Фэеплъыр хъумэныр къалэнышхуэщХэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм фашистхэмрэ абыхэм я дэIуэдэжэхэмрэ лей зраха совет цIыхубэм и фэеплъыр хъумэнымкIэ зыуэ щыт Iуэхугъуэхэм я махуэм ирихьэлIэу КъБР-м и Архив къулыкъущIапIэм иджыблагъэ зэIущIэ щекIуэкIащ, тхыдэм щыщ хъужа Iуэхугъуэхэм я мыхьэнэр зэрымыкIуэдыр, абыхэм я джэрпэджэжыр иджырей гъащIэми щызэхэпхыу зэрыщытыр, дерс къыхэхын зэрыхуейр щызэпкърахыу. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщар КъБР-м Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, зэпыщIэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и Архив къулыкъущIапIэмрэщ. Абы кърихьэлIащ къулыкъущIэхэр, хэгъэгумрэ щIыналъэхэмрэ къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я журналистхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. Зэхуэсыр къызэIуихащ КъБР-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, зэпыщIэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гилиев Мурат. Ар тепсэлъыхьащ къыдэкIуэтей щIэблэр гъуэгу захуэ тегъэувэным и IуэхукIэ тхыдэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм, блэкIам и дерсхэм ахэр Iэмалыншэу щыгъэгъуэзэн зэрыхуейм. – Дунейм лъэпкъыу тетыр зэрыпсалъэ бзэкIи, зэрахьэ щэнхабзэкIи, къадэгъуэгурыкIуэ динкIи, уеблэмэ теплъэкIи зэщхьэщокI. Ар ижькIэрэ къекIуэкI щытыкIэщ. Къапщтэмэ, ЩIы хъурейм щыпсэу лъэпкъым апхуэдиз зэщхьэщыкIыныгъэр ди беигъэу къэтлъытэн хуейщ. Iэмал диIэщ лъэпкъхэр зэдгъэцIыхуну, я бзэхэр зэдгъэщIэну, щыIэ щэнхабзэхэм зыщыдгъэгъуэзэну. Ауэ зыр къызэрыпщхьэщыкI нэщэнэр икIагъэу къэплъытэ щыхъуам деж гузэвэгъуэшхуэщи, абы кърикIуэнкIэ хъуну шынагъуэхэр зылъэIэсынур цIыху щхьэхуэхэм я закъуэкъым, ахэр лъэпкъ зэхущытыкIэхэм нэсыныр зыхуэIуа щыIэкъым, я зэхуакум къайгъэ къыдилъхьэу, зэгурымыIуэныгъэхэр къыдигъахъуэу. Аращ ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм и лъэхъэнэм къэхъуари. ФашизмкIэ зэджэ гупсысэкIэм къихьащ лъэпкъ зэхэгъэжыр, зым зыужьыныгъэ лъагэ игъуэтарэ адрей къыкIэрыхуауэ лъахъэ хъууэ къалъытэ хъуныр. Зы щIыпIэм къыщежьэри, дуней псор къызэщIиубыдащ, мелуанхэр бэлыхьлэжьае мыухыжхэм хидзэу. Ди хэгъэгум щекIуэкIа лъыгъажэ зауэм цIыхубэр щIызэкъуигъэувар тепщэ хъуну хэт гупсысэкIэм цIыхур илъагъу зэрымыхъур къазэрыгурыIуарщ, ар я гущIыIум къихьэмэ, къэрали лъэпкъи щымыIэжу кIуэдынкIэ шынагъуэр къазэрылъыкъуэкIар зыхащIати аращ. Ди къалэн нэхъыщхьэм хохьэ апхуэдэ гузэвэгъуэ къэмыгъэхъужыныр, зэрытлъэкIкIэ къытхукъуэкIынкIэ хъуну апхуэдэ щытыкIэ бзаджэхэм дапэщIэтыныр. Сыт хуэдиз лэжьыгъэ абы хуэгъэзауэ емыкIуэкIми, къалэнышхуэ зи пщэ къыдэхуэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэрщ. Журналистхэр блэкIа Iуэхугъуэхэм зэпымычу тепсэлъыхьын, абы къыхэтхыпхъэ дерсхэм гулъытэ хэха хуегъэщIын хуейщ. Хэку зауэшхуэм и дерсхэр абы и IуэхукIэ тегъэщIапIэшхуэщ, – жиIащ Гилиев Мурат. Архив къулыкъущIапIэм и унафэщI Пщыбий Анзор тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр 1942 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къыщегъэжьауэ 1943 гъэм и щIышылэ пщIондэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яубыдауэ зэрыщытам. – ЩIыналъэр бийм къыIэщIахыжа нэужь, нэмыцэхэм зэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэхэр къэзыхутэ, лажьэ ямыIэу ягъэкIуэдахэм я Iуэхур зэхэзыгъэкI къэпщытакIуэ гуп къызэрагъэпэщауэ щытащ. ЩIэх дыдэ абы зэхуихьэсат напэкIуэцI мин бжыгъэ зыбжанэ хъу щыхьэтыгъэхэр, дэфтэрхэр, сурэтхэр. Абы къищынэмыщIауэ, а гупым зэригъэуIуащ хэгъэгум ит, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэу фашистхэм зэтракъутахэм я щытыкIэ пэжыр къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэ куэд дыдэ. Апхуэдиз тхылъым щыщ Iуэхугъуэ зыбжанэт къытрадзауэ щытар, ауэ а мащIэ дыдэми нэрылъагъу ящIат щIыналъэр зыубыдыну хэта зэрыпхъуакIуэхэм фIы зи цIэ ягу зэримылъар, мыбдеж щыпсэу лъэпкъхэм ахэр зэрыхуэмеяр, ахэр ирагъэкъэбзыкIыу щIым и хъугъуэфIыгъуэхэр зыIэрагъэхьэну зэрыхэтар. Сыт хуэдиз илъэс дэмыкIами, дэ а блэкIам захудогъэзэж, нобэ дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр къызыхэкI щхьэусыгъуэхэр къыщытлъыхъуэм деж, абыхэм дахуоплъэкIыж. Сыт щхьэкIэ? Ди цIыхубэм ТекIуэныгъэ иныр къыдихын папщIэ, уасэшхуэ зэрыщIитар ди щIэблэм ящыдмыгъэгъупщэн щхьэкIэ, – жиIащ Пщыбий Анзор. КъБР-м и ХейщIапIэ Нэхъыщхьэм 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къищта унафэм ипкъ иткIэ, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм фашистхэм зэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэр цIыхубэм лей ирахауэ е геноцид иращIылIауэ къэлъытэн хуейщ. ХейщIапIэм зэIущIэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ, а гупсысэр зэрызахуэм шэч къыщIытумыхьэжын щыхьэтыгъэхэр зэригъэуIун папщIэ. Къыхэгъэщын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу фашистхэм лажьи хъати зимыIэу цIыху миниплIым нэблагъэ зэраIэщIэкIуэдар. Мис абыхэм я фэеплъыр хъумэныр къалэнышхуэщ. ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




