ЩIэныгъэм и къигъэхъуапIэТхылъымрэ ар зытхым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэр 1996 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс къэс мэлыжьыхьым и 23-м ягъэлъапIэ. Унафэр къащтат щэнхабзэм дегъэхьэхынымрэ зегъэужьынымрэ, апхуэдэуи тхылъхэр щIэныгъэм зегъэубгъунымкIэ IэмалыфIу зэрыщытыр къэлъытауэ. 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдагъэкIащ щIыналъэм, абы и цIыхухэм епха тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщщ: «Зэгъусэу накIуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэ-лъахэхутэ гъуэгугъэлъагъуэ гъэщIэгъуэн» тхылъыр (IыхьитIу зэхэтщ). Ар я IэдакъэщIэкIщ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ. Тхылъым къызэщIеубыдэ республикэм и зыгъэпсэхупIэхэм ятеухуа тхыгъэхэр, гукъэкIыжхэр, сурэтхэр (2000 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ къиубыду). Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм нэгъуэщI лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэри къыщыдэкIащ. Апхуэдэщ: «Кавказым щекIуэкIа зауэм и хроникэ»; «Адыгэ таурыхъхэр»; «Шинкубэ Бэгърат. «ЖылакIэ» (тхыдэ роман); «Къармокъуэ М. М. Щихухэр иджыри мэкI» (дилогием къыпызыщэ); Айунц К. И. «Уштулу: у гнезда бородача»; «Внутренний огонь. Актёр, журналист Iусейн Олег и фэеплъу»; «Къэбэрдей-Балъкъэр: телъыджэхэм я щIыналъэ. Гъуэгугъэлъагъуэ». РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэхэм я щIэныгъэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъщ «Къэбэрдей-шэрджэс, къэрэшей-балъкъэр литературэхэм я бзэм я иджырей щытыкIэр» зыфIащар. Абы щызэпкърыхащ адыгэбзэмрэ къэрэшей-балъкъэрыбзэмрэ джыным епха гугъуехьхэр, зызыужь дунейм лъэпкъыбзэхэр дэгъуэгурыкIуэфыным ехьэлIа Iуэхухэр. «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр европей щэнхабзэмрэ жылагъуэ зэхэщIыкIымрэ (историографие, источниковедческэ лъэныкъуэхэр). IV Iыхьэ. Фридрих Антон Коленати. Черкесием теухуа гъуэгуанэ тхыгъэ». Тхылъыр зэхагъэуващ икIи пэублэ тхыгъэр ягъэхьэзыращ Дзэмыхь Къасболэтрэ Абей Iэсиятрэ. КъыдэкIыгъуэм итщ XIX лIэщIыгъуэм псэуа европей зыплъыхьакIуэм Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм ядилъэгъуауэ итхыжахэр. КъищынэмыщIауэ, 2025 гъэм тхакIуэ, журналист Къудей Владимири щIэупщIэ зиIэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ: «Личность и время». Тхылъыр теухуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ унафэщIхэм - Къалмыкъ БетIал деж къыщыщIэдзауэ ди зэманым къэсыху. Журналистыр хоплъэ политикэ лэжьакIуэхэм я гъуэгуанэм, абыхэм я унафэхэм, республикэм зегъэужьыным хуащIа хэлъхьэныгъэм. Налшык дэт «Принт-центр» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ. «Во имя торжества демократии». Лэжьыгъэр топсэлъыхь Къэбэрдей-Балъкъэрым и хэхакIуэ системэм и тхыдэм, ар зэрызэфIэувам, зэрызиужьам. Тхылъыр КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и лъэIукIэ игъэхьэзыращ. «Терчанка». Тхылъыр ятеухуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Тэрч районым щыщ бзылъхугъэхэм. НапэкIуэцI 892-рэ хъу тхылъым лэжьакIуэ мини 9-м щIигъум я гугъу щещI. Абы щытопсэлъыхь Къэбэрдей ЦIыкIум ипхъу уардэхэм, совет лъэхъэнэмрэ абы иужь илъэсхэмрэ къэрал, жылагъуэ саугъэтхэр зыхуагъэфэща цIыхубзхэри, бын куэд зиIэ анэхэри, жылагъуэ-политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэри, нэгъуэщIхэри яхэту. Тхылъыр щIэджыкIакIуэ куэдым тещIыхьащ, ауэ псом хуэмыдэу къащхьэпэнущ архивым и лэжьакIуэхэм, тхыдэтххэм, къэхутакIуэхэм, егъэджакIуэхэм. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и профсоюзхэр: дыгъуасэрэ нобэрэ». Тхылъым кIэщIу къыщыгъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и профсоюзхэм я тхыдэр къыщызэрагъэпэща махуэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым. Апхуэдэу абы итщ профсоюз лэжьакIуэ жыджэрхэм ятеухуа хъыбархэмрэ сурэтхэмрэ. 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм ящыщу зи лэжьыгъэ къыдэзыгъэкIауэ и цIэ къиIуапхъэщ ХьэкIуащэ Мадини - «Дружба народов» журналым къытрадзащ абы и «Страна Насып» повестыр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм тхылъымрэ ар зытхымрэ гулъытэ хэха щыхуащI. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм литературэмрэ гъуазджэмкIэ и къэрал саугъэтыр илъэс зыбжанэ хъуауэ щIыналъэм щат, тхакIуэхэм я пщIэр къаIэту. Ар хуагъэфащэ мыхьэнэшхуэ зиIэ тхыгъэхэр къызэрыдагъэкIымрэ республикэм и щэнхабзэм зегъэужьыным хуащI хэлъхьэныгъэмрэ къалъытэу. Псалъэм къыдэкIуэу, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэри йогугъу тхакIуэхэм зэрызащIигъэкъуэным - зэхыхьэхэр, литературэ пшыхьхэр, зэпеуэхэр къызэрегъэпэщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ, дауи, къалэмыр зыгъэунэху ныбжьыщIэхэм я совет къызэрызэрагъэпэщами. Къыхэгъэщыпхъэщ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр иджы къытрагъадзэ зэрыхъунур зэгухьэныгъэм къыдигъэкI Литературэ газетым. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




