэр дахэу къызэрыспежьар, хьэщIагъэ къызэрызихар. А махуэм япэу дэслъэгъуа фIагъыр иужькIэ куэдри згъэунэхуащ. Мухьэмэд акъылышхуэ зыбгъэдэлъ цIыхущ, куэд зылъэгъуащ, гушыIэ дахэ зиIэщ. ЦIыхум игу химыгъэщIу дилъэгъуа емыкIур жриIэфынущ, ауэ къепцIыжам хуигъэгъунукъым.
Журналистикэм ехьэлIа зэIущIэхэм, фестивалхэм ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гъусэу сыхэтыну куэдрэ къысхуихуащ. Газет лэжьыгъэм щыпэрытхэм деж и мызакъуэу, абы сытым щыгъуи хузэфIэкI елэжь, зэпэщхьэхуэу дыпсэуми, адыгэхэр зы лъэпкъыу дызэрыщытыным, ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъри быдэ щIыным ехьэлIауэ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд адыгэ лъэпкъым и лъагъуэр къэзыгъэнэху вагъуэм хуэдэу щытыныр гукIэ къыхихащ, абы пэжагъ хэлъуи толажьэ.
Гъатхэпэ мазэм и кIэм Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъуам теухуауэ, си щхьэкIи си лэжьэгъухэм я цIэкIи сохъуэхъу и узыншагъэмрэ жыджэрагъымрэ хэмыщIу илъэси 100-м нэсыну!