ПэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ зэфIагъэкIхэр

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэрэдж Ищхъэрэ - Жэмтхьэлэ - Сукан-Суу автомобиль гъуэгум зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм щыпащэ. Абы къызэщIаубыдэ Шэрэдж Ищхъэрэ, Псыгуэнсу къуажэхэр зэпызыщIэ, километри 5,3-рэ зи кIыхьагъ щIыпIэр. Район мыхьэнэ зэриIэм и мызакъуэу а гъуэгум республикэм и хьэщIэ куэд щызокIуэ, абы къыхэкIыуи, ар щыIэ мардэм хуагъакIуэ.

НобэкIэ гъуэгум асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэ, иужькIэ, етIуанэу, иджыри зэ ирикIуэжынущ. Абы къыдэкIуэу, лэжьакIуэхэм гулъытэ хэха хуащI гъуэгубгъум иIэ лъэс лъагъуэхэм. Ахэр псори хуэгъэпсащ цIыхухэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным. Абы къыхэкIыуи, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, дамыгъэхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм гъэмахуэм зэфIагъэкIыну мурад щыIэщ.

 Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI Налшык, Май къалэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгум щыщ щIыпIэми. Чернэ Речкэ къуажэм деж къыщыщIедзэри, Май районым и гъунапкъэм нэсыху ар макIуэ икIи километри 6 и кIыхьагъщ. Апхуэдэуи, абы ухуешэ иужьрей илъэсхэм туристхэм кIуапIэ ящIа Шато-Ерчэн уардэунэм.

 А щIыпIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм хиубыдэу гъуэгу щхьэфэр тратхъунщIыкIри, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэн щIадзащ.

Мыбдежми, цIыхухэм я шынагъуэншагъэм егупсысу, дамыгъэхэр, къэухьхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ.

Налшыкрэ Май къалэмрэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгум къэрал мыхьэнэ иIэщ икIи «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр 2019 гъэм ирагъэжьауэ нобэми пащэ.

Автомобиль гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ я мызакъуэу республикэм гулъытэшхуэ щыхуащI курыт еджапIэхэр зэIузэпэщ щIыным, ахэр зыхуей хуэгъэзэным. ЖыпIэнурамэ, Лэскэн щIыналъэм и Урыху къуажэм и школ №1-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. ЕджапIэр щаухуауэ щытар 1982 гъэрщ икIи псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 6400-рэ еубыд. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

Школым и унащхьэр, щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъэзэнущ. ИужькIэ, иджырей оборудованэхэр пэш еджапIэхэм щIагъэувэнущ. Ауэ, лэжьыгъэхэр абы щрагъэкIуэкIыхукIэ, школым щеджэхэм ящыщу еджакIуи 140-р курыт еджапIэ №2-м ягъэкIуэнущ, иджыри 60-р сабий сад №1-м щрагъэджэнущ.

 Спорт ухуэныгъэхэми я нэIэ щытрагъэтщ республикэм. ЩIыналъэхэм я къуажэхэмрэ къалэхэмрэ дэнэ щIыпIэкIи ахэр щаухуэ е къыщагъэщIэрэщIэж. Псалъэм къыдэкIуэу, Бахъсэнёнкэ къуажэм нобэ щаухуэ спорт комплексым лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI. Ахэр ирагъэкIуэкI «Къуажэ щIыпIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.

 Псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 1200-м щIигъу зыубыдыну ухуэныгъэр къатитIу зэтетынущ. НобэкIэ лэжьакIуэхэм унащхьэр зэрытралъхьэнум зыхуагъэхьэзыр, псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр яукъуэдий.

 Спорт комплексыщIэр иджырей спорт обрудованэхэмрэ IэмэпсымэхэмкIэ, тренажерхэмкIэ зэпэщ хъунущ. Гулъытэ хуащIынущ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэми: абыхэм екIуэлIапIэхэр, дэкIуеипIэхэр, тетIысхьэпIэхэр, н.къ. щхьэхуэу хуащIынущ.

Лэжьыгъэхэр мы гъэм фокIадэм зэфIагъэкIынущ. Абы ирихьэлIэуи къедза щIыпIэр зыхуей хуагъэзэнущ, теплъэ дахэ иратынущ.       

 ЩЭУЕЙ Болэ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: