Псапэщ икIи гуапэщ

 Дыкъэзыухъурейхь дунейм цIыхум нэхъ лъапIэ тету къыщIэкIынкъым. Гугъуехьым пэщIэхуа цIыхум гущIэгъу, гулъытэ хуэпщIу уигурэ уи псэрэ къыбгъэдэкIыу зыщIэбгъэкъуэныр, абы удэIэпыкъуныр псапэщ икIи гуапагъэщ.

Дагъыстэным къыщыхъуа гузэвэгъуэм цIыху минхэм я унэ лъапсэр зэтрикъутащ, зи Iыхьлы зыфIэкIуэдахэри щыIэщ. Дэ пщэдей къытщыщIынур тщIэркъым. Апхуэдэ гуауэ зылъыса цIыхухэм дауэ уадэмыIэпыкъунрэ?! Ижь-ижьыж лъандэрэ къыддогъуэгурыкIуэ зым адрейм зыщIигъэкъуэныр. «ЦIыхур цIыху щIыжщ», - жиIакъэ пасэрейм. Алимэ Аллэ зи пашэ гупым къэхъуа-къэщIар зэрызэхахыу Iуэхум яужь ижьащ.

Япэрауэ, езым теухуауэ. Аллэ Хэкум и хъумакIуэхэм я унагъуэхэм я урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщIщ. КъБР-м щыщу дзэ Iуэху хэхам хэт ди зауэлIхэмрэ зи щхьэгъусэ, зи бын хэкIуэдахэмрэ я унагъуэхэмрэ Аллэ, гупышхуэ зэхишауэ, зэрахузэфIэкIкIэ ядоIэпыкъу. Абы и IуэхущIафэ дахэр зи гум дыхьэ дэтхэнэри гъусэ къыхуохъу, псапэ ящIэну къыкъуоувэ.

Мы зэманым Аллэ зэхиша гупым лъэкI къамыгъанэу яужь итщ ди гъунэгъу республикэм къыщыхъуа гузэвэгъуэр зыжъэхэуахэм папщIэ ди  къуажэдэсхэм, къалэдэсхэм кърашалIэ хьэпшыпхэр псынщIэу абыхэм зэрылъагъэIэсыным. Ди цIыхухэм зэхуахьэс ерыскъыхэкIхэр, щыгъынхэр, тепIэнщIэлъынхэр. Зи гугъу тщIы Iуэхум къыхыхьэр мащIэкъым. Гузэвэгъуэр къыщыхъуа щIыпIэм тIэу яшащ зэхуахьэсар, иджыри кIуэну загъэхьэзыр.

ПсапащIэ гупыр Аллэ зэрызэхишэрэ илъэсищ мэхъури, дэнэкIэ сыт къыщыхъуми жыджэрагъэ къыщагъэлъагъуэ, яхузэфIэкI ялэжъ. Псалъэм папщIэ,

Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ дзэ Iуэху хэхам хэт ди сэлэтхэм папщIэ, хузэхуахьэс хьэпшыпхэр мазэм хуэзэу тIэу-щэ щашэ къохъу.

      КЪАНКЪУЛ Раисэ.

Поделиться: