ХъыбархэрНэгъабэ елъытауэ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу къыщрахьэлIэжам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр аргуэру иубыдащ. ЖыпIэнурамэ, ди республикэм нэгъабэ щызэ щIакъуэжащ псори зэхэту тонн мелуан 1,103-рэ икIи абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 7-кIэ нэхъыбэщ ар. Къэбгъэлъагъуэмэ, УФ-м пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу псори зэхэту нэгъабэ щызэщIакъуэжам и процент 23-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос, е къэралым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм кърахьэлIэжам и процент 36-м нэблагъэр. Илъэс блэкIам абыхэм псоми зэхэту тонн мин 746-рэ ди щIыналъэм къыщыпачыжащ. Республикэм и мэкъумэш хозяйствэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм хохьэ жыг хадэ гъэкIын IэнатIэр икIи гулъытэ хэха ди деж щыхуащI зэпытщ. Абы и щыхьэтщ илъэс къэс жыг хадэщIэхэр зэрыщагъэтIысыр, иджырей технологиехэр жыджэру къызэрыхашэр, а псом къадэкIуэу, гъавэ бэв къызэрырахьэлIэжыр. ХэдахэкIыр яхуобагъуэ 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ бэдрэжану къагъэкIащ (губгъуэхэми хуабэщхэми къыщагъэхъуар зэхэту) тонн мин 266,7-рэ икIи абы ипэ ита илъэсым нэхърэ проценти 8-кIэ нэхъыбэщ ар. Республикэм хадэхэкIыу щызэщIакъуэжым и процент 57-р бэдрэжаным еубыд. Къэдгъэлъагъуэмэ, хадэхэкIыу псори зэхэту тонн мин 466,8-рэ ди щIыналъэм къыщрахьэлIэжащ нэгъабэ. 2024 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ процент 1,2-кIэ ари нэхъыбэщ. Мэкъумэш къэкIыгъэхэм ящыщу бэдрэжаным гулъытэ нэхъыбэ ират, губгъуэхэми хуабэщхэми къыщагъэкIахэм я куэдагъым илъэс къэс зэрыхэхъуэм щхьэкIэ. КъищынэмыщIауэ, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм къэбыстэу тонн мин 47,2-рэ кърахьэлIэжащ нэгъабэ е 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 45-кIэ нэхъыбэ. Къэбыстэ пасэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми щащIэ, ауэ нэхъыбэу абы щегугъур Май (тонн мин 12-м нэблагъэ), Прохладнэ (тонн мин 11,3-рэ), Iуащхьэмахуэ (тонн мини 7-м нэблагъэ), Шэрэдж (тонн мини 5,8-рэ) районхэрщ. А къэкIыгъэм щыщу КъБР-м къыщрахьэлIэжым и процент 75-м щIигъур а плIым къалъос. Къэбгъэлъагъуэмэ, къэбыстэр нэхъыбэу зыщIэр унагъуэхэрщ: псори зэхэту кърахьэлIэжым щыщу тонн мин 30,7-р абыхэм яIыгъщ е процент 65-р. Мыдрейуэ, джэш хъурейуэ нэгъабэ зэщIакъуэжар проценти 8-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм елъытауэ е тонн мин 17,2-рэ хъуащ. Хуабэщым къыщагъэкIа нащэм и куэдагъми проценти 2-кIэ хагъэхъуащ икIи тонн мини 6-м ар нызэрыхьэсащ. БжьынымкIэ, бжьыныхумкIэ, жэгундэмкIэ бжыгъэ хъарзынэхэр щыIэщ. Ахэр псори щыхьэт тохъуэ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм шэщIауэ зэрызиужьымрэ хадэхэкIым и куэдагъым илъэс къэс зэрыхэхъуэ зэпытымрэ.
Уасэм къагъэлъагъуэ Росстатым къызэритамкIэ, 2026 гъэм и мазаем Къэбэрдей-Балъкъэрым уасэхэм щыхэхъуащ процент 1,10-кIэ абы ипэ ита мазэм елъытауэ. Илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, инфляцэр проценти 5,80-м нэсыху республикэм ар щехащ икIи УФ-м ику иту щыщыIэм нэхърэ нэхъ мащIэщ (проценти 5,91-рэ). Мазаем нэхъыбэу хэхъуащ ерыскъым и уасэм. ЦIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэри нэхъ лъапIэ хъуащ а пIалъэм къриубыдэу. Мыдрейуэ, хьэпшыпхэм я уасэм зэрыхэхъуа щыIэкъым. Апхуэдэу щыхъукIи, абыхэми ерыскъыми я уасэм илъэсым къриубыдэу зэрыхэхъуам и куэдагъыр нэхъ мащIэщ, щIыналъэм щыщыIэ инфляцэм елъытауэ, ауэ Iуэхутхьэбзэхэм яйр нэхъ лъагэщ. Илъэсым и лъэхъэнэхэм къежьэ пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI, н.къ. хэмыту, мазаем уасэхэр дэкIуеящ щIышылэм елъытауэ икIи ар къызыхэкIар, хьэпшыпхэм, ерыскъым, Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр зэрыдрагъэкIуейм щхьэкIэ щыIэ налог, административнэ «текъузэныгъэхэр» къызэрагъэлъэхъшарщ. Апхуэдэуи, абы сэбэп хуэхъуащ языныкъуэ продукцэхэм я щIэупщIэм зэрыкIэрыхуамрэ языныкъуэхэми зэрыхэхъуамрэ. КъищынэмыщIауэ, Урысей Банкым и Ипщэ управленэм къызэритамкIэ, 2022 гъэм щегъэжьауэ Кавказ Ищхъэрэм щыщыIэ инфляцэм (процент 11,62-рэ) щыкIэрыху зэпытщ. 2024-2025 гъэхэм ар проценти 5,38-м нызэрыхьэсащ икIи УФ-м ику иту щыщыIэм нэхърэ нэхъ мащIэщ ар – проценти 7,76-рэ.
Мы гъэм зэрагъэпэщыжынущ Шэджэм щIыналъэм ХьэцIыкIум и цIэр зезыхьэ и сымаджэщ нэхъыщхьэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI. 1980 гъэм яухуауэ щыта унэм мыпхуэдэ Iуэхугъуэ инхэр япэу къыщрахьэжьауэ аращ. Ар зи фIыгъэр «ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр» лъэпкъ пэхуэщIэмрэ «ЦIыхухэм япэу зызыхуагъазэ медицинэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэмрэщ. НобэкIэ, сымаджэщым и унащхьэр, инженер коммуникацэхэр къанэ щымыIэу зэрахъуэкIащ, IуплъапIэр зыхуей хуагъэзащ. Иджыпсту пэшхэр къращIыкI, ахэр нэхъ Iэхуитлъэхуит ящI. КъищынэмыщIауэ, неврологие къудамэр щылэжьа, къатитIу зэтет унэжьым къыщIагъэкIынурэ стационарым ягъэIэпхъуэнущ. ФIагъ лъагэ зиIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм хуащIэн папщIэ щыIэ мардэм ар къызэримытIэсэжрэ куэд щIат. Узыншагъэр къыщапщытэ, иджырей оборудованэхэр зыщIэт пэш зэхуэмыдэхэр сымаджэщым иIэ хъунущ, лифтыр щызэрахъуэкIынущ, дэIэпыкъуэгъу псынщIэхэм щхьэкIэ бгъэдыхьэпIэхэр ухуэныгъэм хуащIынущ. Сымаджэщыр къызыхуэтыншэу эрагъэпэщыжынущ мы гъэм къриубыдэу. Лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ цIыхухэм хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым хэгъэхъуэнымрэ сымаджэхэм я тыншыпIэр къызэгъэпэщынымрэ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




